Бжьэдыгъум я лIы хахуэ

Нэхей Даут Адыгейм щыщ бжьэдыгъу Уэчэпший къуажэм 1917 гъэм къыщалъхуащ, педагогикэ еджапIэр къиухри къуажэ школым щылэжьащ. 1939 гъэм дзэ къулыкъум ираджащ.
Хэку зауэшхуэм и пэ махуэм щыщIэдзауэ бжьэдыгъу щIалэр хэтащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу. Даут зи пашэ батальоныр Вислэ псым япэ зэпрыкIахэм ящыщщ. Генерал-полковник Колпакчи итхауэ щытащ: “Нэхейр зи пашэ батальоным бийр зэхикъутэри, ди дивизэм гъуэгу къритащ”. Даут и батальоным лIыгъэ щызэрихьащ къалэ-быдапIэ Познань дежи. Батальоным и командир Нэхей Даут абы щхьэкIэ къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр. АдыгэлI хахуэм къратащ «Бэракъ Плъыжь», «Невский Александр», «Вагъуэ Плъыжь», «Хэку зауэ» орденхэри.
1946 гъэм дзэм къыхэкIыжри, Нэхей Даут зыщалъхуа къуажэм къигъэзэжащ, егъэджакIуэу, курыт школым и унафэщIу лэжьащ. 1955 гъэм дунейм ехыжащ.

Днепр зэпришат

Щхьэмыгъазэу а зауэм хэта, фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди лъахэм изыхужа адыгэ щIалэхэм ящыщщ хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа Тхьэгъущэ Исмэхьил Хьэлэл и къуэр. Ар 1920 гъэм гъатхэпэм и 17-м Псыущхъуэ ЦIыкIу жылэм къыщалъхуащ. 
Бухгалтер курсхэр ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухауэ, 1940 гъэм жэпуэгъуэм Тхьэгъущэр дзэм ираджэ. Куэд мыщIэу къэхъеящ Хэку зауэшхуэр. Ар фронтым Iухьащ 1942 гъэм щIышылэм и 3-м. Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым лейтенант нэхъыщIэхэм я курсыр къыщиухри, Ипщэ-КъухьэпIэ, Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ, Воронеж, Украинэ фронтхэм Iутащ.
1943 гъэм фокIадэм и 25-м Воронеж фронтым и 47-нэ армэм и 23-нэ фочауэ дивизэм и 89-нэ фочауэ полкым и ротэм и командир лейтенант Тхьэгъущэ Исмэхьил зыхэт полкыр псом япэ Днепр псым зэпрыкIри, Студенец къуажэм (иджыпсту Украинэм и Черкасскэ областым и Каневскэ районым щыщщ) зыщигъэбыдащ. Совет зауэлIхэр жыхьэнэмэм къыщыхута хуэдэт а жэщым: псышхуэ ежэхым кIуапIэ къаритыртэкъым, биишэр къателъалъэрт, шынагъуэт жыпIэныр мащIэт. Сэлэтхэм я ажалыр къэсауэ къащыхъуами, Исмэхьил куэдрэ зримылъэфыхьу, лъэпощхьэпо къахуэхъуа Днепр псы мылым зэпрыкIыну мурад ищIащ. Ар псом япэ хэпкIащ псым икIи IэщIэлъ Iэщэр лъагэу иIэтри, «Вперед! Только вперед!» жиIэри псым зэпрыкIын щIидзащ. Шынэ зымыщIэ лейтенант хахуэм иужь иуващ ротэ псор, итIанэ - полкыр зэрыщыту. Днепр къызэзынэкIа зауэлIхэм занщIэу бийм хэуэн щIадзащ. Тхьэгъущэм къыгурыIуэрт, еужьэрэкIыу емыбгъэрыкIуэмэ, бийм зэрызыкъищIэжынур. Ротэр абы и унафэм щIэту ипэкIэ кIуэтащ.
ЩытыкIэм нэхъри къигъэIэла бийм артиллерие хьэлъэхэмкIэ къыхэуэн щIидзащ лейтенант Тхьэгъущэ Исмэхьил и ротэм. Жэщ-махуитIкIэ екIуэкIащ а зэпэщIэтыныгъэр. Псом хуэмыдэу хьэлъэт фокIадэм и 29-р, генерал-майор Королевыр щыхэкIуэда махуэр. Жэпуэгъуэм и 2-м фашистхэр танк 30 хъууэ, штурм Iэщэу 15 яIыгъыу, лъэсыдзэ батальонитI ящIыгъуу къапэщIэкIуэтащ дыдейхэм. АрщхьэкIэ къыпэщIэува лейзехьэхэм зы Iэмали къыхуамыгъанэу зэтрикъутащ адыгэ щIалэм и дзэм. Бийр икIуэтыжащ, и сэлэтхэмкIи техникэмкIи хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтауэ: танк 11-р ягъэсащ, техники 3 икъутащ, сэлэтрэ офицеру 1000 зэтраукIащ. Бийм и «куэщI» зэрихьа лъагъуэр километр 11-кIэ ягъэкъабзэри, совет армэр ипэкIэ кIуэтауэ щытащ.
1943 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м командир щхьэмыгъазэм «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ. Абы щIыгъуу къратащ Ленин, Вагъуэ Плъыжь орденхэр.
И ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуауэ хэкIуэдащ Исмэхьил икIи лIы хахуэу Хэкум хуэпэжащ. 

УIэгъэ хъуами, хузэфIэкIащ

ФIыцIэ Iэбубэчыр Адыгейм щыщ Банэхэс къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуащ. Шапсыгъщ. Зауэм кIуа нэужь, Керчь, Таганрог, Мариуполь деж щитIысыкIа десантым хэтащ.
ФIыцIэ Iэбубэчыр Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыщIыфIащар Николаев къалэр хуит къыщащIыжым зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэщ: а къалэм и кхъухь тедзапIэр яубыдын папщIэ, десант ирагъэтIысыкIауэ щытащ, зауэлI 67-рэ хъууэ; абы хэтащ адыгэлI хахуэри. Кхъухь тедзапIэр яубыдри, ди сэлэтхэр бийм пэщIэтащ, ди дзэр ялъэIэсыху. 
Десантым хэтам щыщу псэууэ къэнар цIыху пщыкIутIщ; ФIыцIэ Iэбубэчыр уIэгъэ щыхъуащ абдежым, ауэ и пщэ къыдалъхьа къалэныр игъэзэщIэн хузэфIэкIащ. Кхъухь тедзапIэр зыубыдауэ щыта зауэлIхэм псоми къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр. Николаев къалэм дэж Ингул псым и бжьэпэм нобэ тетщ абыхэм я фэеплъ.
Адыгэ щIалэр 1944 гъэм зауэм хэкIуэдащ. ФIыцIэ Iэбубэчыр и цIэр фIащащ езым и къуажэ Банэхэс дэт курыт еджапIэм.
                                                                                             Шапсыгъ щIалэм и лIыгъэ
ЩхьэкIумыдэ Мэсхьуд Банэхэс къуажэм 1916 гъэм къыщалъхуащ, къуажэ еджапIэр къиуха нэужь колхозым щылэжьащ. 1941 гъэм и гъэмахуэм фронтым кIуащ, Москва зыхъумахэм яхэтащ, Ржев, Ленинград деж щызэуащ. Псков, Новгород, Ригэ къалэхэр хуит къэзыщIыжахэм ядэзэуащ. 
Пcков хуит къыщащIыжым щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ шапсыгъ щIалэм къратащ «ЩIыхь» орденым и етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр. А орден лъапIэм и япэ нагъыщэр ЩхьэкIумыдэ Мэсхьуд 1945 гъэм къыхуагъэфэщащ. 
Зауэ нэужьым ЩхьэкIумыдэр Кърым щIыналъэм (районым) щыщ Винограднэ жылэм дэсащ, жызумгъэкI бригадэм и унафэщIу щытащ, абы щыгъуэ къратащ Октябрь революцэм и орденри. 
ЩхьэкIумыдэ Мэсхьуд 1971 гъэм дунейм ехыжащ.

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: