Жылэ цIыкIур зи хэщIапIэХы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) посёлкэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ Ныджэкъуэ-(Нэджыгу, Наджиго) цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIуу Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм хъуэпсэгъуэу зыдэзыгъэзэгъар.
Къуажэм зэреджэ фIэщыгъэр (бзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ) псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ»-рэ «къуэ»-уэ.
Жылэр здэщыт щIыпIэм къыщежьэу псыхъуащхьэхэмкIэ дэзыгъэзей гъуэгуитIым я зым Мэкъупс и жьанэ зэвым удешэ, адрейм шытх мылъагэм адэкIэ къыщыс Псыущхъуэ шапсыгъ къуажэм ухуешэ.
Кавказ зауэжьым ехьэлIа блэкIам къызэрыхэщыжымкIэ, псыхъуэ-ныджэм ижькIэрэ дэса адыгэм я нэхъыбэм Хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Къэна унагъуэ тIэкIур бгым щхьэдагъэхри, Лабэ хэлъэдэж Хуарзэ псым и Iуфэм а лъэхъэнэм иджыри Iусыгъа Хьэджымыкъуэ абэзэхэ къуажэм хагъэтIысхьат. АрщхьэкIэ а жылэри зэхэзехуэн щащIым, Ныджэкъуэ иIэпхъукIахэр къыдэкIыжри къыщыхъуа я хапIэжьымкIэ къагъэзэжащ икIи зи гугъу тщIы къуажэр, хым хуэплъэу, къагъэунэхужащ. Iэпхъуэ-шапхъуэм хэмыкIахэращ нобэ мы щIыпIэм щыпсэухэм я нэхъыбэр къызытехъукIыжар.
Мэкъупс (Макопсе) псы цIыкIумкIэ къедгъэзэкIынщи, абы, псори зэхэту, километр 12 и кIыхьагъщ. КъыщыщIидзэр Псыущхъуэ бгым ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэрщ. Мэкъупс хы ФIыцIэм щыхэлъэдэжым деж Iус урыс-ермэлы къуажэми а цIэ дыдэр зэрехьэ.
Гу зэрылъытэгъуафIэщи, щIыпIэцIэр IыхьитIу зэхэтщ: «мэкъурэ» «псыуэ». КъикIри нэрылъагъущ. Языныкъуэ лъахэджхэм фIэщыгъэр къызыхэкIауэ къалъытэр, уэлбанэрилэ щыхъу лъэхъэнэм, къуэм къыщхьэщыт мэкъупIэхэм удз гъуахэр куэду къахилъэсыкIыу, абдежым щежэх псым къызэрыщыхихьэрщ.
Мыри гъэщIэгъуэнщ. Граждан зауэм и лъэхъэнэм, Сочэ и Iэгъуэблагъэр зэпэзыгуэшыну пылъа Куржымрэ (Грузиемрэ) Урысеймрэ я лIыкIуэхэр 1919 гъэм и щIышылэм Франджым и къалащхьэ Париж щызэхуэзат. Куржым икIахэм абы здахьат тхыдэм къыхэна я пащтыхьхэу Давид УхуакIуэмрэ Тамарэ Гуащэрэ я лъэхъэнэхэм а къэралым и щIыналъэм куэду зиубгъуарэ Сочэрэ ТIуапсырэ я Iэхэлъахэри хыхьэу зэрыщытам ехьэлIа дэфтэрхэмрэ щIыналъэгъэлъагъуэ картэхэмрэ. Ахэр я тегъэщIапIэуи ягъэуват Куржым и гъунапкъэр ТIуапсы къалэм ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ километр 14-кIэ «пыIуха» Мэкъупс псы цIыкIум и нэзым ирикIуэн хуейуэ. Телъыджэращи, ар зымыдэу къэувауэ блэкIам къыхэщыжыр а щIыпIэр а зэманым зыIыгъа Деникинщ, хужьыдзэм генералу хэтар.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




