Адыгэхэм я псэукIэу, Iуэху зехьэкIэу, гупсысэкIэу щытам нэгъуэщI лъэпкъхэр къехъуапсэрэ щапхъэ трахыу къызэрыгъуэгурыкIуам тхыдэр мызэ-мытIэу щыхьэт техъуэжащ. Псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, хъуэрыбзэхэр, нэщэнэхэр адыгэм езым и дуней еплъыкIэкIэ игъэбелджылыжати, гъащIэм къащыхуэщхьэпэт. Ахэр щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм зэхуахьэсыжауэ тхуахъумэ. Абыхэм ящыщу нобэ фи пащхьэ идолъхьэ нэщэнэхэм я зы IыхьэфI.
Адакъэпщыр фlэбгъэжыжмэ, абы и лъэпкъ псори докlуэдыж, жаlэрт.
Адакъэр бжэlупэм къыIуувэрэ и щlыбыр къэгъэзауэ Iуэмэ, фlыкъым жаlэрт.
Адакъэр Iуэмэ, хъыбар гуэр зэхэтхынущ жаlэрти: «хъер, хъыбарыфl», жаlэрт.
Асмыжыр Iэ сэмэгукIэ бгъэкъабзэрэ уи пIэщхьэгъым щIэбдзрэ угъуэлъыжмэ, узышэнур пщIыхьэпIэу уолъагъу, жаIэрт.
Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну жаlэрт.
Бэдж къожэхмэ, щыгъыныщIэ къыпхохъуэ, жаIэрти, кIэрапIытIэрт.
Бэдж зэуар зы унэ гуэрым кIуэти: «уэ бэдж къоуа?» - жиIэу щеупщIкIэ, «уэ блэ къоуа?» - жиIэу къеупщIыжмэ, бэдж зэуар мыбэгыу къанэу, къемыупщIмэ, бэгыу я гугъэт.
Бэдж цIыкIу ижьымкIэ къеджыхмэ, фIыщ, сэмэгумкlэ щIагъуэкъым, жаlэрт.
Бэджым бадзэ къыIэщIэбгъэкIыну фIыуэ къалъытэрт.
Бэлагъ ятхьэщlтэкъым - сэкlэ яупсырт, ятхъунщlырт. Бэлагъым ебзеймэ, уэлбанэ хъууэ жаIэрт.
БэлагъкIэ уеуэну фIыкъым, жаIэрт.
Бэлагъым егъуртэкъым.
Бэлагъым уебзеймэ, бзэгузехьэ уохъу, жаIэрт.
Бэлагъым хъыджэбз ебзеймэ, и фызышэр уэлбанэ мэхъу, жаlэрт.
Бэрэжьей пщэдджыжьым къэбгъуэта блафэр Iэзэгъуэу ябжырт.
Бэрэжьей ягъэстэкъым, мыфIу ялъытэрти. Бэрэжьей махуэм щыгъыныщIэ ядыртэкъым.
Бещто лъэныкъуэмкIэ зызэIуибзмэ, - уэфIщ, жаIэрт. Бещто уэфIу къепщэмэ, уэлбанэ мэхъу, уэлбанэу къепщэмэ, уэфI мэхъу, жаIэрт.
Бещтоужьыр къепщэмэ, гъэр гъэфI хъунущ, жаIэрт. Бещто щIыбкIэ пшэр къыщытэджмэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Бжэблыпкъым зыкIэрыбгъащIэмэ, тхьэмыщкIагъэ къишэу жаIэрт.
Бжэным и нэр хъурей хъумэ, жэщ хъуауэ жаIэрт.
БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ, жаIэрт. БжэщхьэIум укъелъэну, утетыну, утеIущIыкIыну фIыкъым жаIэрт.
БжэщхьэIум утету е утесу уигу къэкIар мэхъу, жаIэрт.
БжэщхьэIур уи зэхуакуу узэпсэлъэну мыфlу ябжырт.
БжитIым я кум уитыну фIыкъым, жаIэрт.
Бжыхь я зэхуакуу ахъшэ зэIахтэкъым.
Бжьыным фэ куэд трищIэмэ, щIымахуэр щIыIэ мэхъу, жаIэрт.
Бжьыныфэ, бжьыныхуфэ, джэдыкIафэ ягъэстэкъым- тхьэмыщкIагъэ къешэ, жаIэрти.
Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щlагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ, уэсышхуэ щыIэнущ, жаIэрт.
Бжьыхьэм деж, нэху мыщ щIыкIэ, вагъуэбэр пхъэщхьэкIэм и гъунэгъу хъуамэ, пхъэ щхьэкIэр мэдийри, жыгым и хэхъуэныр абы щоувыIэр, тхьэмпэр къыпыхуу щIедзэ,- бжьыхьэм щIидзащ, жаIэрт.
Бжьыхьэм пасэу уэс къесамэ, «гъэм щинэжащ», жаIэрти я жагъуэ хъурт.
Бзаджэр бжэкъуагъым щыщIатIэрт. Ар щыщIатIэкIэ бынжэпкъ цIыкIур егъэзыхауэ щIатIэмэ, и гъащIэкIэ и анэр лъхуэжынукъым, бынжэпкъыp дэгъэзеяуэ щlатIэмэ, фызыр лъхуэрей мэхъу, жаIэрт.
Бзэгу зепхьэну гуэныхьышхуэщ, жаIэрт.
Бзэгу пшхымэ, бзэгузехьэ уохъу, жаIэрт. Бзэгупэр шхэмэ, пцIы къыпкIэралъхьэ, жаIэрт.
Бзу абгъуэм уиIэбэмэ, Iэ бэгу уохъу, жаIэрт.
Бзылъхугъэм кIэпхыныр лъакъуэмкIэ фIахтэкъым, щхьэмкIэ фIах мыхъумэ.
Бзылъхугъэм и щхьэцыпэр щыпагъэлъэтыр махуэм и хэхъуэгъуэмрэ жэщым и хэхъуэгъуэмрэт.
Бзыхьэхуэщlэ бгъэсыну фIыкъым, жаIэрт.
Блэ букIар башыпэкIэ къапщтэу ижь зыщlумыгъэху, жаIэрт.
Блэ зэраукlа башыр къыумыщтэ, жаIэрт.
Блэ куэд зэхэсмэ, я щlагъым налкъутналмэс щlэлъу ялъытэрт.
Блэ къоуар уэ нэхърэ нэхъапэ псы ефамэ, улIэну къафlэщIырт.
Блэр ныкъуэукI пщIауэ къэбгъэнэжыну фIыкъым, жаIэрт.
Блэ щIымахуэм плъагъумэ, Тхьэм ущlелъэlур къыпхуещlэ, жаIэрт.
БлэгущIэм ущlэlэбэурэ бгъэкIылыну фIыкъым, жаIэрт.
Блэгъум уемыгъу - фIыкъым, лыр сэкlэ къыкlэрыбгъэжурэ пшхын хуейщ, жаIэрт.
Блэгъур жьэдумычу хыфlэбдзэну ядэртэкъым.
Блэм уи гъуэгу зэпиупщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Блэм япэ шындырхъуо плъагъумэ, уи Iэпкълъэпкъыр псынщlэу гъэр ибох, жаIэрт.
Блэр къоуауэ умыукlыжу къобзеижмэ, улIэну къафlэщIырт.
Блэрэ хьэндыркъуакъуэрэ зэрубыдауэ лъэщыджэ хуэзамэ, зэкlэрихуу я кумкlэ дэкIыну фlыщ, жаIэрт.
Бостейм е къэпталым и щIыlур зэблэпхыкlамэ, щыгъыныщlэ щыптlэгъэнущ, жаIэрт.
Брулым шибл я гуащlэ хэлъщ, жаIэрт.
Былым букlамэ, уи гъунэгъухэр хэбныну фIыкъым, жаIэрт.
Былым къозытыр щlэмыфыгъужмэ, мэбагъуэ, жаIэрт.
Былымыр, насыпыр къызыдэкlуэр бынырщ, жаlэрт.
Бын зыщIэмыхъуэм и сабийр къыщIэхъуэн папщlэ хьэ цIыкIу дапIырт, «хьэ» хэту цIэ фIащырт: «Хьэгуцырэ», «Хьэзешэ», «ХьэтIутI» хуэдэхэр.
Бын лIа зиIэ анэр мэрем махуэм бзэртэкъым икIи дэртэкъыми.
Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ, жаIэрт.
Вагъуэ убжмэ, убжам и зырыз хьэмцlыракIэ къыптекIэну къафIэщIырт.
Вагъуэбэр гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэхэр псори хохъуэ, жаIэрт.
Вагъуэбэр къыхэмыплъауэ, нартыхум зиIэткъым, апщIондэху хэхъуэгъуейщ, жаIэрт.
Вагъуэбэр щIым зэрынэсу, щIыри псыри мэщтри щIымахуэм щIедзэр.
Вагъуэбэр щIым хэпсэмэ, къэб къуэпсым зедз, жаIэрт.
Вагъуэиж зэралъагъууэ «си мывагъуэу къыщIыкI», жаIэрт.
ВакIуэ удэкIауэ уи вапIэм бжэн къытелъадэмэ,- yrъypсызщ, кхъуэ къытелъадэм,- угъурлыщ - бэв мэхъу, жаIэрт.
Вакъэ лъэныкъуэу шхэртэкъым. Вакъэм зиIубмэ, фIыкъым, жаIэрт.
Вакъэм кърахыжа шабийр бгъэсмэ, ар зи вакъэм илъар лъэужьей мэхъу, жаIэрт.
Вакъэр зэкIэсмэ, уежьэнущ, жаIэрт.
Вакъэр лъэмбыIууэ плъыгъыну фIыкъым, жаIэрт.
Вакъэрэ пыIэрэкIэ хъуахъуэртэкъым.
Вы щIэпщIар къепсмэ, уэлбанэ хъунущи щIэтIыкIыж, жаIэрт.
Вындыжьхэр зэрызехьэмэ, джэгумэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Гыбзэр быным я нэхъ хейм тохуэ, жаIэрт.
ГуэгушыхъуитI зэзауэ зэкIэрахутэкъым, зэкIэрызыхур щхьэузырилэ мэхъу, жаIэрт.
Губгъуэм ит былымыр джэгумэ, дунейр къызэIыхьэнущ - уэлбанэ, уае къэхъунущ, жаIэрт.
Гуэрэфыр узыгъуиблым поув, жаIэрт.
ГунэщIу пщэдджыжьым хьэрыхьуп джэ макъ зэхэпхмэ, укъигъэпцIауэ аращи, а гъэм пцIы къыптралъхьэнущ жаIэрт.
ГунэщIу ужеину фIыкъым, жаIэрт.
Гущэ нэщI щIэбупскIэну фIыкъым, жаIэрт.
Гущэм ин ирагъэгъуалъхьэркъым, фIыкъым, жаIэри. ИтIысхьэми, «си жей къызонэ», - жиIэу къикIыжын хуейщ, жаIэрт.
Гущэм илъ сабийр къыдэгъутхьэреймэ, щIалэ тралъхуэнущ, егъутхьэхмэ, хъыджэбз тралъхуэнущ, жаIэрт.
Гущэм цIыбэ къибнэну фIыкъым, жаIэрт.
Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр xокI, жаIэрт.
ГъавэщIэр зейм япэ Iухуэжмэ, нэхъыфIщ, хамэм Iухуэ нэхърэ, жаIэрт.
Гъатхэ удз къэкIыгъащIэр къипфыщIыкIыну фIыкъым уи адэ и жьакIэ къофыщIыкIыж, жаIэрт.
Гъатхэм жьыр щIым и гуущ, жаIэрт.
Гъатхэм уафэр бзуукъуэкIэ къыщыгъуагъуэрэ уэшхыр къыптешхэмэ, «уэшхым и лъагъуэ дыхъуащ», жаIэр¬ти, гуфIэрт.
Гъатхэм уафэр Iуащхьэмахуэрэ Къаблэмрэ я зэхуакукIэ къыщыгъуагъуэмэ, «уэлбанэр ищхьэм кIуащ».- жаIэрт.
Гъатхэм пасэу уафэр гъуагъуэмэ, «гъэм щинэжащ», жаIэрти, я жагъуэ хъурт.
Гъатхэм япэ плъагъу хьэндрабгъуэм ещхьу уи фэр йокIуэкI, жаIэрт.
Гъатхэм япэу хьэндрабгъуэ плъыжь плъагъуну фIыщ, жаIэрт.
Гъатхэм япэу чыцI плъагъумэ, нэхъыфIщ, щынэ нэхърэ: щынэ плъагъумэ, Iэпкълъэпкъыр хьэлъэу гъэр йокIуэкI, жаIэрт.
Гъэмахуэм псыр фиймэ, зыгуэр псым хэкIуэдэнущ, жаIэрт.
Гъэр гъэфIмэ, пшагъуафэщ, жаIэрт.
Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гуплIэщ, жаIэрт.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкI уи унэ къихьам и Iуэхум уи Iуэхури ирокIуэ, жаIэрт.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм шэджагъуэ пщIондэ уаеу, жьапщэу щытмэ, шэджагъуэ нэужьым уэшх тIэкIу къешхрэ дыгъэ къепсыжмэ, гъэр гъэфI хъунущ, жаIэрт.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым деж уэсыр ебэкIмэ, гъатхей мэхъу, уэфIыр текIуэмэ, гъэфI мэхъу, жаIэрт.