Къэрал унафэм ебэкъуахэр къыщIагъэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и МВД-м Iэпхъуэшапхъуэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм, Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэмрэ (ФСБ) Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэхэмрэ я гъусэу Налшык къалэм щрагъэкIуэкIащ «Нелегал – 2025» федеральнэ Iуэхум хыхьэ лэжьыгъэ.

Абы хыхьэу ухуэныгъэ 11 къапщытати, Iэпхъуэшапхъуэхэм ехьэлIа къэрал унафэм ебэкъуауэ 33-рэ къыщIагъэщащ, къуэдыуэ сом мини 100 абыхэм тралъхьащ.

Уголовнэ Iуэхуу тIу къыIэтащ, Урысей Федерацэм и Уголовнэ кодексым и 322.3 статьям (Учётым гъэпцIагъэ хэлъу увын) ипкъ иткIэ. Унафэ къащтащ нэгъуэщI къэралхэм щыщу цIыху 23-рэ УФ-м къихьэну хуит мыщIыным, пIалъэкIэ ди къэралым щыIэ зы цIыхум и зэманыр гъэмэщIэным, тIур къэралым игъэкIыжыным ехьэлIауэ.

Административнэ жэуапым ирашэлIащ хамэ къэрал щыщу Iэпхъуэшэпхъуэным ехьэлIа, Урысей Федерацэм и къэрал хабзэхэр къызэпызыуда е ди щIыналъэм щыпсэуну хуитыныгъэ зимыIэ цIыхухэр зыгъэлажьэхэри. Апхуэдэ Iуэхуу къаIэтар 11 мэхъу, ахэр цIыхуиблым ехьэлIащ. Абы щыщу 4-р Налшык къалэ судым ягъэхьащ.

#МВДРоссии #МВДпоКБР #УВМ #Нелегал2025

Поделиться: