КъытщIэхъуэ щIэблэм къыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыныр къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ. А къалэныр екIуу зэфэIзых егъэджакIуэхэм Iуэхум лъабжьэ хуащI Хэкум, къыщыхъуа лъахэм, жылэм я тхыдэм ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ хуэщIыныр. Апхуэдэ лэжьэкIэ мардэщ иIэр егъэджакIуэ цIэрыIуэ Щомахуэ Дусэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, унэтIакIуэ IэкIуэлъакIуэм и гъэсэнхэм я гъусэу лъахэхутэ лэжьыгъэ купщIафIэ дапщэщи ирегъэкIуэкI. Абыхэм къахьа щIэныгъэщIэхэм ятеухуа тхыгъэ нэхъапэIуэкIэ тетащ ди газетым. А къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэм къарикIуахэм пыдощэ.
«КIеикъуэ». КIей жыгхэр ипхъауэ изу зыдэт къуэкIийщ ар. Чий ирахурт, матэ цIыкIуи матэшхуи ящIынур абы къыхахыу щытащ. Чы жыхапхъи къыхащIыкIырти, пшIантIэм дэт удз щабэм хэлъ жыг тхьэмпэхэр абыкIэ къыхапхъэнкIыкIырт. Апхуэдэ IэщIагъэ дахэ зиIа Щомахуэ Уэлий илъэс куэдкIэ цIыхухэм сэбэп яхуэхъуу дэсащ жылэм. Ар къуажэ советым и тхьэмадэу лэжьащ. УнафэщI лъэрызехьэт, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэт. И ныбжьыр нэсу пенсэ тIысыжа нэужь, Уэлий КIеикъуэ кIуэрэ чы куэду къишэрэ абы Iэзэу елэжьу щытащ.
Инарыкъуей ЦIыкIу уикIыу Болътей ущыкIуэкIэ, кIэнауэм (водоканалым) ущижкIэ, асфальтым утету умыгъэшу укIуэмэ, КIеикъуэшхуи КІеикъуэ цIыкIуи ухуозэ. Езыр-езыру зэщIэкIэжа мэзщ ар. Пыжь, хьэцыбанэ, мэз кхъужь цIыкIу хуэдэхэр куэду къыщокI.
«Кхъуэбанэ». Ар ЯтIэкъуэ пэгъунэгъущ. А щIыпIэм деж кхъуэбанэ щызу къыщокI. Кхъуэбанэр къыпкIэропщIэ. А щIыпIэми а цIэр къыхуэнащ.
«Лъэпщ и уадэ уапIэ». «Чэщанэжьи» жаIэ «Лъэпщ и уадэ уапIи» хужаIэ щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэу диIэм. ГъукIэ ису щытащ нэхъапэм, ЛъэпщкIэ еджэу. «Лъэпщ и ХьэпцIей кIуэкIэ» жыхуаIэ псалъэжьри къызытекIар а зи гугъу тщIы Лъэпщырщ. Иджыхэми къэптIэщIым чырбыш къыщIокI, якъутэжа чэщанэжьым и щыхьэту. АбыкIэ къуэкIиишхуэ удохьэ - адыгэхэм «къуэ бгъуэжь», урысхэм - «широкая балка» зыфIащам.
«Лъэпщ и кIыщ фIей идзыпIэ». Лъэпщ и уадэ уапIэм пэмыжыжьэу «Лъэпщ и кIыщ фIей идзыпIэ» фIэщыгъэр зиIэ щIыпIи диIэщ. Мо кIыщым къыщIидза фIамыщI сахуэхэр щызэтетхъуа Iуащхьэщ ар.
«Псы щхьэл». Мывэ щхьэлым нэмыщIкIэ, псы щхьэли дэтащ. Ар Акъбащыпсым игъэлажьэу щытащ, Iус ихьэжу. Къуажэдэсхэр нэгъуэщI щIыпIэ мыкIуэу Іэщ зыгъашхэми джэдкъаз зиIэми, а псы щхьэлыр хуабжьу къахуэсэбэпырт. Ари якъутэжащ.
«Псынэ». Псы къыщIэжыпIэ иIэт, Акъбащ псыхъуэм узэпрыкIмэ. А псым зигъэшырти, БорыкъуейкIэ ежэхырт. Абдеж къуажэдэсхэр щыжьыщIэу щытащ. А псыр апхуэдизкIэ къабзэт икIи IэфIти, уефэну уасэ иIэтэкъым.
«ПсыпцІэ». Къуажэбгъум, иджырей еджапIэр здэщытым деж, иIа псыпцIэр хуабжьу къагъэсэбэпырт цIыхухэм. Унэ блыныр зэфIагъэува нэужь, абы унащхьэу тралъхьэрт псыпцIэм къыщыпаупщIа къамылыр, бгъэн ящIыжурэ.
«Умархэ я Iуащхьэр». Къуажэ сабийм я зэхуэсыпIэт а Iуащхьэшхуэр. Ар иджыри Умар Iэмырхэ я хадэкум итщ. Зы цIыхум ищIэркъым а Іуащхьэр зищIысыр. Абы щIэлъIами зыри щыгъуазэкъым. Иджыпсту ар зи лъапсэ Умар Iэмыр и адэшхуэм и адэжыр абдеж щыпсэуащ. ЩIымахуэр иджы хуэдэу уэс мащIэ фIэкIа къемысу щытакъым. ДэнэкIи уэс куу телъащ. НыбжьыщIэхэри сабийхэри щызэхуэсырти, джабэм Іэжьэ цIыкIукIэ къежэхырт. Къуажэр къызэрымытIысрэ щыт а Іуащхьэм и хъыбарыр зыми ищIэу къахуэгъуэтыркъым.
АтIэми, зэрыжаIэжымкIэ, мы Іуащхьэм деж Умархэ я дадэр «былым дэзгъэкIми сытми, Iуащхьэм сыдэкIуейм псори слъэгъунущ», - жиIэри Іуащхьэм и гъунэгъуу тIысауэ аращ.
«УнапIэжь» («Жын джэгупIэ»). «Лъэпщ и уадэ уапIэм» и дежкIэ щызэтелъхьауэ зы унапIэжь гуэр иIэу щытащ. Ауэ Хьэщэ Заудин зэрыдигъэтхамкIэ, «УнэжькIи» йоджэ абы. ЗекIуэ кIуэхэр а унэм щыблэкIкIэ, абдеж къыщыувыIэу щытауэ жаIэ. Щоджэн Хьэзешэ зэритхыжам тепщIыхьмэ, абдеж къыщыувыIа зекIуэлIхэр жейм хилъасэрти, моуэ зы къуажэ гуэр къыщыхута хуэдэу, абы ахэр ирагъэблагъэрэ шыгъупIастэкIэ къапежьэу, джэгушхуэ хузэхашэрэ хьэщIагъэ ин кърахыу щытауэ хъыбарым хэтщ. Зызэман зыщIыпIэ деж щыукIурийкIэ, мо жейм хилъэсар къызэщыужырт, жаIэ. Иджы а щIыпIэм «Жын джэгупIэкIэ» йоджэ, апхуэдэу хэт къыщыувыIэми, жейр къытекIуэрэ пщыхьэщхьэм хилъэса нэужькIэ, жынхэр къыпежьэрэ, а цIыхур ягъэундэращхъуэу, и псэм гузэвэгъуэ къытралъхьэу къагъэуджу, къагъафэу зэрыщытам щхьэкIэ. УнапIэжьым деж пэмыжыжьэу щытщ а жын джэгупIэр, Iуащхьэ дэкIыпIэм деж.
«Шляпэ». Тамбовскэ кхъуэщын завод щытащ а фIэщыгъэр зиIэ лъагапIэ цIэрыIуэм деж. Зэман дэкIри, чырбыш заводыр зэтрахыжащ. Ар щакъутэжым щыгъуэ чырбыш къэнахэр, къутахуэ къомыр щIэлъу бгы къэунэхуащ, цIыхухъу пыIэм - шляпэм - ещхьыркъэпсу. Абы лъандэрэ а бгым «шляпэ» фIэщыгъэр игъуэтауэ апхуэдэу йоджэ. А къуажитIым - Инарыкъуей ЦIыкIумрэ Тамбовскэмрэ - я щIыпIэм деж щыт джабэращ псом нэхърэ нэхъ лъагэ дыдэр.
«Шляпэ». (2-нэ вариант). «Шляпа» жиIэу бгы Іуащхьэ диIэщ. Абы адыгэбзэкIэ цIэ иIэщ «Мывэр къыщалъхуа лъэгу» жиIэу. Мы фIэщыгъэр илъэс мин бжыгъэкIэ абы щекIуэкIа биологие, физикэ Iуэхугъуэ гуэрхэм епхауэ къыщIэкIынущ. ЩIыр хъейри, и зэхуакум къыдэкIащ бгы Іуащхьэ. Ауэ ар мывэ хуэдэу, мывэжьу къащыхъуа хъунщ цIыхухэм а лъэхъэнэм: «Мывэжьыр къыщалъхуа лъэгу» фIэщыгъэри иратащ.
«Щхьэлыжь». Инарыкъуей ЦІыкIу дэтащ а щхьэлыжьыр. Гуэдз хьэжыгъэ хужь, фIагъ лъагэ иIэу къыщIигъэкIыу, хуэнщIейрэ хьэжыгъэ хужьрэ зэпидзу щытащ.
«ЩхьэлыпIэжь». Иджыпсту Тубейхэ Славик и унагъуэр зэрысымкIэ дурэшым удэкIмэ, щхьэлыпIэжьым урохьэлIэ. Абдеж хъумапIэ унэшхуэ иту щытащ. Псым игъэлажьэ щхьэлым Къугъуэлъкъуей, Анзорей нэс къикIрэ цIыхухэр щыхьэжэу щытащ. Гуэдз щхьэли, нартыху щхьэли хэтт абы. Псы щхьэлым щыпхьэжа хьэжыгъэм нэхърэ нэхъ IэфI зыри щымыIэу жаIэ.
«ЯтІэкъуэ». ЯтIэкъуэр Арыкъым и зы джабэ нэкIущ. ЯтIэкъуэм ятIэ гъуэжь кърашу щытащ. Ар пэгъунэгъут фермэжьым, Іэбгъэм.
«ЯтIэкъуэ нэпцI». ЯтIэкъуэкIэ зэджэ щIыпIэм къуэ цIыкIу хуэдэу зыгуэр иIэщ. Езы ЯтIэкъуэ удыхьа фІэкIа къыпфIимыгъэщIу, тIэкIу уигъэщхьэрыуэу, ЯтIэкъуэм пежажьэ хуэдэу. Къуэладжэ цIыкIуу зэрыщытым щхьэкIэ, ауэ ЯтIэкъуэ дыдэм нэмысауэ мис апхуэдэ зыгуэрщ. Абы хэмызэрыхьын щхьэкIэ «ЯтIэкъуэ нэпцI» жаIэ.