Дэтхэнэ IэщIагъэри къащти, уэ узытеувагъащIэ гъуэгур абы щыпхызыша цIыхум хуэдэу, щапхъэрэ щIэгъэкъуэнрэ пхуэхъу щыIэ къыщIэкIынкъым. Езыр хьэл тыншрэ гуп гъэгушхуэу, тхэн IуэхукIэ дэтхэнэ темэми хуэIэижьу, блэкIари нобэри Iэзэу зэрипхыфу къекIуэкIащ ныбжьыщIэу тхэн щIэзыдза Шал Мухьэмэд. Аращ ди лэжьакIуэ гупым абы хуащIа егъэжьэж зэхуэсыр дигу къыщIинар.
ЛэжьакIуэ лъэрызехьэ зэрытхэщIым къыдита гукъыдэмыжыр мащIэу игъэщэбащ зи гугъу тщIы зэхуэсым Мухьэмэд хузэхуэтхьэса псалъэ гуапэхэр жетIэну Iэмал зэрыдгъуэтам. Гупым къыбгъэдэкIыу, Мухьэмэд фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч: «Мухьэмэд, илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ ди газетым ущыIэщ. Абы ипэжкIэ радиом къыщыщIэбдзащ. Дэтхэнэ зыми уелъэн хуэдэу, уи акъылкIи, уи зэфIэкIкIи ноби лэжьыгъэм уполъэщ, зы махуи къанэркъым уи къалэныр умыгъэзащIэу. Куба нэс махуэ къэс укъикIрэ улажьэу, иужькIэ унагъуэм уекIуэлIэжу иджыри къэс укъекIуэкIащ. Иджы унагъуэм тIэкIу укъытхэсмэ нэхъ къэтщтэнущ жаIэу урашэлIэжу аращи, дызэрыпхуэныкъуэнум шэч хэлъкъым, адрей ди япэ ита псоми дазэрыхуэныкъуэм хуэдэу. Сыт хуэдизрэ дигу укъэкIыу щытми, цIыху угъурлыуэ, лэжьакIуэшхуэу, нэхъыщIэми нэхъыжьми задебгъэкIуфущ уи цIэ къызэритIуэнур. Iуэхум я нэхъ гугъур зэфIауду, нэху щыху щыщIэс къэхъуу, ящIар якъутэжрэ щIэрыщIэу ятхыжыну къахуихуэу лэжьащ ди япэ итахэр. Иджы нэхъыжьыфIу ди пащхьэ уиту аращи, узыншагъэ быдэ Алыхьым къуит, Мухьэмэд, уи унагъуэ дахэм илъэс куэдкIэ Тхьэм уащхьэщигъэт, уи щIэблэм я гуфIэгъуэ плъагъуу, куэдрэ ди япэ уитыну дыхуейщ! Пщэдей щыщIэдзауэ лэжьыгъэ IэнатIэм упэрымыту щымти, птхынури, узытетхыхьынури, уи тхыгъэхэр зэрыкIуэцIрыкIынури уощIэри, уи IэдакъэщIэкIхэми дыпэплъэнущ, телефонкIи дызэрыщIэнущ, укъыщыкIуэфIхэм дежи, сыт щыгъуи удигуапэщ».
КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI къалэнри зэригъэзащIэм къыхэкIыу, Заурбэч Шал Мухьэмэд иритащ «Илъэс 50-кIэ и гуащIэм щымысхьу IэнатIэм зэрыIутам и щыхьэт щIыхь тхылъ».
«Сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу лIыфI куэд щылэжьащ «Адыгэ псалъэм», уеплъ къудеймэ, уазэрыдэлажьэм уригушхуэу, Мухьэмэди абыхэм язщ, - иухащ и псалъэр Жыласэм. - Мухьэмэд зэрылэжьам нэхърэ мынэхъыкIэу дэтхэнэ зыри фылэжьэфын Тхьэм фищI, мыпхуэдэу псалъэ гуапэ къыфхужаIэу, и чэзу къэсмэ, фытIысыжын хуэдэу».
Шал Мухьэмэд и къуажэгъу, жэуап зыхь секретарым и къуэдзэ, корректор ДыщэкI Соня жеIэ: «Шал Мухьэмэдрэ сэрэ зы къуажэм дыкъыщыхъуащ, си дэлъхум и ныбжьэгъути, дызэкIэлъыкIуэу щытащ. Школым фIы дыдэу щеджащ Мухьэмэд, адрейхэм къахэщу. Экзамен итауэ кIуэжрэ пэт, гъуэгум и ныкъуэр зэпичауэ, къэпщытакIуэхэм яримытыфа жэуапыр къищIэжщ, игъэзэжри яжриIауэ щытащ, апхуэдизкIэ щIэныгъэм хуэщIати. Иджы дызэдолажьэри, къэкIуа нэужь, къуажэ хъыбархэр зэIэпыдох, цIыху гуапэщ, псэ хьэлэлщ».
Хьэщыкъуей Олег Шалым и гъусэу зы пэшым зэрыщIэсым абы и шыфэлIыфэм нэмыщI, и купщIэри къригъэцIыхуащ: «Шал Мухьэмэд цIыху Iэдэбщ, гъэсащ, нэхъыжьыфIщ. ЗэрызэпIэзэрытыр, гупсысэ хэлъу зэрыпсалъэр, дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу зэрыхъур, щIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъыр, шыIэныгъэ зэрыхэлъыр лъапIэщ си дежкIэ».
Газетым и теплъэр зэхэзыгъэувэ Дол Марини Мухьэмэд хужиIэн иIэщ: «ЦIыху дыщэ жыхуаIэм хуэдэщ Шал Мухьэмэд, хьэл тынш иIэщ. И гур зэIухауэ, шэрыуэу псалъэу, зэчиишхуэ бгъэдэлъу. Зы псалъэуха уигу къимынэжыну жиIэнукъым. Гупсысэ хэлъщ, гушыIэкIи ещIэ, зи республикэр, зи къэралыр фIыуэ зылъагъу цIыхущ».
Редакцэм къызэрыув лъандэрэ, Мухьэмэд сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъур ягу къагъэкIыжащ журналист нэхъ щIалэхэм.
«Шалым бзэ и лъэныкъуэкIэ зэчиишхуэ бгъэдэлъщ, - жиIащ Къаныкъуэ Анфисэ. - УрысыбзэкIэ тхыгъэ иботри, ипэкIи емыплъауэ, къыIэрыхьа къудейуэ, асыхьэтым адыгэбзэкIэ зэредзэкIыф. И кIэм уроплъэжри, зы дагъуэ имыIэу къыщIокI».
«Сыкъыщыува махуэм щегъэжьауэ Мухьэмэд си дежкIэ щапхъэщ, щIэнгъуазэ хьэзырщ. Сыт хуэдэ упщIэкIэ убгъэдыхьэми, Мухьэмэд деж жэуап пыухыкIа щыбгъуэтынущ», - арэзы тохъуэ абы жиIэм ЩхьэщэмыщI Изэ.
Шал Мухьэмэд лэжьэн щыщIидза махуэмрэ иджырей зэманымрэ зэрызэрипхым, нобэрей газетымрэ ар цIыхухэм зэралъэIэсымрэ яхуиIэ еплъыкIэм, къинэмыщIхэм щытедгъэпсэлъыхьа интервью мыгувэу газетым къытехуэнущи, фыпэплъэ.