ПсомкIи хэхъуэ къагъэлъагъуэ

 Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – шыщхьэIум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту къыщIагъэкIащ мэкъумэш продукцэу сом мелард 42,6-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 104,9-кIэ хуэкIуэу, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.

ЖыпIэнурамэ, Iэщ гъэхъун IэнатIэм хэхъуэу къигъэлъагъуащ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ, лымрэ джэдкъазылымкIэ, псэууэ шэчауэ, проценти 10,5-рэ, гъэшымкIэ – процент 0,5-рэ, джэдыкIэмкIэ – процент 1,4-рэ

Республикэм мэкъумэш къэкIыгъэхэр мы махуэхэм къыщрахьэлIэж, абы къыдэкIуэу, бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэми щоужьэрэкI.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться:

Читать также: