КъэкIуэнум егупсысу

      

Кавказ.РФ-м кадрхэмкIэ и политикэм щIэуэ къыхыхьа унэтIыныгъэхэм ящыщщ курыт еджапIэм щIэсхэм ядэлэжьэныр, абыхэм IэщIагъэхэр къыхахынымкIэ ядэIэпыкъуныр, зэчиифIэхэр къэгъэнэIуэныр. Апхуэдэуи зыужьыныгъэмкIэ институтыр ядолажьэ щIыналъэхэм цIыхухэм IэнатIэ къахуэгъуэтынымкIэ я къулыкъущIапIэхэм.

 ЖыпIэнурамэ, я деж щыIэ лэжьапIэхэм ехьэлIа «жармыкIэхэр» ирегъэкIуэкI, цIыхухэм щахуозэ. IэнатIэ къэзылъыхъуэхэр щагъэгъуазэ сыт хуэдэ къэрал, социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр иратынуми, я IэщIагъэхэм хагъэхъуэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.

Псалъэм къыдэкIуэу, Кавказ.РФ-м IэнатIэ Iутхэм ядэлэжьэнымкIэ и департаментым мы гъэм и фокIадэм Iуащхьэмахуэ районым «жармыкIэ» щригъэкIуэкIащ. Абы къыщигъэлъэгъуащ «Iуащхьэмахуэ» курортым цIыху хуэныкъуэ и IэнатIэхэр.  Апхуэдэу IуэхущIапIэхэм къалъыхъуэ машинэзехуэхэр, къегъэлакIуэхэр, слесархэр, инженерхэр, техникхэр, нэгъуэщI лэжьакIуэхэри. Абы щыгъуэ «жармыкIэм» кърихьэлIахэм ящыщу 47-м я анкетэхэр къыIахащ.

 Осетие Ищхъэрэ – Аланиеми Iуэхухэр щыапхуэдэщ: «Мамисон» курортым лэжьыгъэ вакансиеу 55-рэ нобэкIэ щыIэщ. «ЖармыкIэм» кърихьэлIахэм я анкетэхэр къащтауэ, ахэр къапщытэ.

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэм Кавказ.РФ-мрэ Осетие Ищхъэрэм и сату-экономикэ колледжымрэ къызэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм и туризм IэнатIэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэ.  Къалэн нэхъыщхьэу щытыр щIыналъэхэм я туризм IэнатIэхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэмкIэ иригъэкъунырщ. ХэкIыпIэу ялъагъури еджапIэ нэхъыщхьэхэр, колледжхэр, IуэхущIапIэхэр зэдэлэжьэнырщ. КИФЩI-м и щIыналъэхэр жыджэру иджыпсту къыхыхьащ а Iуэхум, абыхэм я унафэщIхэми ар къыдаIыгъ.

Экспертхэм къызэрабжамкIэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм и туризм IэнатIэр IэщIагъэлI, лэжьакIуэ зэхуэмыдэу мин 23-м щIигъум хуэныкъуэнущ. Иджы къызэрагъэпэща зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ туризм IэнатIэм кадрхэр хуэгъэхьэзырынымрэ щIыналъэм и цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщынымрэ.

БЭБЭЧ Башир.

 

Поделиться:

Читать также: