Гулъытэ ирагъэгъуэт

2026 гъэм УФ-м иIэну бюджетым и проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, къэралым и АПК-м ехьэлIауэ лажьэ къэрал программэхэм сом мелард 540,4-рэ хухахынущ, жиIащ Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ.

Хабзэ зэрыхъуауэ, ахъшэм и нэхъыбэр – процент 85-м нэблагъэр, хуаутIыпщынущ мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьынымкIэ щыIэ къэрал программэхэм. Апхуэдэуи министрым къыхигъэщащ, худэчых зыхэт кредитхэм, адрейхэм елъытауэ, щIэупщIэ нэхъыбэ зэраIэр. Псалъэм папщIэ, дызэрыт илъэсым пIалъэ кIэщIкIэ ят кредитхэм сом мелард 550-м щIигъу трагъэкIуэдащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 40-кIэ ар нэхъыбэщ.

ЖыпIэнурамэ, УФ-м и щIыналъэхэм хьэцэпэцэу псори зэхэту тонн мелуани 121-рэ нобэкIэ кърахьэлIэжащ. Ар къытрахыжащ гъавэр зытращIа щIым и процент 80-м. Мы гъэм хьэцэпэцэрэ джэш хъурейуэ къэралым къыщрахьэлIэжын хуейуэ УФ-м и министерствэм игъэува къалэным (тонн мелуани 135-рэ) зихъуэжакъым.

ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIуахыжащ нартыхуу тонн мини 100-м нэблагъэ, сэхурану - тонн мини 3,3-рэ, хадэхэкIыу - тонн мини 178-рэ икIи абыхэм ящыщу дэтхэнэ зымкIи хэхъуэхэр щыIэщ, нэгъабэ яхузэфIэкIам елъытауэ.

                                                                                     ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

 

 

Поделиться: