Шэджэм къалэм и уэрамхэр

  «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм къалэм цIыхухэр псы къабзэкIэ къызэзыгъэпэщ и щIыпIэхэр къызэрагъэпэщыж, бжьамийхэр щызэрахъуэкI.
Иджыпсту апхуэдэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI километри 4 зи кIыхьагъ Лениным и цIэкIэ щыIэ уэрамым. Апхуэдэуи Советскэ уэрамым жьы хъуа бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ. Псори зэхэту абыхэм километритI я кIыхьагъ хъунущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу а уэрамхэм тесхэм яэIэрыхьэ псым и фIагъым хэхъуэнущ. Бжьамийхэр а щIыпIэхэм къанэ щымыIэу щызэрахъуэкIынущ дызыхуэкIуэ илъэсым. 
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр иджыри щрагъэкIуэкI Шэджэмым и «Ипщэ» хьэблэщIэм и Къэбэрдеймрэ Алъхъэсым и цIэкIэ щыIэ уэрамхэми. Абыхэм щаукъуэдиину бжьамийхэм зэхэту километри 2,6-рэ я кIыхьагъ хъунущ. 
Абыхэм нэмыщI, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм къалэм и Лагернэ уэрамым щрагъэкIуэкI зэIузэпэщ лэжьыгъэхэр икIэм нагъэсащ. 
Мыбдежым щаухуэ спорт утыкухэр, сабий джэгупIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр. ИджыпстукIэ сабийхэм я джэгупIэр зыхуей хуагъазэ, Iэмыпсымэхэр ягъэув, иужькIэ, волейболымрэ баскетболымрэ и утыкухэр зэIузэпэщ ящIынущ. АдэкIэ щIыпIэм теплъэ дахэ иратынущ, жыг хадэ цIыкIу щагъэтIысынущ.
Дызэрыт илъэсым къриубыдэу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ. 
                                                              Бахъсэненкэм и тыншыпIэхэр
Бахъсэненкэ къуажэм щыпсэухэм фIыщIэ псалъэхэмкIэ иджыблагъэ зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Бахъсэн щIыналъэ администрацэмрэ я унафэщIхэм а жылэм и курыт еджапIэ №1-м и гупэм къедзэ щIыпIэр зэIузэпэщ икIи екIу зэращIам щхьэкIэ. 
Лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Иджы къуажэдэсхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ а щIыпIэм щызекIуэну я Iуэхур нэхъ тынши шынагъуэнши хъуащ, теплъэ дахи абы иратащ.
Мы гъэм екIуэкIа лэжьыгъэшхуэм хиубыдэу утыкум илъа плиткэжьхэмрэ асфальтыжьымрэ лэжьакIуэхэм ирахыжри, ахэр щIэуэ зэрахъуэкIри мывэхэмкIэ кърагъэтIылъэкIащ. 
Къуаждэсхэр абы имыгъэгуфIэу къэнакъым. «ДогуфIэ, ди къуажэр нэхъ дахэ, ущыпсэуну нэхъ тынш зэрыхъу зэпытым щхьэкIэ. ФIыщIэ худощI районым и унафэщIхэм, цIыхухэм тынышыпIэхэр къызэрыхузэрагъэпэщым, лэжьыгъэфIхэр зэрырагъэкIуэкIам папщIэ. Нэхъыжьхэми сабийхэми я дежкIэ ар тыгъэфI дыдэщ», - жиIащ Бахъсэненкэ къуажэм дэсым. 
 
                                                           УэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъаблэ
Аруан щIыналъэм и Аргудан къуажэм псори зэхэту километри 8,5-рэ зи кIыхьагъ и уэрамхэм иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэ. Лэжьыгъэхэр иджыпсту щокIуэкI Лениным и цIэкIэ щыIэ уэрамым.
Мурад щыIэщ светодиод уэздыгъэхэм хуэдэу псори зэхэту 283-рэ къуажэ кIуэцIым щыпадзэну. НобэкIэ лэжьакIуэхэм пкъоухэр ягъэув, кабелхэр яшэщI. 
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI щIыналъэ гъуэгу фондым и мылъкукIэ икIи ар зэфIагъэкIынущ дызэрыт илъэсым и дыгъэгъазэм ирихьэлIэу. 
МЫСОСТ Башир.
Поделиться: