Гум имыхуж

Жэпуэгъуэ мазэр куэдым гукъинэж зэращыхъун нэщIэбжьэ къытхузэдихьат 2005 гъэм. Абыхэм ящыщ зыщ мы хъыбарыр къытхуэзыIуэтэж Жанетэ Б. 
- А махуэм си нэгу щIэкIам сыщегупсысыжкIэ, си щIыфэр дэтхытхыу сопсэу. Апхуэдэ гузэвэгъуэ тхьэм зэи димыгъэлъагъукIэ, ди щIэблэри щихъумэ! МедицинэмкIэ колледжым сыщеджэрт абы щыгъуэ. ЕджапIэм дыщIэсу, макъышхуэхэр къэIуащ, зыгуэр къэуам хуэдэу, кIэщIу автомат зэрылъэлъ макъыр къыщIэуващ. ГурыIуэгъуэт шынагъуэ гуэр къызэрыхъуари, «фызэбгрыж, мыбдеж фыщызэхэмыт, гъэрыпIэ дихуэ нэхърэ нэхъыфIщ, зыгуэрурэ зывгъэпщкIу» жаIэри, дыкъыщIагъэкIат. Горький Максим и уэрамым лъэсу срикIуэу, вокзалым сытехьэн си мураду сыщIэпхъуащ си лъэ къызэрихькIэ. Дэнэ щысщIэнт МВД-м и 1-нэ къудамэу Iэхэлъахэм итыр къагъэуауэ, зэхэуэ гуащIэ абдеж дыдэм щекIуэкIыу?!
Сытми, и гуащIэгъуэм, зэрымыщIэкIэ, сыкъыхэхуат. Хабзэхъумэхэр кIийт, «укъэмыкIуэ, зыгъэпщкIу!» жаIэурэ. Сыплъэри, 14-нэ маршрутыр блэжти, щоферым сыкъызэрилъагъуу къэувыIэри, зиздзащ. Си шыпхъу нэхъыжьыр «Искож» хьэблэм щыпсэурт, 14-нэ маршрутыр абыкIэ кIуэрти, си псэр зыгуэрурэ нэсхьэсмэ, нэгъуэщI зыри сыхуейтэкъым. 
Къэбэрдей уэрамым тет Дзэ частым и IуэхущIапIэм дызэрынэсу маршруткэр къэувыIащ. 
- АдэкIэ сыкIуэфынукъым, отделыр къахухьащ. Мыбдеж фыщелъи, зыгуэрурэ зывгъэпщкIу! – жеIэ шофёрым.
Дыздынэсам маршруткэм къинэжар сэрэ нэгъуэщI зы цIыхубзрэт. Сэ бжэм нэхъ и гъунэгъуу сыщысти, Iусхыну сыщыIэбэм, цIыхубзыр гужьеяуэ къыщылъэтщ, сыIуидзщ, бжэр ирилъэфэкIри, щебэкъуэхым шэ къытехуэри, зэшэзэпIэу еукIуриехащ… Си пащхьэм лIауэ илъ бзылъхугъэм соплъри сокIий, сщIэнур сщIэркъым, сыздэкIуэнури дэнэ?! Сыплъэмэ, си шыпхъур щыпсэу унэр солъагъу, лъэсу сынэсынущ, ауэ шэхэр зэблолъэтри – псэууэ сынэсынукъым. Шоферыр мэкIий «икI» жеIэри. Сыт сщIэнт?! СыкъикIри, маршруткэм зигъэбзэхыжащ, сэ уэрамыщхьэм сыкъытенащ. 
Абдежым дзэ частым и куэбжэр зэIуихри, зы сэлэт къэкIиящ: «Къажэ мыдэ псынщIэу! КъыщIэпхъуэ!». КъызэрыщIэкIамкIэ, уэрамыщхьэм цIыхуу тетыр абы дагъэхьэри, гараж гуэрым щагъэпщкIуауэ щIэзу щIэст. Мыгувэу вертолет къытщхьэщыхьащ, автомат макъыр увыIэтэкъым, сабий цIынэ дыдэ иIыгъыу зы бзылъхугъэ къытхэтти, хуэмыгъэувыIэу шыр цIыкIур гъуэгт. «Дэ мыбы псэууэ дыщIагъэкIыну хъункъым. Зыи мыхъу, си адэ и макъ зэ зэхэсхыжам сыт хъунт!», - жысIэри, сэри сыкъыщиудащ. Си адэр ежьауэ къэтт, тхьэмахуэ бжыгъэ хъуауэ слъэгъуатэкъыми, арат сигу къеуэр. Зэ закъуэ и макъ седэIуэжынщ жысIэри, телефоныр езгъэуащ.
- Алло! Сыт, хъыджэбз?! – жиIэри, занщIэу къытрихащ.
Гъуэгу тет си адэми унэм къызэжьэу щIэс си анэми зыри хащIыкIыртэкъым иджыри къалэм къыщекIуэкI гузэвэгъуэм. Псори напIэсыпIэм къэхъуати, тэмэм дыдэу цIыхухэм къагурыIуатэкъым иджыри. 
Зы псалъэ схужымыIэу тездзэжащ жып телефоныр. Гъуэгу тет тхьэмыщкIэм си Iуэху зыIутыр жесIэу бэлыхь хэздзэфынутэкъым. Ауэ си анэм деж сыпсалъэри, къалэм зауэ къыщыхъеящ, дзэ частым и гаражым сыщIэтщ, къытщыщIар мыращ жысIэри, хуэсIуэтащ псори. Арыххэу си анэр уэрамыщхьэм дэлъэдащ, иужькIэ зэрыжаIэжамкIэ. Ди гъунэгъу щIалэр ГАИ-м хэтт, и дэсыгъуэу ирихьэлIати, къыдэжащ зэрыгъэкIий макъыр щызэхихым. Гъуэгыу зэкуэфэуэж си анэм си Iуэху зыIутыр щыхуиIуатэм, гъунэгъу щIалэм машинэм зридзэри, Налшык къэкIуэну къежьащ. Ипподромым фIагъэкIакъым, гъуэгухэр зэхуащIауэ Налшык зыри дагъэкIыртэкъым икIи дагъыхьэртэкъым. Лъэс защIэу Къэбэрдей уэрамым нэс жэрыжэу къыкIуэцIрыжри, гаражым сыкъыщIишыжауэ щытащ абы! Апхуэдэ дыдэу лъэсу машинэм нэс дыкIуэцIрыжри, унэм сишэжащ. ИгъащIэкIэ схуэмыпшыныжын щIыхуэу стелъщ ар! Дунейм фIыгъуэу щыIэр къыхуищIэ а щIалэм! 
Ди куэбжэпэм сызэрынэсыжу сымэхащ. АдэкIэ зыри сщIэжкъым. ЕтIуанэ-ещанэ махуэращ къэхъур къызгурыIуэ сыщыхъужар. Зэрызытезгъэур зыт: а зы махуэм апхуэдизу дызэтрихуащ, Хэку зауэшхуэм дауэ цIыхухэр къызэрелар жысIэурэ сегупсысырт. Шынагъуэт ар! Шынагъуэ дыдэт…
 

 

Зытхыжар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: