Жэпуэгъуэм и 29-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэ-кIащ «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэ» дунейпсо IуэхущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэмрэ КъБКъУ-мрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща «Ды-зэкъуэтмэ, дылъэщщ» жыхуиIэ зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым, Правительствэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, студентхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэ» дунейпсо IуэхущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Нобэрей зэIущIэр къызэдгъэпэщащ Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэ дахэу Урысейм щагъэлъапIэм дыпежьэу. Урысейр лъэпкъыбэщ. Ар къэрал къулеигъэхэм я щхьэж кIуэ Iуэхугъуэщ жыпIэ-мэ, ущыуэнукъым. ИкIи Урысейм и политикэр зэщIэкIыжар а зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнырщ. Сыту жыпIэмэ, дэ IэнатIэ гугъу дыIутщ нобэ икIи абы дыпэлъэщын папщIэ дызэкъуэмыту хъунукъым. Аращи, ди зэIущIэм хэтыну, хэпсэлъыхьыну къэкIуа дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхузощI. Ди гупсысэ нэхъыщхьэр цIыхубэм ялъэдгъэIэсыфмэ, ар зэхащIыкIмэ, ди къалэным дыпэлъэщауэ дыгугъэ хъуну къысщохъу. Зи гугъу тщIынумкIэ, сытым дежи хуэ- дэу, жэуаплыныгъэшхуэ яхь ди хъыбар- егъащIэ IуэхущIапIэхэм. Захуэзгъэзэну сыхуейт ди зэIущIэм хэт журналистхэм, нобэ мыбдеж къыщытпсэлъынур жылагъуэм гурыIуэгъуэу ялъэвгъэIэсыжыну. Ди зэIущIэр ирихьэлIащ Комсомолым я махуэм. Дэ псори дыхэтащ а зэгухьэныгъэм, хэкум къыщIэувэ щIэблэр щагъасэу щытам. ИкIи а лъэхъэнэ дахэм къикIа, комсомолу щыта дэтхэнэ зыми сохъуэхъу ди махуэшхуэ тIуащIэмкIэ, - жиIащ Сэхъурокъуэм.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБКъУ-м и проректор ГъукIэпщокъуэ Мурат. Абы зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэ-рал университетыр езыр унагъуэ лъэпкъыбэу зэхэтщ, дунейм и гъунапкъэ зэхуэмыдэхэм къикIа студентхэр щоджэ. Абы къыхэкIыуи, зэкъуэшыныгъэм и щапхъэу жыпIэ хъунущ.
- Урысей Федерацэм нэхърэ нэхъ къэ-рал телъыджэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Абы хуэдэу щIыдэлъхубзэхэм гулъытэ ин щыхуащI къэралыгъуэ щыIэу сщIэркъым сэ. Лъэпкъ дапщэ щымыпсэуми, я нэхъыбэм я анэдэлъхубзэр къэралыбзэу щытщ, курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щрагъэдж, дэтхэнэми и щэнхабзэм тету псэуну, ар игъэкIуэтэну, игъэбэгъуэну хуитщ. Аращ Урысейм и философие нэхъыщхьэр, - къыхигъэщащ абы.
АдэкIэ псалъэ иратащ «Лъэпкъыр зэрыпагэ-2025» урысейпсо жылагъуэ саугъэтым и щIыналъэ Iыхьэм «Лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр гъэбыдэнымкIэ лэжьыгъэфI дыдэ езыгъэкIуэкIа» кэрал къулыкъущIапIэу къалъыта, КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэ Зумакулов Борис.
- «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэ» дунейпсо IуэхущIапIэр къызэрыунэхурэ лэжьыгъэу иригъэкIуэкIар къыпхуэмылъытэным хуэдэу инщ. Лъэпкъышхуэ, лъэпкъ цIыкIу жаIэу, зэхэгъэж къыщекIуэкIыркъым абы. Бжыгъэм елъытакъым абы щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр. Псом нэхърэ нэхъапэр зэкъуэтыныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэщ. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ди нэгу щIэкIащ ныбжьэгъугъэм-рэ зэкъуэтыныгъэмрэ я къарур зыхуэдэр. Ар дыдэр ноби щыдолъагъу Урысейм иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм. Сэхъурокъуэ Хьэутий зи унафэщI зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэри хуэгъэзащ фIэщхъуныгъэм, бзэм, щэнхабзэм емылъытауэ, псори зы зыщI мамырыгъэр, зэкъуэшыныгъэр хъумэным. Урысейр мы-зэ-мытIэу еувэлIащ IэнатIэ гугъу, жагъуэгъухэм дызэкъуагъэхуну, ди къулеигъэ нэхъыщхьэр - мамырыгъэр - зэтракъутэну, зэгурымыIуэныгъэ ди зэхуаку къыдалъхьэну пылъщ. Ауэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, 2000 гъэхэм Путиныр къытеувэри, Урысейм и нэр къэплъэжащ, зиIэтыжащ. Дауи, ар КъухьэпIэм и гуапэ хъуакъым, икIи къарууэ иIэр къэщIэрэщIэж УрысеймкIэ къиунэтIащ, зэран къыхуэхъуну. Арами, дызэфIэкIуэдакъым, дызэрыутIыпщакъым. Адыгэхэри, балъкъэрхэри, урысхэри, мы щIыналъэм щыпсэу адрей лъэпкъхэри дызэрыIыгъщ. Ноби ди къалэн нэхъыщхьэр къытщIэувэ щIэблэр а зэхущытыкIэ дахэр хъумэн зэрыхуейм къыхуедджэнырщ, щапхъэ дахэ едгъэлъагъунырщ, - жиIащ Зумакуловым.
АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ ЩауэцIыкIу Людмилэ, КъБР-м и Муслъымэнхэм я управленэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, КъБР-м и православнэ члисэхэм я Іэтащхьэ Бобылёв Валентин, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъМУ-м и доцент, «Абхъаз» лъэпкъ-щэнхабзэ IуэхущIапIэм и унафэщI ГъущIапщэ Ингэ, нэгъуэщIхэри.
ГъущIапщэр къыщыпсэлъам къыхигъэщащ Абхъазым и Президент Гунбэ Бадрэ и унафэкIэ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ Абхъазым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и узэщIакIуэ цIэ лъапIэр къызэрыхуагъэфэщар.
ЗэIущIэм и кIэм Сэхъурокъуэм фIыщIэ яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэу абы зыкърезыгъэхьэлIахэм.
Фырэ Анфисэ.