КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ а IэнатIэм пэрытхэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропромышленнэ комплексым и ветеранхэ, и лэжьакIуэ лъапIэхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ - Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ! Фи лэжьыгъэм фызэрегугъум и фIыгъэкIэ агропромышленнэ комплексыр ефIэ­кIуащ, республикэм и экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъ зызыужьахэм ящыщ зы хъуащ.
Иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу хохъуэ гъавэу кърахьэлIэм, лырэ гъэшхэкIыу къалэжьым, жыг хадэхэм заубгъу, пхъэщхьэмы­щ­хьэмрэ хадэхэкIымрэ нэхъыбэ мэхъу. Нобэ мэкъумэшым елэжьхэм щIыналъэр ерыскъыпхъэ нэхъыщхьэ псомкIи къызэрагъэпэщ. IэнатIэм нэгъуэщI щIыналъэхэри ерыскъыпхъэкIэ къызэрызэригъэпэщми хэхъуэурэ йокIуэкI.
Шэч хэмылъу, зыIэрыдгъэхьа ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэр ерыскъыпхъэхэм елэжь промышленностым и IэщIагъэлIхэмрэ къуажэдэс лэжьакIуэхэмрэ я Iэзагъэрщ, абыхэм къабгъэдэкI жэрдэмырщ, яхэлъ жэуаплыныгъэрщ. ФIыщIэ ин фхузощI апхуэдэу фегугъуу, IэкIуэлъакIуэу фызэрылажьэм икIи къыхэфха Iуэхум пэжыгъэкIэ фызэрыбгъэдэтым папщIэ.
Иджырей технологиехэр IэнатIэм щIэгъэкъуэн щыфщIыну фызэрыхэтым, фи гуащIэшхуэ Iуэхум зэрефхьэлIэм я фIыгъэкIэ республикэм и агропромышленнэ комплексым иIэ щIэупщIэр ехуэхынукъым. Дэ адэкIи мэкъумэш IэнатIэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщIэдгъэкъуэнущ, абы зиужьын, къуажэдэсхэм я псэукIэр нэхъ дахэ икIи иджырей зэманым къезэгъ хъун папщIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым.
СигукIи си псэкIи сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, фи Iуэхухэр ефIэкIуэну!

Поделиться: