ГъуазджэмкIэ еджапIэм зеубгъу![]() Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм мы махуэхэм щагъэзащIэ щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьыным пыщIа, мыхьэнэ ин зиIэ пэхуэщIэр: сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэ еджапIэм унэщIэ къыбгъуращIыхь. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Унагъуэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Ар хуэунэтIащ унагъуэхэм ядэIэпыкъунымрэ сабийхэм я зыужьыныгъэм шэсыпIэ хуэхъун Iэмалхэр къызэгъэпэщынымрэ. ИджыпстукIэ ухуэныгъэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъауэ блынджабэхэр дращIей. Абы къыдэкIуэу, унэжьыр зыхуей хуагъазэ, къагъэщIэрэщIэж. Мурад щыIэщ мы илъэсым и кIэхэм ирихьэлIэу а лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну.
Мы пэхуэщIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр гъуазджэм дегъэхьэхынымкIэ, абы и щэхухэр егъэщIэнымкIэ, я Iэзагъэм хэгъэхъуэнымкIэ.
НэгъуэщI хъыбар гуапэхэри щыIэщ: «Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Зеикъуэ къуажэм гъуазджэмкIэ и еджапIэм мы махуэхэм къыIэрыхьащ макъамэ Iэмэпсымэ ехьэжьахэр – пианинэ, пшынэ, накъырэ, бэрэбан сыт хуэдэхэр, псори зэхэту сом мелуани 4-м нэблагъэ я уасэу. Апхуэдэуи, еджапIэм къратащ къафэм зыхуагъэсэным хуэщIа Iэмэпсымэхэр, сурэт щIыным дихьэххэм папщIэ - егъэджэныгъэ пособиехэр.
«Творчествэ и лъэныкъуэкIэ сабийхэм заужьынымкIэ ар лъэбакъуэфI дыдэщ. Къэрал программэм и фIыгъэкIэ, ди еджакIуэхэм макъамэм и щэхухэр къащIэфынущ, а IэщIагъэм ирилажьэхэм хуэдэу, нэхъыбэжми тригъэгушхуэу. Ди гугъэщ ди унэтIыныгъэхэмрэ мастер-классхэмрэ зедгъэубгъуну, сабий зэчиифIэ нэхъыбэ къызэщIедгъэубыдэфын щхьэкIэ», - жиIащ гъуазджэмкIэ еджапIэм и унафэщI Жылау Арсен.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 16:13 →
Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
| ||





Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм мы махуэхэм щагъэзащIэ щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьыным пыщIа, мыхьэнэ ин зиIэ пэхуэщIэр: сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэ еджапIэм унэщIэ къыбгъуращIыхь. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Унагъуэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Ар хуэунэтIащ унагъуэхэм ядэIэпыкъунымрэ сабийхэм я зыужьыныгъэм шэсыпIэ хуэхъун Iэмалхэр къызэгъэпэщынымрэ.