Нэгъабэрейм хуэдизщ![]() КъБР-м и Май щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыхур Iуахыжын щIадзащ. Мы гъэм ар тращIащ гектар 5077-м е нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм проценти 105-кIэ хуэкIуэу.
НобэкIэ нартыхур къытрахыжащ гектар 400-м щIигъум, зы гектарым ику иту центнер 60-70 хуэзэу. МэкъумэшыщIэхэм и чазукIэрэ ирагъэкIуэкIа мэкъумэш-техникэ лэжьыгъэхэмрэ дунейм и щытыкIамрэ я фIыгъэкIа мы гъэм кърахьэлIэжыну гъавэм и куэдагъыр нэгъэбэрейм хуэдиз хъун хуейщ.
Жэпуэгъуэм икIэхэм ирихьэлIэу нартыхур къанэ щымыIэу Iуахыжынущ. Апхуэдэуи Май щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэр бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, мэкъумэш къэкIыгъэхэр зыхащIэну щIыр яубзыху, техникэр кърашалIэ.
Поделиться:
Читать также:
12.04.2026 - 12:26 →
Вагъуэхэм пхылъэтри…
12.04.2026 - 10:01 →
Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...
11.04.2026 - 15:14 →
Къэпщытэныгъэр йокIуэкI
11.04.2026 - 13:41 →
Мылъкур зытрагъэкIуадэр
11.04.2026 - 13:14 →
ЕхъулIэныгъэщIэхэм хуопабгъэ
| ||






