IэIэткIэ зэхагъэкI![]() 2025 гъэм шыщхьэIум и 18-м щегъэжьауэ «горыроссии.рф»-м и интернет порталым урысейпсо IэIэт щрагъэкIуэкI. Абы къыщыхах къуршхэм я нэхъыфIу къалъытэхэр, къэралым и бгы-лыжэ комплекс нэхъ ин дыдэхэм щегъэжьауэ хьэщIэщ нэхъ цIыкIухэм деж щиухыжу. Бгы-лыжэ комплексхэм ехьэлIауэ IэIэтхэм унэтIыныгъэ 24-рэ къызэщIаубыдэ – цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым къыщыщIэдзауэ абыхэм зыщрихьэлIэ къэхъукъащIэхэр зыхуэдэм нэсыху. Илъэс хъурейкIэ туристхэр езыгъэблагъэ «Iуащхьэмахуэ» курортыр IэIэтым унэтIыныгъитIкIэ хэтщ. Япэр «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и бгы-лыжэ курорт нэхъыфI» зэхьэзэхуэрщ. ЕтIуанэм – «Туристхэм папщIэ Iуэхугъуэ нэхъыбэ щызэхашэ, къыщаIэт бгы-лыжэ курорт» зэпеуэм - япэ увыпIэр иджыпсту щиIыгъщ, а унэтIыныгъэм щхьэкIэ Iэ зыIэтахэм я процент 42-р абы иратауэ. «Iуащхьэмахуэ» курортым щхьэкIэ IэIэтым республикэм щыпсэухэр хэт хъунущ, «горыроссии.рф» сайтыр къагъэсэбэпу. Ар екIуэкIынущ 2025 гъэм жэпуэгъуэм и 15 пщIондэ.
Поделиться:
Читать также:
19.07.2026 - 11:18 →
ЦIыхубэм яхуэгъэза псалъэ
19.07.2026 - 10:01 →
Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж
19.07.2026 - 09:58 →
Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ
18.07.2026 - 13:02 →
КIэлъыплъыныгъэм щIэтщ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
| ||





