ПрограммэщIэм и ефIэкIыныгъэхэрЖэпуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа программэщIэм – унэ къращэхуну зэ тыгъуэу ахъшэ абыхэм етыным хуэунэтIам. Программэм и къалэн нэхъыщхьэр республикэм щыщу псэупIэ иратын хуейуэ чэзум щыт щIалэгъуалэр зыIууэ гугъуехьхэр ящыгъэпсынщIэнырщ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм (сабий зеиншэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр зи нэIэ щIэтым) къызэритамкIэ, иджы къыхалъхьа хабзэщIэр, ахъшэр зеиншэхэм етыным теухуар, япэм щыIахэм къащхьэщокI. Абы щыгъуэ зи ныбжьыр илъэс 23-м щIигъуахэм фэтэрхэр къыхуэщахуу щытащ е абы папщIэ сертификатхэр иратырт. Ауэ Iуэхур абы щхьэкIи кIуатэртэкъым. ПсэупIэхэр къратыным ежьэу мы зэманым ирихьэлIэу чэзум щытщ сабий зеиншэу 1502-рэ. Илъэс къэси унэхэмкIэ къахузэгъэпэщыр ику иту цIыху 70-100-щ, ауэ чэзум щытхэм я бжыгъэми къыхэхъуэ зэпытщ. Иджырей программэщIэр нэхъыбэу зыхуэгъэпсар зи ныбжьыр илъэс 18 - 22-м щIимыгъуа зеиншэхэрщ. Апхуэдэхэм я бжыгъэр цIыху 520-рэ мэхъу. Иджы, я ныбжьыр илъэс 23-м нэсыным пэмыплъэу, абыхэм Iэмал яIэщ зыщыпсэуну унэхэр езыхэм къагъуэтыжу, иужькIэ абы и уасэр къэралым яхуипшыныжыну. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз зэрыжиIамкIэ, зэ тыгъуэу ят ахъшэр къэзыщтэ ныбжьыщIэр чэзум къыхагъэкIынукъым, ауэ а тIум ар хэдэн хуейщ: ахъшэр къыIехри, псэупIэр езым къещэхуж е чэзум щытхэм къахонэжри, и зэманыр къыщысынум адэкIэ поплъэ. «Ахъшэ зратынухэм налог хэзых IэнатIэхэм я деж щIыхуэ щатемылъу, наркологиемрэ психиатриемкIэ сымаджэщхэм щамытхауэ, суд тезыр ятемылъу, гугъуехь гуэрхэр ящхьэщыхын хуэмейуэ щытыпхъэщ», - жиIащ Мокаевым. ПрограммэщIэм и ефIэкIыныгъэхэм ящыщщ, зэ тыгъуэу ят сом мелуан 1-рэ мин 840-р анэ капиталым гуагъэхьэу е нэгъуэщI ахъшэ гуэрхэр дыщIагъуу фэтэр къащэхуну, я чэзур къыщысыну илъэситху пIалъэм пэмыплъэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствр шэсыпIэ йохьэ ахъшэм ехьэлIауэ программэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зэригъэзэщIэнумкIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ сабий зеиншэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ Iэмалхэм къазэрыхэхъуэм и мызакъуэу, чэзум щытхэм я бжыгъэри нэхъ мащIэ хъунущ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр хьэзырщ Iуэхум ехьэлIа упщIэхэр щыIэ хъумэ, жэуапхэр зэпкърыхауэ яритыжыну.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




