Мыутхъух - Сурож - Азыкъ - IузэвУрысхэр «Сурож тенджызкIэ» зэджэу щыта псы хъурейм ехьэлIауэ пасэрей алыджхэм къагъэсэбэпу къекIуэкIар «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» псалъэхэрат. Адыгэхэм ар дыдэм трагъэIукIахэм ящыщщ «Азыкъ» псалъэр. А фIэщыгъэр, гу зэрылъытэгъуафIэщи, ди зэманым «Азов» жыхуаIэм и гъунэгъущ. Алыджхэм я «Меотидэ» псалъэри къыщежьар зэман жыжьэрщ. Лъахэджхэм ящыщу, языныкъуэхэм ар ирапх Азов хы цIыкIум къуэкIыпIэмкIэ къыщегъэщIылIа щIыналъэм теса мэуэт лъэпкъым и цIэм. АтIэми, Тэн зыхэлъэдэж а псы хъурейм пасэрей адыгэхэр «МыутхъухкIи» («Къэмыутхъуэ хы») еджэрт. «Мэуэт» лъэпкъыцIэр къызытехъукIар арауэ жызыIи яхэбгъуэтэнущ щIэныгъэлIхэм. Бжыгъэхэм тэкIу дахуеплъэкIынщи, Азов хы цIыкIум и щхьэфэм километр зэбгъузэнатIэ мин 37,6-рэ еубыд. Псы хъурейм и нэхъ кууупIэ дыдэр мы зэманым зэрыхъур метр 13-щ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм икухэм ар метр 16-м нэблагъэрт. Азыкъ (Азов тенджызыр) кIуэтэху къэси нэхъри нэхъ чэнж зыщIу хуагъэфащэр къыхэлъадэ псы къуэпсхэм къыхалъасэ утхъуахуэхэрщ. Дызэрыщыгъуазэщи, мы зэманым «Азов» цIэр зэрехьэ зи гугъу тщIы тенджызым и зэвыпIэ дыдэу ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ щыIэ «Таганрог псы дэлъэдапIэ» жыхуаIэм къыпыхьэ щIыгум тес къалэми. ЗэрытщIэщи, Тэн псышхуэр а хы цIыкIум щрихьэлIэж тепхъэр здэщыIэри абдежырщ. БлэкIам дриплъэжмэ Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Танаис жылэжьыр щыщыIа зэманыр зрихьэлIар пасэрей алыджхэм я «хьэмтетыгъуэрщ». Ди лъэхъэнэм и I – III-нэ лIэщIыгъуэхэм Азов (Iузэв) и Iэхэлъахэм мэуэтхэри щыпсэугъащ. XIII-нэ лIэщIыгъуэм ар «Дыщэ ордам» и Азакъ къалэ хъуащ. XIV-нэ лIэщIыгъуэм мыбдеж дыдэм къыщоунэху Урымым и щIыналъэхэу Венециемрэ (Джэнуэз) Генуемрэ къиIэпхъукIа сатуущIэхэм «Танэ» зыфIаща я быдапIэр. Илъэс щэныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, 1395 гъэм ар къезэу икIи щыщ къыхимынэу зэтрекъутэ «Тамерлан ЩIакъуэ» зыфIаща зэрыпхъуакIуэ шынагъуэм. Иужьым быдапIэу яухуэжа къалэр 1475 гъэм тыркухэм къазэури, абы «Азакъ» фIэщыгъэр трагъаIукI, «псыIум деж, псым и лъабжьэкIэ щыIэ» мыхьэнэхэр кърагъэкIыу. Зэман докIри, а цIэр «Азау» къэпсэлъыкIэм хокIуэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, лъахэджхэм къызэралъытэмкIэ, иужьрей фIэщыгъэрщ мы къалэм хуэгъэзауэ урысхэр «Азов» егупсысыкIэм хуэзышар. Адыгэхэр мы быдапIэм «Аскъалэ» - кIи еджэрт, «асхэм я къалэ» мыхьэнэр кърагъэкIыу. Ауэ щыхъукIи, «ас» псалъэр осетинхэр пасэм зэрызэджэжу щыта фIэщыгъэхэм язщ, тхыдэджхэр зэрегупсысымкIэ. Иужьым, осетинхэр къызытепщIыкIыжахэр мы щIыпIэм имысыжами, къадекIуэкIа щIыпIэцIэр къыщызэтенащ. КъеIэпхъуха хьэмэрэ щыпсэуа? ГъэщIэгъуэн тщыхъункIэри хэтщ, ауэ щыIэщ «Азов» фIэщыгъэр абхъазхэм я бзэм хуэзыхьыну хущIэкъухэри. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, «азы» псалъэр зэщхьу къэлъытапхъэр адыгэ лIакъуэхэм ящыщ шапсыгъхэмрэ хьэкIувхэмрэ (шапсыгъхэм я щхьэжкIэ мэзылъэ бгыщхьэхэм исащ) абхъазхэм зэреджэу щытам. АтIэми, языныкъуэ тхыдэджхэм зэрытрагъэбыдыхьымкIэ, курыт лIэщIыгъуэхэм я лъэхъэнэм Абхъазым ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и щIы кIапэр иджырей Анапэ къалэр здэщыт щIыгум техьэрт. Дауи, абыкIэ арэзы мыхъунхэри щыIэщ, ауэ узыгъэгупсысэщ, адыгэхэм я Хэкужьым «аз» пычыгъуэр зыхэухуэна щIыпIэцIэхэмрэ псыцIэхэмрэ мымащIэу зэрыщыIэри. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Азыгъуч, Азып, Азыпэтх, Азыпэтхахъу (Азыпэ хъупIэ), Азыпс, Азыштау жыхуаIэхэр, нэгъуэщIхэри. Къэнэжыр «Азов» фIэщыгъэм хэт «ов» пычыгъуэм и къэхъукIэр зэхэгъэкIыныр аращи, абы ехьэлIауэ абхъаз жылагъуэ цIэрыIуэ, лъахэдж емызэшыж Дасание Давид Iуэху еплъыкIэу къигъэлъагъуэри гъэщIэгъуэнщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, щIыпIэцIэм и «ов» - «оу» пычыгъуэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ адыгэхэм нэхъ къедзауэ щыпсэуа абазэ-абхъазхэм я бзэм хэтащ, «цIыху» мыхьэнэр кърагъэкIыу. Ауэ щыхъукIи, Апсным (абхъазхэр я лъахэм зэреджэр апхуэдэущ) и ипщэ-къуэкIыпIэр зи хэщIапIэ я лъэпкъэгъухэм цIыхум и гугъу ящIынумэ нобэр къыздэсми къагъэсэбэпыр «ауаҩы ‒ ауаю́», «ауаа́» къэпсэлъыкIэхэрщ. Зи гугъу тщIы а лъахэхутэм, а псори къызэщIикъуэжри, «Азов» фIэщыгъэм «абхъазхэм ей» мыхьэнэр къригъэкIауэ аращ…
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




