Франк - р къызэрыунэхуарАхъшэхэм я нэхъыбапIэм фIащыжащ къыщыщIагъэкIа щIыпIэм и цIэр. XIV лIэщIыгъум къэунэхуа франкым и цIэр Франджым и пащтыхьыр гъэрыпIэм къызэрырашыжам къытехъукIащ. 1356 гъэм Пуатье деж щекIуэкIа зэхэуэм щыгъуэ гъэру яубыдауэ щыта франджы пащтыхь Иоанн 11-р инджылыз гъэрыпIэм къызэрырашыжам и щIыхькIэ 1360 гъэм къыщIагъэкIын щIадзащ а дыщэ ахъшэр. «Франк» жиIэмэ «хуит» жиIэу къокI. Зы дыщэ франкыр XIII лIэщIыгъуэм къэунэхуауэ щыта зы ливрым хуэдизу ябжырт. 1360 гъэм къежьа франкыр илъэс 20-кIэ къыщIагъэкIащ. Ауэ Франджым нэхъыщхьэу щызекIуэ ахъшэ лIэужьыгъуэр турск ливырырт. Ахъшэ лIэужьыгъуитIри зэблагъэкIыурэ, зэман дэкIри, ливрым франк фIащыжащ (цIыхубэр иреджэ хъуащ апхуэдэу). 1575 гъэм пащтыхь Генрих III-м и унафэкIэ дыжьын франк къыщIагъэкIыу щIадзащ - экономикэр гъэтэмэмыжын хуейт. Дыжьын франкыр куэдрэ зекIуакъым. 1641 гъэм пащтыхь Людовик XIII - м ахэр ихъуэжащ дыщэ луидоррэ дыжьын экюкIэ. Зы экюм дыжьыну грамм 25-рэ хэлът, ар ливрищым пагъакIуэрт. Людовик къригъэжьа ахъшэ системэр щыIащ франджы революцэм пщIондэ. Революцэ нэужьым франкым зыкъиужьыжащ. ФранкыщIэр - пщIыуэ гуэшыжа валютэр (десятичная валюта) - къэунэхуащ. Ауэ щыхъукIи, япэ илъэс зыбжанэм къыщIагъэкIыфыр нэхъ жьгъейхэрт, дыщэр зэрахуримыкъум къыхэкIыу. 1803 гъэм, Бонапарт Наполеон и тетыгъуэм, къэунэхуа франк лIэужьыгъуэщIэхэр къыщIагъэкIащ 1914 гъэ хъухукIэ. Къэралыгъуэм зихъуэжт, пащтыхьхэм захъуэжт, ауэ франкыр зекIуэрт, сурэт тращIыхьхэмрэ и теплъэмрэ, е къызыхащIыкIым зэхъуэкIыныгъэхэр яIэми. XIX лIэщIыгъуэм къриубыдэу франкыр Франджым и гъунапкъэми икI хъуащ. Ар къыщIагъэкIырт Африкэм, Азием, Америкэм щыIэ франджы колониехэм. Швейцариемрэ Бельгиемрэ франджы франкым къытращIыкIауэ щытащ езыхэм я франк лIэужьыгъуэ. 1860 гъэхэм франкыр Европэм и валютэ нэхъ быдэ дыдэт. 2002 гъэм абы бжьыпэр иритащ еврэм.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




