ЩIэныгъэм епха япэ лэжьыгъэхэр Къэбэрдейм щыщекIуэкIар XIX лIэщIыгъуэм и кIэ XX и пэ зэманхэрщ. 1898 - 1902 гъэхэм къриубыдэу къуажэ школу щIыналъэм 27-рэ къыщызэIуахауэ щытащ. Абыхэм ящыщт Болэтей къыщызэрагъэпэща япэ пэщIэдзэ еджапIэри.
А зэманым абы екIуалIэр сабии 10 - 14 хъу къудейт, ахэр иригъаджэрт къуажэдэс Къущхьэунэ Алимырзэ. Муслъымэн еджапIэхэри къуажэм и Индрей, Къумыкъу, Болэтей хьэблэхэм щылажьэрт. 1912 гъэм къуажэм къыщызэIуахащ мыдрисэ, абы ныбжьыщIэхэр ирашалIэрт Къущхьэунэ Машэ, Блай Ахъмэтыкъ, Мэкъуауэ БытIэ сымэ.
Къуажэ школым нэхъыбэу щеджэр Блайхэ, Къуэдзокъуэхэ, Мамрэшхэ, Фанзийхэ я щIэблэрт. ЕджакIуэхэм яхэтт хъыджэбз цIыкIу зыбжани - Блайхэ Зэрылэ, Токъу, Сулимэ сымэ.
Граждан зауэр къэхъейри, зэманкIэ къызэтрагъэувыIат егъэджэныгъэ лэжьыгъэр. АрщхьэкIэ, Совет властыр яухуэжа нэужь, школхэми я Iуэхухэм пащэжащ. ЕгъэджакIуэ емызэшыжхэт Блай Увжыкъуэ, Къуэдзокъуэ Къасым, Блай Къэрэшей сымэ.
1920 гъэм макъуэуэгъуэм и 15-м ирихьэлIэу, Болэтей школым щеджэрт сабий 40-м нэблагъэ. ЦIыхухэр щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ зэрыхъуам и щыхьэтт къыкIэлъыкIуэ илъэсым еджэхэм я бжыгъэр 150-м зэрынэблэгъар.
Тхылъ щеджэ унэ 1924 гъэм жылэм зэрыщаухуауэ щытами мыхьэнэшхуэ иIащ. Абдежт жылагъуэ, политикэ, щэнхабзэ Iуэхухэм къуажэдэсхэр щыхагъэгъуазэр.
1930 гъэ пщIондэ къуажэ школым щрагъэджащ Хьэпэ Езид, Шыгуанэ ТIынэ, Тхьэгъэзит Уэсмэн, Щокъул Хьэфан, нэгъуэщIхэми. 1936 гъэм Болэтей и пэщIэдзэ школыр курыт иримыкъу еджапIэ ящIат. Абы и унафэщIу щытащ Бабыцэ Шухьэиб, иужькIэ Темрокъуэ Индэрбий.
1942 гъэм Болэтей школыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм сымаджэщ ящIат. ИужькIэ, 1943 гъэм щIышылэм бийр къуажэм щыдахужым, школыр жылэдэсхэм зэфIагъэувэжри, курыт еджапIэ ящIащ. Илъэс зэхуэмыдэхэм абы щрагъэджащ Тхьэгъэзит Рашад (1946 – 1956), Хъаний Хьэгуцырэ (1956 - 1964), Къущхьэ Юрэ (1964 - 1974), Балъкъэр Владимир (1974 - 1998) сымэ, нэгъуэщIхэми.
1967 гъэм Болэтей щаухуащ еджакIуэ 320 зыщIэхуэ школ. Илъэс 23-рэ дэкIа иужь, абы зрагъэубгъури, сабий 784-м еджакIуэ кIуэну Iэмал яIэ хъуат.
Нобэ курыт школым и унафэщIщ Хамэ Загирэ. ЕгъэджакIуэ 20 щолажьэ, абыхэм ящыщу 15-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ. ЦIыхуищым (Лъэужь Хьэзрэталий, Сыкъун Таисэ, Фанзий ФатIимэ) къыхуагъэфэщащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэм и отличникыу егъэджакIуитI - Лыкъуэжь Заретэрэ Балъкъэр СулътIанрэ - щолажьэ.
Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, школым екIуалIэ еджакIуэм я бжыгъэм хэщIурэ йокIуэкI: 2010 гъэм абы щIэсащ цIыху 250-рэ, 2011 гъэм - 240-рэ, 2012 гъэм - 216-рэ, 2018 гъэм - 206-рэ.
Къуажэм дэт «Насып» сабий садымрэ школымрэ 2003 гъэ лъандэрэ зэуIу ящIыжащи, егъэджакIуэхэм Iэмал яIэ хъуащ цIыкIухэр иджыри курыт еджапIэм мыкIуэ щIыкIэ щIэныгъэм хагъэгъуэзэну.. ГъэсапIэм мы зэманым сабии 113-рэ макIуэ.
Школым езым и сайт Интернетым щиIэжщ. Абы къыщагъэлъагъуэр еджакIуэхэм драгъэкIуэкI щIэныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр. ЕджакIуэхэр жыджэру йокIуалIэ «Электротехника», «Физикон», «Сигма», «Химия в быту», «Риторика», «Золотая маска» гупжьейхэмрэ дерсхэмрэ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу 2008 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм школым мелуан хъу грант къыщихьэхуауэ щытащ. А ахъшэмкIэ химие, биологие кабинетхэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр, компьютерхэр, спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ школакIуэхэр зыхуеину хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри къащэхуащ.
2018 гъэм Болэтей школыр «Урысей зэкъуэт» политикэ партым «Къуажэхэм я спорт пэшхэр зэIузэпэщ щIын» и программэм хэхуэри, кърата сом зы мелуанрэ мини 116-мкIэ еджапIэм и спорт пэшыр зыхуей хуагъэзащ.
Курыт еджапIэм и лэжьыгъэр зэIузэпэщу екIуэкIын, еджакIуэхэр еджэным нэхъ трагъэгушхуэн мурадкIэ, къуажэдэс хьэрычэтыщIэхэми школым мылъкукIэ зыщIагъакъуэ. Абыхэм ящыщщ Семэн Юрэ, Мэкъуауэ Мурат, Хьэрэдурэ Заурбий, Дадэхэ Аскэрбийрэ Юрэрэ, Жылау Михаил, Гъэсашэ Любэ, Къудалий Мухьэмэд, Джэршыш Аслъэн сымэ.
ЕджакIуэхэри адэ-анэхэри къыхуэарэзыуэ мы школым 2001 гъэ лъандэрэ музыкэмкIэ щрегъаджэ Къуэдзокъуэ Мадинэ. Гупжьей зэхуэмыдэхэм, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм школакIуэхэр дригъэхьэхыурэ, абы сабийхэм я еджэгъуэ зэманыр щIэщыгъуэ ящещI. ЩIыналъэм гъэ къэс щекIуэкI «Джылахъстэней джэгу» IуэрыIуатэ зэпеуэм Къуэдзокъуэм сыт щыгъуи хуегъэхьэзыр сабийхэр икIи нэхъыфIхэм ящыщу щытхъу яIэу къокIуэж. Псалъэм папщIэ, 2007 - 2008, 2008 - 2009 гъэ еджэгъуэхэм зэкIэлъхьэужьу япэ увыпIэр абы игъэхьэзырахэм яIыгъащ, 2009 - 2010 гъэхэм ахэр а зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ, къыкIэлъыкIуэ 2011 - 2012 илъэсхэм Мадинэ и еджакIуэхэм япэ увыпIэр яубыдыжащ. Къуэдзокъуэм и гъэсэнхэр жыджэру хэтщ «XIX лIэщIыгъуэм и пашэ» зэхьэзэхуэми. 2008 - 2009 гъэхэм болэтейдэсхэм абы етIуанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщауэ щытащ. Лъэпкъым и хабзэр, щэнхабзэр зи лъабжьэ «Си щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ зэпеуэми хуегъэхьэзыр Мадинэ еджакIуэхэр икIи ехъулIэныгъэ яIэу абыи зыкъыщагъэлъагъуэ.
«Узэгугъур къогугъуж» - жаIэ. Къуэдзокъуэ Мадинэ езэш имыIэу сыт щыгъуи щIэ гуэр къелъыхъуэ, къегупсыс, щIалэгъуалэм ящхьэпэн яригъэщIэн папщIэ. Мадинэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Тэрч районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм, Болэтей курыт школым къабгъэдэкI фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр.
«ЦIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэм и отличник», «ЕгъэджакIуэ нэхъыжь», «Сорос и саугъэт къэзыхьа егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр, «За трудовое отличие» медалыр зэрехьэ 1991 гъэ лъандэрэ Болэтей школым математикэмрэ физикэмрэ и егъэджакIуэу лажьэ Лыкъуэжь Зарети. Абы и дерсхэр егугъуу къызэрегъэпэщ, иджырей мардэхэм тет IэмэпсымэщIэхэри къыщегъэсэбэп. Ар еджакIуэхэм хуэнабдзэгубдзаплъэщ, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ хуиIэщ, нэхъыфIу къазэрыгурыIуэным хуэдэуи зыхуегъэхьэзыр. Лыкъуэжьым и еджакIуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр яIэу зыкъыщагъэлъагъуэ район, республикэ, урысейпсэ олимпиадэхэмрэ зэпеуэхэмрэ. «Познание и творчество» урысейпсо зэпеуэм Заретэ и еджакIуэ 15 пашэ щыхъуащ, 30-р лауреатщ. Апхуэдэуи, физико-математикэ дерсхэмкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэм 12-м текIуэныгъэр къыщыхуагъэфэщащ, 19-м я лэжьыгъэр къыщалъытащ. Езы Заретэ хэтащ егъэджакIуэхэм я «Образование: взгляд в будущее» урысейпсо зэхьэзэхуэм икIи 3-нэ увыпIэр къыщихьащ.
Илъэс 40-м щIигъуауэ егъэджэныгъэ лэжьыгъэм зи гуащIэ хэзылъхьа Сыкъун Таисэ (КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэр къиухащ) къыфIащащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
Мыпхуэдэ лэжьакIуэхэр ноби и мащIэкъым Болэтей курыт еджапIэм, дэтхэнэри хущIокъу щIэблэ дахэ, Iущ, жан игъэсэну.