Сэхураныр кърахьэлIэжКъэбэрдей-Балъкъэрым сэхураныр жыджэру щыIуахыж. Республикэм и щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ я администрацэхэм АПК-мкIэ я управленэхэм зэкIэ къызэратамкIэ, гектар мини 2-м псори зэхэту тонн мини 3,3-рэ нобэкIэ къытрахыжащ - зы гектарым ику иту центнер 16,5-рэ хуэзэу. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ зымащIэкIэ ар нэхъыбэщ. Мы гъэм сэхураным щIыуэ ирагъэубыдам и куэдагъыр гектар мин 17-м ноблагъэ икIи илъэс къэс ар зыхащIэм хуэдизу къэнэжащ. А мэкъумэш къэкIыгъэм нэхъыбэу щегугъур Прохладнэ, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Май районхэрщ икIи республикэм щIыуэ абы щыхухахым и процент 80-р а щIыналъиплIым къалъос. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 16:57 →
Лъэпкъыр куэдрэ зэрыгушхуэнщ
13.08.2026 - 15:31 →
Дунейхэр зэпищIэу
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




