Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу

ХамэщI щыпсэуми, адыгэу зызылъытэж псоми я щIасэщ Хэкужьыр. АдыгэщIыр я псэм хэлъу, адыгэ тхыдэр я лъым хэту, я гур мыбыкIэ къеIэу мэпсэу ахэр. Адэжь щIыналъэр зэзыгъэгъуэтыжыфу, тхыдэм и къэгъэшыпIэ задэхэм я зэранкIэ нэхъыжьыфIхэм ипэкIэ яфIэкIуэдауэ щыта лъахэр псэупIэ зыщIыжыфахэм ящыщащ адыгэ еджагъэшхуэ Бэтокъуэ Нияз Мухьэдин и къуэр (1940 - 2014). Абы жиIэжу зэрыщытамкIэ, и гъащIэм щыщу адэжь щIыналъэм зэрыщыпсэужа иужьрей илъэсхэращ и гумрэ и псэмрэ жьы дихуу, псэхугъуэ ягъуэту щекIуэкIар...

Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Кавказыр джынымкIэ центрыр Париж дэт Сорбоннэ университетым къыщызэзыгъэпэщахэм яхэта, КъБКъУ-м щезыгъэджа, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу щытащ Бэтокъуэр. Хэкум къэIэпхъуэжыну триухуэу а мурадыр зэрызригъэхъулIами зэи хущIегъуэжакъым Нияз, сыту жыпIэмэ адэжь щIыналъэм хуэгъэпса лъагъуныгъэр адрей гурыщIэ псоми елъагэкIыу къилъытэу, ар игъэнэхъапэу псэуа цIыху щыпкъэти. 
Бэтокъуэр 1940 гъэм Сирием къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуащ адыгэхэр нэхъ зэуIуу щыпсэу Джолан лъагапIэхэм я КъунейтIрэ куейм. ПэщIэдзэ школри курыт еджапIэри абы къыщиухащ Нияз. ЩIалэ гурыхуэм дзыхь къыхуащIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыувэну икIи илъэситI хуэдизкIэ КъунейтIрэ и курыт школхэм ящыщ зым хьэрыпыбзэр щригъэджащ. 1967 гъэм адыгэхэр а щIыпIэхэм кърахуа нэужь, ахэр Сирием хэгуэша хъуащ, зыкъомри нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ. Зи псэупIэр зыхъуэжахэм ящыщащ Бэтокъуэхэ я унагъуэри. А лъэхъэнэм Алжирым Iэпхъуащ Бэтокъуэхэ я унагъуэр икIи Нияз лэжьыгъэм щыпищащ а къэралым и курыт школхэм языхэзым. Илъэс зытхухкIэ щыIащ а щIыпIэм ар, и гъащIэ псор адэкIэ зэрыхъунум и пэщIэдзэ Iуэхугъуэхэри абы щиублащ. 
Бзэ щIэныгъэм хуабжьу дихьэх егъэджакIуэр набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъырт хамэбзэ зыбжанэм я зыужьыкIэм. Псом хуэмыдэу ар итхьэкъуащ франджыбзэм икIи ар езыр-езыру зригъэщIэн щIидзащ. Щхьэхуимыту узыIэпызышэ малъхъэдисым хуэдэу къыщIэкIащ франджыбзэр Нияз и дежкIэ. А бзэм и зэхэлъыкIэм ар апхуэдизу дихьэхати, мурад ищIащ абы нэхъ куууэ хуеджэну, абыкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Апхуэдэу щIалэр Франджым кIуащ икIи Париж дэт Сорбоннэ университетым франджы литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. А IэщIагъэм Нияз илъэсиплIкIэ хуеджащ, диплом лэжьыгъэри итхыжри пхигъэкIыжащ. ИужькIэ литературэ зэгъэпщэныгъэм магистратурэм щхьэхуэу илъэситIкIэ щыхуеджэжащ, абыкIи диплом къратащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ, къыхиха IэщIагъэр хуабжьу зыфIэхьэлэмэт IэщIагъэлI щIалэр абдежым къыщыувыIакъым. Зэман куэд димыгъэкIыу университетым и аспирантурэм щIэтIысхьащ. Зы илъэсым и кIуэцIкIэ кандидат лэжьыгъэр игъэхьэзырауэ щытащ Бэтокъуэм икIи 1978 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Сорбоннэ университетым, филологие щIэныгъэхэм я кандидати хъуащ. А университетым щылажьэурэ, щIэныгъэлIыр доктор диссертацэми иужь ихьащ. ИлъэситхукIэ елэжьа нэужь, ар утыку кърихьащ. Диссертацэхэр къэзыпщытэ гупыр арэзы техъуащ Бэтокъуэм и къэхутэныгъэ купщIафIэхэм, щытхъушхуи хужаIащ. Ари ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ Нияз икIи I983 гъэм филологие щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъагэр къыфIащащ. 
Адыгэгурэ адыгэпсэрэ зиIэ щIалэм и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр псори зытеухуар адыгэбзэрат. Ди анэдэлъхубзэр Iурылъу, хьэрыпыбзэри ищIэу, франджыбзэми фIы дыдэу щыгъуазэ зыхуищIа нэужь, абы запищIащ Париж дэт, Дунейм тет бзэхэр джынымкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым. Абы и IэщIагъэлIхэм зи зэхэлъыкIэр хуабжьу яфIэхьэлэмэт бзэхэм ящыщу къыщIэкIащ адыгэбзэр. И къэхутэныгъэхэр адыгэбзэмрэ франджыбзэмрэ я зыужьыкIэмрэ зэщхьу е зэщхьэщыкIыныгъэу яхэлъхэмрэ триухуэну Бэтокъуэм щыжиIэм, ар къыдаIыгъащ щIыпIэм и щIэныгъэлIхэм. Зыхуеиххэр арати, фIэфIу, фIэгъэщIэгъуэну лэжьыгъэм яужь ихьащ адыгэ щIалэр, зэман кIэщIым къриубыдэуи зэфIихащ. Абы и дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр зыпэIэщIэу псэу и Хэкужьым, адэшхуэ лъахэм, нэхъ гъунэгъуу пыщIа зэрыхъуфарат, и псэм щигъафIэ ди анэдэлъхубзэм папщIэ зыгуэр зэрилэжьарат. 
А лъэхъэнэм иубла Iуэхум и гъащIэ псор тыхь хуищIащ щIэныгъэлIым. 1987 гъэм абы къыдигъэкIауэ щытащ томитIрэ Iыхьихыу зэхэт «Адыгэбзэ-франджыбзэ псалъалъэм» и япэ Iыхьэр. А псалъалъэм и къыкIэлъыкIуэ тхылъхэр дунейм къытехьащ 1990, 1992, 1995 гъэхэм. 2005 гъэм хьэзыр хъуащ икIи къыдэкIащ иужьрей тхылъитIыр. Ахэр псори Франджым и къэрал университетым къыщыдэкIащ. А щIыпIэм щыIэ щIэныгъэлIхэми щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми яфIэхьэлэмэту къахуэщхьэпащ, иужькIэ, лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм, ди щIыналъэм къэкIуэжу КъБКъУ-м хамэ къэралыбзэхэмкIэ и факультетым щыщригъэджами, лэжьыгъэм къащагъэсэбэпащ езыми иригъаджэ студентхэми. 
 Апхуэдэу, щIэныгъэ Iуэхухэмрэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэмрэ зэщIаIыгъэу, Бэтокъуэр илъэс 13-кIэ Париж щыпсэуащ. Куэд дэмыкIыу, 1991 гъэм, Хэкужьым къигъэзэжащ. Нияз. ИкIи егъэджакIуэу къащтащ КъБКъУ-м хамэбзэхэмкIэ и факультетым, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым иригъэблэгъауэ щытащ а зэманым а IуэхущIапIэм и унафэщIу лэжьа щIэныгъэлI цIэрыIуэ Думэн Хьэсэн. Абы Бэтокъуэр щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу илъэс куэдкIэ щыIащ, пщIэ щиIэу, нэмыс къыхуащIу. Адэжь Хэкум зэрыщыпсэум гукъыдэжышхуэ къриту, и IэнатIэр хьэлэлу ирихьэкIащ абы. Хэкупсэ нэс Бэтокъуэ Нияз и дежкIэ псом ящхьэр и адэжь лъахэм зэрисыжырат, и анэдэлъхубзэмкIэ хуиту зэрыпсэлъэфырат, Iуащхьэмахуэ лъапэ щетIысэха и лъэпкъым ифI къызэрыкIын Iуэхухэр зэрызэфIихыфырат. 
Зи Хэкур гурэ псэкIэ зылъагъуф, абы и ехъулIэныгъэм папщIэ лъэкI псори хьэлэлу зылэжьыф цIыхум ноби и щапхъэщ Бэтокъуэм и гъащIэ купщIафIэр.

 
 
 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: