Щхьэусыгъуэр - щхьэусыгъуэкъым!Хоссейни Сейед Реза Барадаран гъуэгугъэлъагъуэу Iуащхьэмахуэ лъапэ щолажьэ. «Иран Резэ»-кIэ зэджэ щIалэр и гъащIэм тепсэлъыхь пэтрэ, нэгъуэщI и зы хэкуэгъу телъыджи къыдегъэцIыху. Щхьэусыгъуэр – щхьэусыгъуэкъым, жызоIэ сэ, апхуэдэ цIыху телъыджэхэм я хъыбар щызэхэсхкIэ. - 1994 гъэм зыплъыхьакIуэ сыкъэкIуат мы щIыпIэхэм… Урыс пщащэ щхьэгъусэ схуэхъуу, быни щыдгъуэтыжым, Урысейм сыкъыщынащ. Псэун, унагъуэр пIын хуейти, цIыхубз щыгъынхэр щащэ тыкуэн къызэIутхри, хьэрычэтыщIэ дыхъуат, абы нэхъ сыхуэIэрыхуэти. Сэ Iуащхьэмахуэ фIы дыдэу слъагъути, зыгъэпсэхугъуэ махуэ зыбжанэ къысхудэхуэху сыкъакIуэрт. Ауэрэ ныбжьэгъу куэд щызгъуэтащ. Абыхэм ящIыгъуу япэ дыдэ сыдэкIауэ щытащ Iуащхьэмахуэ. Уеблэмэ Ольмезов Абдул-Халим щIыгъуу Гималай сыщыIащ. Москва сыщыпсэуми, си гури си псэри Къэбэрдей-БалъкъэрымкIэ къэхъуапсэрт. Ауэрэ, пандемиер къэхъея нэужь, Iуащхьэмахуэ лъапэ сыкъэIэпхъуэжыну мурад сщIащ. Ар зэщхьри… ИгъащIэ псом узыщIэхъуэпса гуэр къохъулIам, нэхуапIэ хъуам хуэдэщ. ИлъэситI ипэ Терскол фэтэр къыщысщэхуащи, сэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту къысщохъу. Иныкъуэхэм деж Ираным сокIуэж, дауи, абы си Iыхьлыхэр, благъэхэр щыIэщи. Куэдрэ сыщымыIэфу, схуэмыхьыжыххэу сохъури, къызогъэзэж. Иджы си хэкужьым щыщу альпинист гуп къэкIуащи, къызолъэIу Iуащхьэмахуэ дэсшыну. Езыхэм яIэжщ гид лъэщ, ауэ ар зэи мы щIыпIэхэм щыIакъыми, Iуащхьэмахуэ ицIыхуркъым. Дэсшынщ, дауи, уасэ къаIызмыхыу, дауэ мыхъуми, си хэкуэгъухэщ! КъищынэмыщIауэ, Саларванд Саджад къэсцIыхуащ. Метр 400-кIэ къызэдэжэнымкIэ Ираным и чемпионщ ар. Илъэсибл ипэ машинэ зэжьэхэуэм и лъакъуитIыр щыфIэкIуэдауэ, протезым къыхуэнащ. Арами, альпинизмым дехьэх, дунейпсо зэпеуэхэм хэтын къигъэнакъым, иджы Iуащхьэмахуэ дэкIыну къытхуеблэгъащ! – жеIэ Сейед.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||




