ЩIэныгъэ нэсым и нурыр

 Илъэс 93-рэ ипэкIэ, 1932 гъэм и бжьыхьэм, КПСС-м Къэбэрдей-Балъкъэр областной комитетым и лъэIукIэ Псыхуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр. ПсынщIэу зызыхъуэж гъащIэм жылагъуэм къыхуигъэува Iэмалыншагъэхэм ящыщ хъуат а еджапIэ нэхъыщхьэр ди щIыналъэм къыщызэIухыныр. Апхуэдэу, РСФСР-м и Правительствэм и УнафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэ хъуащ япэ еджапIэ нэхъыщхьэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэр. 
Пединститутым хухахын унэ Налшык зэкIэ щыIэтэкъыми, абы Псыхуабэ лэжьэн щыщIидзащ. Абы и факультетищым - физикэмрэ математикэмкIэ, биологиемкIэ, филологиемкIэ - щрагъаджэрт егъэджакIуэ 13-м. 1932 гъэм институтым и езанэ курсым къащтауэ щытащ студенти 120-рэ. ИужькIэ къызэрагъэпэщащ тхыдэмкIэ факультетри. Институтым и унэр 1937 гъэм Налшык ухуэн щауха нэужь, еджапIэ нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къагъэIэпхъуэжащ. 1937 - 1938 гъэ еджэгъуэщIэр студентхэм щаублауэ щытащ аудиторэ Iэхуитлъэхуитхэм, нэхухэм. Я щIэныгъэм нэхъри хагъэхъуэн папщIэ, абыхэм яIэт лабораторэхэри, мастерскойхэри, библиотекэри. А псомкIи: оборудованэхэмкIэ, зэреджэ литературэкIэ, уеблэмэ IэщIагъэлIхэмкIэ институтыщIэм партым и унафэкIэ къыдэIэпыкъуат къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ куэд.
Ди щIыналъэм и щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэ цIэрыIуэ хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутыр зэман кIэщIым къриубыдэу. Зауэм ипэ къихуэ лъэхъэнэм ар зэпэщакIэт лъэпкъ интеллигенцэм къыхэкIа егъэджакIуэ IэзэхэмкIэ, къыщIигъэкIырт щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр. Пединститутым жыджэру щылажьэрт парт, комсомол зэгухьэныгъэхэри. Апхуэдэу екIуу ежьа лэжьыгъэр, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ псори зыхуэныкъуэр, къызэпиудащ Хэку зауэшхуэм. Абы и мафIэм япэ махуэхэм щегъэжьауэ пэрыхьэри, зауэ гъуэгуанэ хьэлъэр якIуащ институтым и лэжьакIуэ куэдым, ТекIуэныгъэ Иным зи гъащIэр щIэзытахэри мащIэкъым. Абыхэм хуагъэува фэеплъ дэтщ еджапIэ нэхъыщхьэм и пщIантIэм. 
1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м пединститутым и лэжьыгъэр Налшык щызэтриублэжащ. Иджы IуэхущIапIэм и пащхьэ ита къалэн нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ егъэджакIуэкIэ IэнатIэр къызэгъэпэщыныр. ЕгъэджакIуэ 59-м ящыщу 11-рт еджагъэшхуэ степень зиIэр. Апхуэдэу зэтеубла хъуатэкъым щхьэхуэу адыгэбзэмрэ литературэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным и Iуэхури. А къалэнхэр гъэзэщIэным иужь ихьащ лъэпкъ IэщIагъэлIхэр икIи лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэхэр къызыхуэтыншэу зэфIахащ.
Гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа пединститутыр и лъабжьэу 1957 гъэм къызэIуаха къэрал университетыр а лъэхъэнэм гъуэгуанэщIэ теуващ. КъБКъУ-р хъуащ Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ автономие щIыналъэхэм я япэ университет. Ар къызэIухыныр ирырахьэлIауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум. Абы щыгъуэ университетым хэтар факультетиплIщ: тхыдэ-филологие, физико-математикэ, инженер-ухуакIуэ, мэкъумэш. IуэхущIапIэм зиужьынымкIэ хэлъхьэныгъэфI ищIащ абы япэ ректору ягъэуващ Бэрбэч ХьэтIутIэ. ФакультетыщIэхэр, IэщIагъэхэм нэхъ щыхурагъаджэ аспирантурэхэр, лабораторэ щхьэхуэхэр къызэIуихащ абы. I982 гъэм КъБКъУ-м къыхуагъэфэщауэ щытащ «Ныбжьэгъугъэм и орденыр», лъэпкъ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымрэ щIэныгъэ къэхутэныгъэфIхэр егъэкIуэкIынымкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ. I996 гъэм и дыгъэгъазэ лъандэрэ КъБКъУ-м зэрехьэ абы и япэ ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и Унафэм ипкъ иткIэ. 
БлэкIа илъэсхэм къриубыдэу щIыхь зыпылъ гъуэгуанэ дахэ къикIуащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэм. Ар еджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтым икIри IэщIагъэ зэхуэмыдэ куэдым щыхурагъаджэ, ди къэралым имызакъуэу хамэ къэрал куэдым зи цIэр фIыкIэ щызыгъэIуа щIэныгъэ-педагогикэ школхэр зиIэ иджырей классическэ университет зэпэщым хуэкIуащ. Интерфаксым, RAEX-м ирагъэкIуэкI рейтинг къэпщытэныгъэхэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэралым и еджапIэ нэхъыфIи 100-м хохьэ. Нобэ КБГУ-м IэщIагъэ щызэрагъэгъуэт студент мин 17-м. Ди деж щоджэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 40-м, хамэ къэрал куэдым къикIа ныбжьыщIэхэр. Мы зэманым еджапIэ нэхъыщхьэм цIыху мини 2-м нэс щолажьэ, егъэджакIуэхэм я процент 75-м щIэныгъэ степенхэр яIэщ. Дыщыпсэу щIыналъэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр проценти I00-кIэ къызэрегъэпэщыф абы.
Зэрыхабзэу, университетхэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ егъэджэнымрэ щызэдокIуэкI, программэ лъэщхэр, технологие пэрытхэмрэ иджырей техникэхэмрэ я Iэдэжу. Мыхьэнэшхуэ иIэщ университетым зэхишэ щIэныгъэ конференцхэм, нэгъуэщI зэхуэсхэм. Абыхэм къэрал псор къыщызэщIаубыди щыIэу апхуэдэщ. Зэрытлъагъущи, ди лъэпкъым и набдзэ ди университетыр йофIакIуэ, зеужь. Шэч хэлъкъым дяпэкIи нэхъыфIыж зэрыхъунум. ЩIэныгъэ нэсым и нурыр илъэс 90-м щIигъуауэ къытопсэ ди щIыналъэм, абы щыпсэу цIыхухэр зэпэщыныгъэм, ехъулIэныгъэм, зыузэщIыныгъэм хуишэу. 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: