КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Прохладнэ къалэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Прохладнэдэс лъапIэхэ!

Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фIыуэ флъагъу фи къалэм и махуэмкIэ, ар илъэс 260-рэ зэрырикъумкIэ.

Дэ псоми фIыуэ долъагъу Прохладнэ къалэр, шэч къытесхьэркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми си псалъэхэр къызэрыздаIыгъынум.

Прохладнэдэсхэми дэркIи нобэрей махуэшхуэр и нэщэнэщ къалэм тхыдэ гъуэгуанэшхуэрэ лэжьыгъэшхуэрэ и щIыбагъ къызэрыдэлъым. Мыбы сытым дежи пщIэ щыхуащI щэнхабзэм, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр щахъумэ, лъэпкъ хабзэр щалъытэ.

Прохладнэ къыдэкIащ щIэныгъэм, щэнхабзэм, спортым, егъэджэныгъэм, цIыхубэ хозяйствэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэр, щIыхь пылъу дзэм къулыкъу щызыщIэхэр.

Мы къалэм щопсэу ныбжьэгъу пэжу щытыф, зи псалъэр зыгъэпэжыф хэкупсэ нэсхэр. Апхуэдэ щытыкIэрщ нобэрей ехъулIэныгъэхэм, зыужьыныгъэхэм я лъабжьэ быдэр.

Прохладнэ къалэми абы щыпсэухэми сохъуэхъу ефIэкIуэныгъэрэ зэIузэпэщыгъэрэ яIэну.  Си гуапэщ къалэм и Iуэхур адэкIи дэкIыну, нэхъыфI, нэхъ дахэ хъуну – дэ псори дызытелажьэр аращи, шэч хэмылъу, ар къыдэхъулIэнущ!

Поделиться: