Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Си хэкуэгъу лъапIэхэ!

Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ!

Ди къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа лIыхъужьыгъэ къэхъукъащIэхэм я фэеплъу ягъэува а махуэшхуэм ди тхыдэм дежкIэ къалэнышхуэ егъэзащIэ, ар и дамыгъэщ зэманымрэ лIакъуэхэмрэ я зэпыщIэныгъэм, Хэкум къулыкъу хуэщIэным епха хабзэхэр къызэрымыланджэм, абы и къэкIуэнумкIэ ди пщэ дэлъ жэуаплыныгъэм.

Хэкупсагъэм, къэралым и цIыху щыпкъэу щытыным, Хэкум хуэпэжыным ди цIыхубэр лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зэрипхыу къокIуэкI икIи сыт хуэдэ гъэунэхупIэми пхыкIынымкIэ, къэрал лъэщ яхуэнымкIэ ахэр щIэгъэкъуэн хуэхъуащ.

Нобэ къэув гугъуехьхэм ди пщэ къыдалъхьэ а фIыгъуэ мылъытэр тхъумэну, дгъэбыдэну, апхуэдэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр дызэгъусэу Урысей лъэщ, сыткIи ефIакIуэ духуэну.

Ди къэралым и шынагъуэншагъэр яхъумэу зэкъуэуващ дзэм къулыкъу щызыщIэхэр – къэралым лъэпкъыу исхэм я лIыкIуэхэр.

Урысейм и лъэщагъыр къагъэтIэсхъэну нобэ хущIэкъухэм япэщIэтхэр ахэращ, я псэ емыблэжу абыхэм яхъумэ къытщIэхъуэ щIэблэм я мамыр псэукIэр. Абыхэм я лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ фIыщIэ мыухыж яхудощI.

Шэч къытесхьэркъым, ди зэкъуэтыныгъэр дгъэбыдэкIэрэ, ди хабзэхэмрэ псэкупсэ къулеигъэхэмрэ тхъумэкIэрэ, дэ, нэхъапэхэми ди тхыдэм къызэрыщыхъуам хуэдэу, дыкъимыкIуэтын икIи дытекIуэн тхузэфIэкIынущ, сыт хуэдэ гугъуехьхэми дебэкъуэнщи, фIыуэ тлъагъу ди Хэкур нэхъри едгъэфIэкIуэнщ.

Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, зэIузэпэщу фыпсэуну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди Хэкумрэ яфI зыхэлъ Iуэхухэр къывэхъулIэну.

Поделиться: