Фащэр лъэпкъым и напэщ, абы къытощ адыгэм и шыфэлIыфэр, тхыдэр, хабзэр, гъэсэныгъэр, щэнхабзэр, лIыгъэр, хахуагъэр. Абы ипкъ иткIэ, жыпIэ хъунущ фащэр адыгэм и тхыдэу, и блэкIам щыхьэт техъуэ дамыгъэ лъапIэу. Нобэ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтами, зэманым драгъэкIуу щIэблэм зэращыгъым, IэщIагъэлIхэм иджырей теплъэхэр зиIэ цейхэмрэ саехэмрэ къызэрагъэщIым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдиз гъуэгуанэ къызэзынэкIауэ иджыри лъэпкъым и набдзэ фэилъхьэгъуэр Кавказ лъэпкъ куэдым зыщатIэгъащ, къэзыгупсыса, зей лъэпкъым и цIэр фIащыжри. «Черкеска»-р зыщыгъ сыт хуэдэ лъэпкъми цIыхуми зызыхуигъадэр шэрджэс лIы хахуэмрэ шэрджэс пщащэ теплъафIэмрэщ. Ар зэманым хэмыкIуэдэжын, нэгъуэщIым зримылъэфэлIэфын, лъэпкъым пщIэ зыхуищI фэилъхьэгъуэ лъапIэу диIэщ.
Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Черкесск щекIуэкIа фестивалым цIыху гъэщIэгъуэн, IэпэIэсэ куэд кърихьэлIащ. Абы иращIэкIа махуэщIри хуабжьри гукъинэж хъуащ.
Адыгэ хьэпшып жыпIамэ, ар нэхъ Iэзэу зыщI бгъуэтынкъым Адыгейм ис бзылъхугъэхэм нэхърэ. Адыгей IэпэIэсэ зыбжанэм я Iэдакъэ къыщIэкIа жьыхухэр, къэлътмакъхэр, зэрызэрагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр, чысэхэр куэду Iэнэм тегуэшащ. Хъуран Азэ зэрыжиIамкIэ, IэпэIэсэхэр зэчэнджэщри, псоми я хьэпшып зэрыз-тIурыту зэхэлъ гъэлъэгъуэныгъэр Черкесск къашэну мурад ящIащ мы гъэм.
ЛъэныкъуэкIэ къыщытщ ХъуакIуэ Рузанэ и фащэхэр, ахэр зи IэзагъкIэ зыгъэщIэрэщIа Нэгъуей Оксанэ и IэдакъэщIэкIхэр. Иджырей лъэхъэнэм уи Iэм зыгуэр ищIыныр, щIэ гуэр къэбгупсысыныр фIыщ, аращ щIалэгъуалэр дэзыхьэхыр. Оксанэ тхылъымпIэ гъэджэрэзам къыхищIыкI гуащэхэмрэ фащэхэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Абыи къыщымынэу, бзылъхугъэ фащэм, Рузанэ идахэм, тхылъымпIэ гъэджэрэзам къыхэщIыкIа тхыпхъэхэр тредэ.
- Рузанэ фащэ дын зэрыщIидзэрэ илъэс 20-м нэблэгъами, сэ IэпэIэсэхэм сазэрыхыхьэрэ илъэс зыбжанэ къудейщ зэрыхъур. ТхылъымпIэ гъэджэрэзам хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыхащIыкIыр Интернетым щыслъэгъуауэ аращ. Сэри апхуэдэ зыгуэрхэр сщIын щIэздзэри, сыдихьэхащ. Ауэрэ тхыпхъэщIыпхъэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ сщIыуэ езгъэжьащ. Ар зылъэгъуа си ныбжьэгъухэм сытрагъэгушхуэри, селэжьу щIэздзащ, – жеIэ Оксанэ.
Оксанэрэ Рузанэрэ зэгурыIуэри, иджырей фащэм и теплъэщIэхэр къагупсысащ. ТхылъымпIэ гъэджэрэзам къыхэщIыкIауэ бгъэIулъым, бгырыпхым, пыIэм трагъэтIысхьэну тхыпхъэщIыпхъэхэр зэмылIэужьыгъуэу ещIри, зытрилъхьэну фащэм екIуну плъыфэкIэ елэж Оксанэ. Ахэр иджы япэу Черкесск утыку къыщрахьащ.
Апхуэдэ хъыбар щIэщыгъуэхэмрэ фащэм и теплъэ зэмыщхьхэмрэ цIыхубэр дихьэхауэ еплъащ а махуэм, ягу ирихь хьэпшыпхэр къащэхуащ. Нэхъыщхьэрати, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу, лъэпкъ уардэм къызэрыхэкIам иригушхуэу, хьэпшып, зэхэтыкIэ, хабзэ уасэншэ зэраIэм я щхьэр иджыри зэ лъагэу яригъэлъагъужу заплъыхьащ. Апхуэдэ дыдэуи нэгъуэщI лъэпкъхэми ялъэгъуащ адыгэм и блэкIар зэрыбейр, и щIэблэм ябгъэдэлъ зэчийр, я адэжьхэм яхуэфащэу, лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ хэкупсагъэмрэ хуэпэжу адэкIи зэрыбакъуэр.
Утыкум адыгэ хьэпшыпхэр щызэзыгъэлъэгъуа цIыхубэр хуэмурэ Черкесск и АмфитеатрымкIэ яунэтIащ. Абы щекIуэкIащ зэкъуэш хэгъэгухэм къикIа артистхэри зыхэта махуэшхуэ концерт.
Концертыр къызэIуихащ икIи дахэу иригъэкIуэкIащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ.
АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ цейм теухуауэ итха усэмкIэ къызэIуихащ Люсанэ концертыр.
«...Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу яхуэхъуащ». Щыпкъэщ, захуагъэщ икIи узэрыгушхуэщ а псалъэхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм къекIуэлIа куэдым адыгэ фащэхэр ящыгът, тхыпхъэщIыпхъэхэр къызытещ фэилъхьэгъуэхэмкIэ зэщыхуэпыкIат щIалэгъуалэм я нэхъыбэр. Нэр ягъэгуфIэрт Адыгэ-Хьэблэ, Хьэбэз районхэм, Хъумэрэ къуажэм къикIа, адыгэ фащэр екIупсу зыщыгъ дадэхэм.
ФIэхъус псалъэкIэ хьэщIэхэм захуигъэза нэужь, Абидокъуэ Люсанэ утыкум къригъэблэгъащ бысым Хасэм и тхьэмадэ, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат Аслъэн Алий.
-Хуабжьу фIыщIэ ин фхуэсщIыну сыхуейщ зэхуэдэу дызэрыгушхуэ фащэм и махуэм тедуха гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIа псоми, ар едгъэкIуэкIыныр къыддэзыIыгъа, къыддэIэпыкъуа республикэ къулыкъущIапIэхэм я унафэщIхэми. Лъэпкъыр псэущ и блэкIам пщIэ хуищIыху, и хабзэ, и бзэ, и фащэ зэрихьэжыху. Абы елъытамэ, Адыгэ фащэм махуэ хухэпхынри ар ину бгъэлъэпIэнри Iуэху щхьэпэщ. Пасэм адыгэм ящыгъа фэилъхьэгъуэр иджыри ди щIалэгъуалэм зэрызэрахьэр гуфIэгъуэшхуэщ. Ар щыгъын къудейкъым, атIэ лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм уезыгъэгупсысщ, ар зыхозыгъащIэщ икIи укъызыхэкIам ухуэпэжу ущытынымкIэ сэбэпышхуэ хъу хьэпшыпщ. Сыхуейщ мы махуэм и мыхьэнэр зыхэтщIэу, ди блэкIам дригушхуэу, ди къэкIуэнур дахэ зэрытщIыным зэгъусэу дытелажьэу дызэдэпсэуну, – жиIащ Аслъэн Алий.
Уэрэдрэ къафэкIэ гъэнщIауэ щыта пшыхьым пщащэ щIыкIафIэ зэкIужхэм щагъэлъэгъуащ Нэхущхэ Заремэрэ Мединэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа фащэхэр. Я теплъэкIэ, плъыфэкIэ, дыкIэкIэ зэмыщхь фэилъхьэгъуэхэм ящыщ дэтхэнэ зыми ущIыдихьэхынрэ сщыгъарэт щIыжыпIын хъуэпсэгъуэ гуэррэ яхэлът. Ини цIыкIуи зыхэта, нэхъыщIэ дыдэхэми утыкур хуит щыхуащIа гъэлъэгъуэныгъэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ, зэанэзэпхъум яхуэхъуахъуэурэ.
НэхъыжьыфI зимыIэм нэхъыщIэфI иIэкъым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ абы къадэлажьэ Хасэ унафэщIхэмрэ кърагъэблэгъащ утыкум.
- Фащэм, хабзэм, лъэпкъым я мыхьэнэр къызыгурыIуэ, абы пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ зыми фIыщIэ хуэфащэщ, – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Дэнэ щыпсэу адыгэри зэкъуегъэувэ нобэ хуэдэ махуэм. Сыхуейщ адыгэр адрей лъэпкъхэм сытым дежи къазэрыщхьэщыкIыу щыта ди лIыгъэр фхэлъу, хабзэмрэ нэмысымрэ зефхьэу, бзэмрэ тхыдэмрэ фхъумэу диужь ит щIэблэр фыкъэгъуэгурыкIуэну. Ди лъэпкъым куэд и нэгу щIэкIащ. Дэ къыдгуроIуэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэмэ, абы щIэблэр щIэтпIыкIмэ, ди гъуэгур кIыхь зэрыхъунур. Фащэм и IуэхукIэ нобэ дызэхуэсами, дыщIызэхыхьэн гурыфIыгъуэ куэд иджыри Тхьэм къыдит. Лъэпкъ куэд щызэхэс ди Хэкур нэхъри ефIэкIуэну, нобэ гъунапкъэхэр зыхъумэ ди щIалэгъуалэр узыншэу къекIуэлIэжыну, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Урысей псоми зэIузэпэщыныгъэрэ зэгурыIуэрэ илъыну сохъуахъуэ.
Псалъэ гуапэкIэ къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ икIи лъэпкъым къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэр хъумэным фIым дызэрыхуишэнур къыхэщу къэпсэлъащ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Факъуэ Руслан, МэшылI Руслан сымэ.
ЗэIущIэм щагъэлъэгъуащ лъэпкъ щэнхабзэм и курыхыу ялъытэ фащэм нобэ елэжь IэпщIэлъапщIэхэр зыхэта фильм кIэщI. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм ис бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм гум нэсу жаIэжащ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэм я зэхылъыкIэр, зехьэкIэр. Адыгэ фащэм псэщIэ хэзылъхьэжауэ къалъытэ, «япэ адыгэ кутюрье» зыфIаща СтIащ Юрэ и коллекцэм ЩIы хъурейм гуапагъэмрэ мамырыгъэмрэ, зэгурыIуэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ укъыхуезыджэ гупсысэхэр теплъэ зыхуищIа фащэ пщIы бжыгъэхэр зэрыхэтыр щыжеIэ фильмым. Абы и цIэр дыщэ IуданэкIэ щыхидыкIащ лъэпкъ тхыдэм.
Концертыр ягъэдэхащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Къэрал филармонием къафэмкIэ и театрым, «Пасэрей» лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ ансамблым, «Зори Урупа» сабий къэфакIуэ гупым, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм щIыхьыцIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэу Мэремкъул Ачар, Думэныщ Лианэ, Муратхэ Мурат, Ажий Мурат, Мамхэгъ Каринэ, Унэж МуIэед, Адэмокъэ Ахьмэд, Хъупсырокъуэ Мурат, Зеушэ 1эуес, ХьэбытIэ Вячеслав, Лъашэ Альберт, Хъуран Азэ сымэ.