Иджыпсту куэд топсэлъыхь ИИ-м цIыхухэр IэнатIэншэ ищIыным зэрытегузэвыхьым. IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщымкIи, псалъэм папщIэ, бухгалтер, логистикэ IэщIагъэхэм хуэдэхэм, зыгуэрхэр къызэрыщIагъэкIым бжыгъэр и лъабжьэ ящIмэ, нейросетымрэ роботхэмрэ ахэр яубыдынущ.
Ауэ Iуэхур гужьеигъуэу къызэрыпщыхъум хуэдэкъым - цIыхум папщIэ IэщIагъэщIэхэр къэунэхунущ, сыт хуэдэ жыпIэмэ, ноби щIэупщIэ ягъуэту хуежьагъэххэщ нейросетьхэр зэтезыухуэнухэм, компьютер дизайнерхэм, ИИ-р зыгъэлэжьэнухэм. Девгъэгупсысыт: Iэпщэ сыхьэтым цIыхум Iэпкълъэпкъыр а дакъикъэм зыхуэныкъуэ-зыхущыщIэ гуэрхэр къыджиIэу хъуауэ. Псалъэм папщIэ, зэман кIыхькIэ гу лъумытэжу зумыгъэхъейуэ ущысамэ, абы зыкъыуигъащIэрэ укъэтэджын, къэпкIухьын зэрыхуейр къыбжиIэу е уи узыншагъэм и щытыкIэр къипщытэрэ, дохутырым деж хыумыгъэтIасэу укIуэн зэрыхуейр къигъэлъагъуэу.
Нобэ къэухь IэрыщIым и Iэмалхэр сэбэп яхуохъу дохутырхэм (узыфэр зыхуэдэр къащIэнымкIэ), онлайн-тэрмэшхэм бзэ пщIы бжыгъэ зэмылIэужьыгъуэкIэ тхыгъэхэр тхузэрадзэкI, уеблэмэ банкым ахъшэ щIыхуэ къуитыныр зыгъэбелджылыр цIыхуракъым, атIэ компьютерым ар еубзыху. А псоми я лъабжьэр къэухь IэрыщIращ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, илъэси 10 - 15 ипэ, къэухь IэрыщIыр (ИИ) ди гъащIэм къыхыхьэныр фIэщщIыгъуейуэ, абы фильмхэм фIэкIа дыщримыхьэлIэну ди гугъэу щытамэ, иджы тлъагъур сыт: нейросетым «дыдоуэршэр», ИнтернеткIэ зыгуэрхэм дылъыхъуэмэ, дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу, нэхъ дыдэзыхьэх макъамэр, фильмыр къытхухех.
Ауэ мы Iуэхум лъэныкъуитI иIэщи, технологиехэм заужь щхьэкIэ, ар сэбэп пылъу къагъэсэбэпын-къамыгъэсэбэпынми егупсысын хуейщ. Къэухь IэрыщIыр зыгуэрым урикIэлъыплъ хъууэ, пэжрэ нэпцIрэ къыпхуэмыщIэну хъыбархэр зэрыхуейуэ зэхрагъалъхьэу хуежьэмэ - мис абыхэм нэхъ шынагъуэ япылъщи, хабзэ ткIийхэр къагупсысыпхъэу къыщIэкIынщ.
Бжыгъэ технологиехэмрэ Интернетымрэ къыщIэтэджыкIа япэ щIэблэм (Z-кIэ йоджэ) хиубыдэу къалъытэ 1996 гъэм къыщыщIэдзауэ къалъхуахэр. Ахэр зэрысабийрэ гаджетхэр яIыгъыу, социальнэ сетьхэм ису къэхъуащ, къэухь IэрыщIыр я гъащIэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу хэтащ. Нобэ къэухь IэрыщIыр жыджэру къэзыгъэсэбэпхэм ящыщщ егъэджэныгъэ IэнатIэри: онлайн курсхэр егъэкIуэкIыныр, егъэджэныгъэ программэхэр зэхэгъэувэныр, нэгъуэщI куэдкIи ар къагъэIэрыхуэ. Апхуэдэу иджыблагъэ Сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академием щыгъуазэ дыщащIащ мы зэманым ныбжьыщIэхэр къэухь IэрыщIымкIэ олимпиадэм зэрыхуагъэхьэзырым.
Лэжьыгъэ IуэхукIэ дыздэкIуа еджапIэм сыздыщIэтым сегупсысащ: «Сыт хуэдэ Iуэху еплъыкIэу пIэрэ мы псом теухуауэ къыдэкIуэтей щIэблэм езым иIэр? Къэухь IэрыщIыр дауэ къагъэIурыщIэрэ? - жысIэу. Мы еджапIэм щIэс цIыкIухэр зэрыIущми асыхьэту щыхьэт техъуэн срихьэлIащ. Сыздэщытым псэлъэгъу къысхуэхъуа, 10-нэ классым щIэс УнащIэ Темыркъан си упщIэхэр щестым, гуфIэжу абы и еплъыкIэр къысхуиIуэтащ: «Иджыпсту къэухь IэрыщIым мыхьэнэшхуэ зэригъуэтар къегъэлъагъуэ, псалъэм папщIэ, ШколакIуэхэм я урысейпсо олимпиадэм информатикэмкIэ дерсым къэухь IэрыщIым теухуар щIэуэ зэрыхагъэхьам. Абы ипкъ иткIэ, 11-нэ классым щIэсхэр щагъэгъуазэ «ИИ»-м и щIэдзапIэм, и лъабжьэр зыгъэбыдэм, и зыужьыкIэм, хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, - жеIэ щIалэм. - Къапщтэмэ, къэухь IэрыщIыр нобэ ди гъащIэм къыхыхьагъэххэу хэтщ. Псалъэм папщIэ, «Яндекс. Алиса» къэзыгъэсэбэпхэр ди куэдкъэ?! Дунейм и щытыкIэр жедгъэIэу, упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр етту. Ари къэухь IэрыщIым и Iэмалу аращ. ЗэрыфщIэщи, «ИИ»-р медицинэми къегъэсэбэп, абы электромашинэхэр зэрегъакIуэ, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ чэнджэщ къыдетыф, еджэнми сэбэп къыщытхуохъу. Япэм зы Iуэху гуэрым теухуа хъыбар къэбгъуэтын щхьэкIэ Интернетым сайт щэ бжыгъэхэр щыщIэппщытыкIын хуей хъууэ щытамэ, иджы «ИИ»-м си пIэкIэ а псори къипщытэнурэ упщIэм и жэуап нэхъ пэжыр къызитынущ. Пэжыр жыпIэмэ, къэухь IэрыщIыр нэхъ ипэжкIи ди гъащIэм къыхыхьауэ щытащ, ауэ иджыпстущ абы нэхъ псынщIэу зиужьын щыщIидзар. Нейросетым и фIагъхэр къэбгъанэмэ, абы къэкIуэнум лъэпощхьэпо гуэрхэри къишэну къысщохъу. Псом хуэмыдэу абы цIыхухэм я IэнатIэхэр «къаIэщIихынкIэ» хъунущ. Псалъэм папщIэ, цIыху хэмыту нейросетым Iуэхур зэфIигъэкIыфIмэ, абы и улахуэр къыдигъахуэмэ нэхъ къищтэнукъэ ар зыгъэлажьэм?! Сэ сызэреплъымкIэ, иджыпсту къэухь IэрыщIым зэрызиужьым хуэдэурэ екIуэкIмэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу абы и Iэмал псори къытхуэгъэсэбэпу хъунущ. Аращи, абы и лъэныкъуэ псори дджын хуейщ».
Езым сыткIэ ИИ-р зыдигъэIэпыкъуми сыщеупщIым, щIалэщIэм дыщIигъуащ: «Си пэшым «Яндекс.Алиса» колонкэ щIэтщ. Сыкъэуша нэужь, си Iэпкълъэпкъым зыщезгъэукъуэдийкIэ, къэухь IэрыщIым сызыхуей макъамэ жанрыр жызоIэри, ар къысхуегъуэт. Апхуэдэуи дерсыр щысщIыжкIэ, зы упщIэ гуэр къэувамэ, сымылъыхъуэу, мынэгъуэщIу: «Алисэ, сыт хуэдэ лIэщIыгъуэм мыпхуэдэ зауэр екIуэкIат?» жысIэу соупщIри, жэуапыр асыхьэту къызетыж».
Мыпхуэдэ щIэблэ губзыгъэ диIэу, шэч хэлъкъым цIыхумрэ къэухь IэрыщIымрэ зэрызэдекIуэкIыфынум. А тIур екIурэ-ещхьу зэдэлажьэмэ, къару лъэщ хъуну аращ. Къапщтэмэ, роботым сыт ищIэр - мабжэ, къепщытэ, къехутэ; цIыхум - къегупсыс, зыхещIэ, псэ хелъхьэ.
ИИ-р Iэмалщ, абы и фейдэр зэлъытауэ щытынури дэращ.