Егъэджэныгъэр IэщIагъэ псоми я щIэдзапIэщ. Къапщтэмэ, егъэджакIуэращ къэкIуэнум IэщIагъэлI хъунухэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъур. Абы сабийр иригъаджэ къудейкъым, цIыху нэс къызэрыхэкIынуми гурэ псэкIэ йогугъ.
Ауэ ди зэманым, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм, дуней псо зэхущытыкIэхэм псынщIэу зэрызаужьымрэ зэрызахъуэжымрэ къыхэкIыу, егъэджэныгъэми Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхуагъуэтын хуейуэ егъэджакIуэхэм я къалэнщ: цIыху щхьэхуэм хуэгъэза егъэджэныгъэм епха гугъуехьхэр, зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр адрейхэм я гъусэу щIэныгъэ етыныр къызэгъэпэщыныр, ныбжьыщIэр гупсысэфу егъэсэныр, нэгъуэщI куэди.
Зи гугъу тщIыхэм пэлъэщ, ехъулIэныгъэхэр къэзыгъэлъагъуэ егъэджакIуэхэр Тэрч щIыналъэм куэду зэриIэм шэч хэлъкъым. Ди тхыгъэр абыхэм ящыщ зыбжанэм тедухуауэ аращ.
Акъбащ Ипщэ къуажэм дэт курыт школым пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ, мы гъэм «Анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо IэщIагъэ зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм пашэ щыхъуахэм ящыщ ШэджыхьэщIэ Еленэ щIэблэр хэкупсэу, къызыхэкIам ирипагэу къэхъуныр ирепх анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъум: «Зэи хуэмыдэжу иджыпсту мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ анэдэлъхубзэр хъумэным. Тлъагъур сыт: адыгэбзэм ирипсалъэхэр нэхъ мащIэ мэхъу, лъэпкъ хабзэхэм жылагъуэр къытокI, унагъуэм анэдэлъхубзэ илъыжкъым. АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ сэ, абы и лъэныкъуэкIэ си къалэн нэхъыщхьэу къызолъытэ сабийхэми абыхэм я адэ-анэхэми анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр къагурызгъэIуэныр, абы пщIэ хуегъэщIыныр, фIыуэ егъэлъагъуныр. А псом я щIэдзапIэр унагъуэракъэ, жыфIэнкIи хъунщ. Пэжщ, цIыхум зекIуэн щхьэкIэ япэ лъэбакъуэхэр ичу зэрызигъасэм хуэдэу, дунейри абы нэхъапэ «къызэрицIыхур» къыдалъху бзэращи, куэд елъытащ езы адэ-анэхэм, абыхэм я зэхэщIыкIым. Унагъуэм деж щигъуэта лъабжьэм сабийм адэкIэ зыщригъэубгъуфынущ дерсхэм. Нобэ ебгъэджэфынукъым блэкIам ухуемыплъэкIыжу, лъэпкъ щэнхабзэр ухуэсакъыу зомыхьэу. Анэдэлъхубзэр щыбджкIэ, уи къуэпсхэм уалъоIус, Iэмал уогъуэт ихъуреягъкIэ щыIэ дунейри нэхъыфIу зэхэпщIыкIыну. Бзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэхэмрэ си тегъэщIапIэу, ныбжьыщIэхэр согъасэ.
ЗэрыжысIауэ, анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ школым и закъуэ и къалэнкъым, абы телэжьэн хуейщ цIыхубэр зэрыщыту. Вяземский Пётр къыхигъэщауэ щытащ: «Анэдэлъхубзэр ди щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэу, ди щIэныгъэм и къигъэхъуапIэу щытын хуейщ». Сэ жысIэращи: «Дэ жэуаплыныгъэшхуэ ди пщэ дэлъщ ди ужь къэкIуэнухэм ди бзэрэ щэнхабзэрэ яIэным хуэгъэзауэ…»
Красноармейскэ къуажэм и курыт школым тхыдэмрэ обществознаниемкIэ и егъэджакIуэ, лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ират саугъэтыр мы гъэм зыхуагъэфэща Атакуевэ Маринэ 1980 гъэ лъандэрэ мы IэнатIэм пэрытщ, дерсхэр щIэщыгъуэ зэрищIыным иужь иту, еджакIуэхэр тхыдэ лъэхъэнэм хишэу. Бзылъхугъэм иригъаджэхэр Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм сыт щыгъуи къыхожаныкI. Ар иропагэ и гъэсэн куэд еджапIэ нэхъыщхьэхэм я тхыдэ, юридическэ къудамэхэм зэрыщIэтIысхьэм. Маринэ яхэтщ КъБКъУ-м социальнэ дерсхэмкIэ и кафедрэм и лектор гупым, тхыдэмрэ обществознаниемкIэ кIэух аттестацэ езыгъэт щIыналъэ комиссэхэми я экспертщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа тест лэжьыгъэхэр зэхэзыгъэувахэм ящыщ зыщ (2017 гъэм Налшык къыщыдагъэкIауэ щытащ). Зэманым зэрыдэбакъуэм и нэщэнэщ, егъэджакIуэ сайтым методикэ къэхутэныгъэхэмкIэ ар адрейхэм зэращыдэгуашэр.
Маринэ 2008 гъэм «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» лъэпкъ Iуэхум щытекIуауэ щытащ, «Илъэсым и егъэджакIуэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм и лауреат хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм я ЩIыхь тхылъхэр, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник» дамыгъэр, нэгъуэщI куэди къыхуагъэфэщащ.
«Си школым, си еджакIуэхэм срогушхуэ икIи дэтхэнэри согъэлъапIэ», - жеIэ зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэ, ныбжьыщIэхэр езым и щапхъэкIэ къыдэзыхьэх егъэджакIуэм.