Жьы хъуахэм йогуапэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр, «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием и лIыкIуэхэм ящIыгъуу щыIащ Жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я Налшык унэ-интернатым. Ар трагъэхуат   Зи ныбжь хэкIуэтам я дунейпсо махуэм.
Урысей гвардием и дзэ часту Звёзднэ поселкэм щыIэм и оркестрымрэ щIэныгъэ гуэдзэ щрагъэгъуэт центрым щеджэхэмрэ концерт ятащ, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я гукъыдэжыр къаIэту.
Интернатым щыпсэухэм концерт нэужьым ерыскъыхэкIхэр иратащ. 
  - Мыхьэнэшхуэ иIэщ зи ныбжь хэкIуэтахэм уи нэIэ ятетыным. Абыхэм гулъытэрэ пщIэрэ яхуэщIыпхъэщ икIи дэ дыщогуфIыкI абыхэм дазэрегуэпэфам, - къыхигъэщащ Урысей гвардием и щIыналъэ  управленэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мэш Мурат.
  Социальнэ IуэхущIапIэм и администрацэм щыщхэм хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ я нэIэ зытетхэм къыхуащI гулъытэм папщIэ. 
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: