«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жыджэру щагъэзащIэ. ЖыпIэнурамэ, мы гъэм республикэм къыпэщылъщ объект 22-рэ иухуэну е къигъэщIэрэщIэжыну.
Абыхэм яхохьэ Лэскэн щIыналъэм щыщ Аргудан, Урыху къуажэхэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр щызэгъэпэщыжыныр. Лэжьыгъэр пщэрылъ зыхуащIынум ехьэлIауэ екIуэкIа къызэрыхах зэхьэзэхуэм щытекIуа IуэхущIапIэр мыгувэу и къалэнхэм пэрыхьэнущ.
Псалъэм папщIэ, Аргудан къуажэм Чапаевым, Жанокъуэм, Щхьэгъэпсом, Iэрэмысэм я цIэхэр зезыхьэ, Красноармейскэ уэрамхэм бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, псори зэхэту километри 5,4-рэ хъууэ. А лэжьыгъэхэм хиубыдэу Урыху къуажэми псори зэхэту километри 3,6-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр къыщагъэщIэрэщIэжу щытмэ, къуажитIми зэхэту цIыху 2025-рэ псы къабзэкIэ къызэгъэпэща хъунущ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы махуэхэм щрагъэкIуэкI Прохладнэ щIыналъэм и Янтарнэ жылэм. Абы щызэрахъуэкIыну бжьамийхэм псори зэхэту километри 4-м нэблагъэ я кIыхьагъщ.
Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым щыгъуазэ защIыну а щIыпIэм иджыблагъэ щыIащ Прохладнэ район администрацэм и унафэщI Ломов Максимрэ администрацэм ухуэныгъэмкIэ, архитектурэмкIэ, промышленностымкIэ, энергетикэмкIэ, связымкIэ, транспортымрэ ЖКХ-мкIэ и управленэм и тхьэмадэ Белгъэр Рустамрэ икIи ялъэгъуахэм арэзы техъуащ. Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым дыгъэгъазэм и 31-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
Тэрч щIыналъэм и Терекскэ къуажэми жылэр псы къабзэкIэ къызэзыгъэпэщ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ. Къэрал бюджетым къыхэкIыу абы трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 67-рэ. Лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIынур «Компас» ухуэныгъэ IуэхущIапIэрщ. НобэкIэ, бжьамийхэр зыдалъхьэн щIыуэ метр 2000-м щIигъу датIыкIащ. Ар ирокIуэ Шэшэн, Ингуш, Лыкъуэжьым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм. Пластикым къыхэщIыкIа бжьамийхэр щагъэтIылъынум иджыпсту пшахъуэ щабэхэр тракIутэ. Бжьамийхэр, псыкъуийм ирагъэувэхынухэр, абыхэм я щхьэтепIэхэр а щIыпIэм кърашэлIакIэщ.
Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ дызэрыт илъэсым и дыгъэгъазэм къриубыдэу икIи, абы иужькIэ, псы къабзэ яIэрыхьэнущ къуажэдэс мини 2-м щIигъум.
«Ипэм къыщыщIэдзауэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIымрэ ар щызэфIэкIыну ягъэува пIалъэмрэ лэжьакIуэхэр къыкIэрымыхуным ди нэIэ щIэдгъэт зэпытщ», - жиIащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщI Хъущт Аслъэнбий, а щIыпIэм щыIа нэужь.