Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу

Мамырыгъэрщ лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр

КъБР-м и Президентым 2008 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м Iэ зыщIидзауэ щыта  Указым ипкъ иткIэ жэпуэгъуэм и 13-р  Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэу.

  ИЛЪЭС 20 ирокъу IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэр Налшык щыIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм зэрытеуэрэ.

Зэи тщыгъупщэнукъым зи гъащIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмрэ щIэзытахэр.

2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-р бжьыхьэ махуэ дыщафэт, дыгъэпст, узэщIиIэтэрэ дэрэжэгъуэ къуиту. Псэр зыгъащтэ гузэвэгъуэ я нэгу щIэкIыну зи пщIыхьи къыхэмыхуа къалэдэсхэр ягурэ я щхьэрэ зэтелъу дэтхэнэри я Iуэху яужь итыжт, лэжьапIэм кIуэрт. АрщхьэкIэ, мамырыгъэр щытепщэ Налшык и Iэуэлъауэ дызэсар зэIащIат автоматхэмрэ лагъымхэмрэ я уэ макъым. IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэ щэ бжыгъэхэр къытеуэри, дзэ частым, ФСБ-м, МВД-м я хэщIапIэхэм ебгъэрыкIуат. Абыхэм япэуващ республикэм и хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэр, къэрал кIуэцI, гъунапкъэхъумэ дзэхэм къулыкъур щезыхьэкIхэр.  

… Къэхъуар апхуэдизкIэ гузэвэгъуэшхуэти, Урысейм и мызакъуэу, дуней псом щызэлъащIысат.

МахуитIкIэ екIуэкIа зэхэуэ гуащIэм хабзэхъумэхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщагъэлъэгъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэщIыныгъэншэу иухакъым -  а  зэпэщIэувэныгъэм хэкIуэдащ КъБР-м и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэрэ дзэ къулыкъущIэу 35-рэ, цIыху мамыру 15.

Зи гъащIэ емыблэжа хабзэхъумэхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжыну тхыдэм къыхэнэнущ: абыхэм я цIэхэр уэрамхэм, щеджа курыт еджапIэхэм зэрахьэ, Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ «ЛIыгъэм и орден» дамыгъэ лъапIэр куэдым хуагъэфэщащ мыпсэужу. УФ-м и МВД-м и унафэкIэ лэжьакIуэ куэдым я цIэхэр хатхащ КъБР-м щыIэ МВД-м и спискэм.

Хабзэхъумэ IэнатIэхэм, сыт щыгъуи хуэдэу, къалэн куэд я пщэ къыдохуэ. Жылагъуэм щыщыIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным, ди щIыпIэм щыпсэу цIыхухэм, лъэпкъхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ дэлъыным, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, республикэм и сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным я къару псори хузэщIагъэуIуэ..

Ноби тщымыгъупщэ, илъэс 20 ипэк1э  щы1а гущ1ыхьэм хуэдэ  афIэкIа къэмыхъун папщIэ дызэкъуэту тхузэфIэкI псори длэжьыпхъэщ. Сыт щыгъуи дыхущIэкъун хуейщ ди лъахэ телъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным.

                                                                   Iэщэмрэ гъащIэмрэ хурикъуху

Налшык къалэ администрацэм и УВД-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэ №3-м и ГИБДД-м административнэ хабзэр гъэзэщIэнымкIэ и IэнатIэм и инспектор нэхъыжь, милицэм и майор Абазэ Хьэчим Хьэлиб и къуэр 1963 гъэм накъыгъэм и 14-м Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Хабзэхъумэ IэнатIэм ар пэрыуващ 1993 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м икIи къулыкъу зэхуэмыдэхэр ирихьэкIащ. Лэжьыгъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ мызэ-мытIэу гулъытэ къыхуащIащ, «Къулыкъум къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ.
ЩIэпхъаджащIэхэр Налшык къалэм и ОВД №3-м и унэм щытеуам, милицэм и майор Абазэр и стажерым епсалъэу кабинетым щIэст. Iэщэ уэ макъыр щызэхихым, и гъэсэныр гъущI шкафым псынщIэу къуигъэпщкIуащ. Пэшым къыщIыхьэну къеIэ щIэпхъаджащIэхэм ящыщ зыр иукIащ. Шэр къыIэщIэухэу уIэгъэ хьэлъэ къащIыху ар къикIуэтакъым. Абазэ Хьэчим хэкIуэдащ лIыгъэшхуэ зэрихьэу.
Къалэн мытыншыр зыдрихьэкIа и лэжьэгъухэм милицэм и майорыр ягу къыщагъэкIыжкIэ, абы далъэгъуа гуапагъэм, цIыхугъэм, пэжагъымрэ щыпкъагъымрэ щытепсэлъыхькIэ, я нэгум зызэIуехыж. Дэтхэнэми сыт щыгъуи зыщIигъэкъуэну хьэзыр, Iуэхум и хэкIыпIэр къэзыгъуэтыф, шынэ зымыщIэ, къызэгъэпэщакIуэ, ущиякIуэ ахъырзэману къахэта Абазэ Хьэчим иджыри куэд хуэныкъуэщ…
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр щIэпхъаджащIэхэм ящихъумэу къигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ ЛIыгъэм и орденыр Абазэ Хьэчим къыхуагъэфэщащ 2006 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м.
 
ХьэхъупащIэ Аслъэн
Милицэм и прапорщик ХьэхъупащIэ Аслъэн Урысбий и къуэр Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Алътуд къуажэм I97I гъэм къыщалъхуащ. Хабзэхъумэ органхэм 1992 гъэм лэжьэн щыщIидзащ.
КъБР-м и МВД-м и плъыр-пост къулыкъум и полкым и 1-нэ батальоным и милиционер-сапер ХьэхъупащIэ Аслъэн жэпуэгъуэм и 13-м пщэдджыжьым IэнатIэм и плъыр частым щыIэт. ЩIэпхъаджащIэхэр къебгъэрыкIуэу щыщIадзэм, ар пэшым къыщIэжри, бзаджащIэхэм ящыщхэм хабзэхъумэхэр щапэува лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ. Куэд дэмыкIыу абы и Iэр уIэгъэ хъуащ, ауэ автоматыр игъэтIылъакъым, етIуанэу уIэгъэ хьэлъэ хъуху яхэуащ. И къалэныр хахуэу игъэзащIэу Аслъэн и псэр итащ.
Къыдэлэжьахэм ар ноби я гум илъщ, ныбжьэгъу пэжу, унагъуэ дахэу, цIыху телъыджэу, и IэщIагъэм хуэIэижьу зэрыщытар ящыгъупщэркъым, фIыкIэ ягу къагъэкIыжу псалъэ гуапэхэр хужаIэ.
ХьэхъупащIэ Аслъэн Урысбий и къуэм къыхуагъэфэщащ «ЛIыгъэм и орден» (мыпсэужу). Абы и цIэр зэрехьэ щыпсэуа унэр зытет уэрамым. 
 
 
УнэлIокъуэ Мурат
Милицэм и сержант нэхъыжь УнэлIокъуэ Мурат Борис и къуэр КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и гъуэгу-плъыр къулыкъум и батальон хэхам и инспекторт, илъэситху хъуауэ арат милицэм зэрыхыхьэрэ. 
УнэлIокъуэ Мурат Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм I977 гъэм мэкъуауэгъуэм и I-м къыщалъхуащ.
 Къуажэ курыт еджапIэр къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр экономикэ-правовой лицейм юрист IэщIагъэм щыхуеджащ. Абы иужькIэ дзэм къулыкъу щищIащ.
УнэлIокъуэ Мурат 2000 гъэм и шыщхьэуIум къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэр къыхихащ. Республикэ МВД-м и УГИБДД-м и ДПС-м стажеру щыщIидзэри, абы и гъуэгу-плъыр лэжьакIуэ хъуащ. КIуэ пэтми зызыужь, зи IэщIагъэм хэзыгъахъуэ, зыпэрыт IэнатIэр хьэлэлу езыхьэкI УнэлIокъуэм гу къылъамытэу къэнакъым икIи гъуэгу-плъыр къудамэм и гуп хэхам и инспекторым нэсащ. Жылагъуэ хабзэр, гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр къызэгъэпэщыным, щIэпхъаджащIэхэм япэщIэтыным сыт щыгъуи и къару ирихьэлIащ. Iуэхум хэзыщIыкI и лэжьэгъу нэхъыжьхэм я чэнджэщым едаIуэу, абыхэм щапхъэ ятрихыу къалэныр ирихьэкIащ. И пщэрылъхэр хьэлэлу зэригъэзащIэм, лэжьыгъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ УГИБДД-м и унафэщIхэм УнэлIокъуэ Мурат мызэ-мытIэу ягъэпэжащ.
 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м УнэлIокъуэ Мурат, сыт щыгъуи хуэдэу, и IэнатIэм пэрыуващ. Налшык и ОВД №2-м зэрытеуар зэхиха нэужь, псынщIэу а щIыпIэм нэсащ, и лэжьэгъухэм ядэIэпыкъун папщIэ. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу ар япэщIэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэм. Снайперым и шэм уIэгъэ хьэлъэ ищIа УнэлIокъуэ Мурат сымаджэщым нэшэсат, ауэ къахуегъэлакъым.
Милиционер хахуэм и фэеплъыр мыкIуэдыжынщ. Зэрэгъыж къуажэм щыщ УнэлIокъуэ Мурат и цIэр фIащащ ар щыпсэуа унэр зытет уэрамым. 
 
Гум имыхужщ
IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр Налшык къызэрытеуэрэ илъэс 20 ирокъу. Я псэ емыблэжу абыхэм япэщIэта, зи гъащIэр щхьэузыхь зыщIа дэтхэнэри дигу къыдогъэкIыж, ахэр цIыхубэм зэи  ящыгъупщэнукъым. 
    Псэуну зыхуэфащэт
Юстицэм и лейтенант нэхъыжь КIэмыргуей Арсен Борис и къуэр Налшык къалэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и ОВД №1-м и следственнэ къудамэм щылажьэрт. Милицэм хэтт 2001 гъэ лъандэрэ.
Дзэлыкъуэкъуажэ къыщалъхуа щIалэр хьэл-щэнкIэ адрейхэм къахэщырт. Сыт хуэдэ къалэн пщэрылъ щащIами, ар гурэ псэкIэ игъэзащIэрт. Абы и егъэджакIуэу щытахэм нобэми ящыгъупщакъым Арсен гуапэу, хьэлэлу, пэжыр япэ иригъэщу зэрыщытар.
И IэщIагъэм зэрыхигъэхъуэным, зыпэрыт IэнатIэм нэхъри куууэ щыгъуазэ зэрызищIыным хуэпабгъэ щIалэм гу къылъамытэу къэнакъым: зэман кIэщIым КIэмыргуей Арсен КъБР-м щыIэ МВД-м и следственнэ IуэхущIапIэм тIэунейрэ игъэпэжащ, «МВД-м и следственнэ органхэр илъэс 40 ирокъу» бгъэхэIу дамыгъэр къыхуагъэфэщащ. А псори и щыхьэтщ псэ хьэлэлкIэ и къалэн мытыншым зэрыпэрытам.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м сыхьэти 9-рэ дакъикъэ 15-м уголовнэ IуэхухэмкIэ тхылъхэр иIыгъыу къалэ прокуратурэм кIуэну лэжьапIэм къыщIэкIри, ОВД №1-м и автотранспорт гъэувыпIэм деж щыт и ВАЗ-2109 автомашинэм бгъэдыхьащ. А дакъикъэ дыдэм ирихьэлIэу бзаджащIэхэр къатеуащ. КIэмыргуей Арсен и Iэщэр къищтэну ОВД-м и щIыхьэпIэмкIэ щIэпхъуащ, арщхьэкIэ шэ къытемыхуэн щхьэкIэ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп автомашинэхэм ящыщ зым зыкъуимыгъапщкIуэу хъуакъым. Абы ирихьэлIэу гранатэдзкIэ а автомашинэм къеуащ Байсултановым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэм и къуагъым къуэт бзаджащIэр. Машинэр къэуащ икIи КIэмыргуей Арсен метр зыбжанэкIэ Iуидзащ. Абы иужькIэ щIэпхъаджащIэхэр автоматкIи къеуащ. Апхуэдиз уIэгъэм щIалэр къелакъым.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: