Дэни щыпашэт

Зауэр зэрекIуэкIым теухуауэ 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къата хъыбархэм мыпхуэди къыхэхуат: «Онегэ, Ладогэ гуэлхэм я зэхуакум ди зауэлIхэр щебгъэрыкIуэри, Свирь псым и Iуфэм деж бийм и быдапIэр щызэхакъутащ, Iэщэ куэд къытрахащ, сэлэт, офицер мащIэкъым гъэр ящIар, къуажэхэр хуит къащIыжащ».

РадиокIэ къэIуа а хъыбар кIэщIым и къуагъым къуэ­лъыр совет зауэлIхэм я лIыгъэ, цIыху гъащIэ мащIэтэкъым. А зэхэуэ гуащIэм хэтащ адыгэ щIалэ Къардэн Мурат. Абы щыгъуэм ар гвардием и сержант нэхъыжьт, фочауэ взводым и унафэщIт. Абы и гупым къылъы­сат нэхъ къалэн гугъу дыдэр. Псы, шэд защIэу километр тIощI жэщым зэпичу бийм и быдапIэм екIуэлIэн, ди дзэр ипэкIэ зымыгъакIуэ Iэщэ бзаджэхэр зэхакъутэу, дэIэпы­къуэ­гъу ялъэIэсыху щIына­лъэм къыхэщ Iуащхьэр яIыгъын хуейт.

Ар Къардэным зэрыхузэфIэкIа щIыкIэр къыщигъэлъэгъуащ фочауэ дивизэм и унафэщI Харазие Гиви и рапортым:

“Свирь зэпрыкIыныр даущыншэу къызэфIигъэкIащ Къардэным икIи зэрымыщIэкIэ абы и гупыр бийм тезэрыгуэри, и быда­пIэ нэхъыщхьэхэр къащтащ, куэдкIэ къебэкI фин сэлэтхэм IэпщэрыбанэкIэ яхыхьэри, яхуэу­кIыр яукIащ, ямыукIахэри гъэр къащIащ. СыхьэтитIкIэ Къардэным и взводым быдапIэр иIы­гъащ, нэхъапэ ялъэIэса, езыр зыхэт ротэм и командирыр къы­щау­кIым, абы и пIэм иувэри, зауэлIхэр игъэгушхуэу финхэм лъэрыщIыкIыр яхилъхьащ, абыхэм икIуэтыпIэ яримытыжу къиухъуреихьри, дяпэкIэ къапэмыувыжыфын ящIащ. Къардэн Мурат Iэсхьэд и къуэм зэрихьа лIыгъэшхуэм папщIэ хуэфащэщ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр».

Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къардэн Мурат Совет Союзым и ЛIы­хъужь хъуащ. А хъыбарым щымыгу­фIы­кIа щыIэжтэкъым. Къардэным хэкум къигъэзэжри, унафэщI IэнатIэ зэхуэмыдэхэр иIыгъыурэ къекIуэкIащ.

ГъэщIэгъуэнщ Къардэным къехъулIауэ щыта зэIущIэр. 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Карельскэ фронтым щызауэу, абы къыхуэзащ и цIыхугъэу, ныбжьэгъуу къекIуэкIа, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар. И фочауэ ротэр и гъусэу дэIэпыкъуну зыхуагъэкIуа штурмовой батальоным и командирыр Хьэбэчрауэ къыщIокI. ЗэныбжьэгъуитIым IэплIэ зэхуащI, зэщIоупщIэ. АрщхьэкIэ, зэпсэлъэну зэман яIэтэкъым, бийм и быдапIэхэр къызэразэуным егупсысыпхъэт.

Адыгэ щIалитIым щIыпIэр къаплъыхьри, зауэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэр ягъэнаIуэ. Мыбдежми Къардэным егъэлъагъуэ инженер IэщIагъэм щыхуеджам къыщищIахэр – бийм жэщым щIитIэу игъэпщкIуа танкхэм гу лъетэри, Хьэбэчым жреIэ. ЗэныбжьэгъуитIым ящIа мурадым тету, Мурат и нэIэ къыщIагъэува сэлэтхэр и гъусэу бийм зы лъэныкъуэкIэ къыщыбгъэдохьэри, щэхуу зэтраукIэ, и щIыбымкIэ къыдохьэри, абыкIэ къикIыну зыпэмыплъа советыдзэм бийр ирехужьэ. АдэкIэ Хьэбэчым и сэлэтхэр кърешажьэри, гынышэ гуащIэкIэ щхьэуназэ ящIа финыдзэм къыпожьэ. Адыгэ щIалитIыр я пашэу бийр зэбграхуауэ щытащ. А зэхэуэм дежрат Хьэбэчым Невский Александр и цIэр зезыхьэ орденыр къыщыхуагъэфэщар.

Къардэн Мурат 1991 гъэм дунейм ехыжащ.

Сэлэтхэм я пащхьэ

Илъэс куэдкIэ тхылъымпIэхэм ягъэпщкIуауэ къэрал архивым хэлъащ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм щыщ Къардэн Уэхьид Совет Сою­зым и ЛIы­хъужь хъун ­хуейуэ щыIа унафэр.

Школым физ­ку­ль­ту­рэмкIэ щри­гъа­джэу къу­лы­къум яшауэ щы­та щIалэр и щхьэм щымыс­хьы­жу Хэкур ихъу­мащ, Те­кIуэныгъэм папщIэ и псэр итащ.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, шуудзэм и пулеметчикым езым и щхьэр игъэтIылъри, и зэуэгъухэр ажалым къригъэлащ, я гупыр къыщаухъуреихьа утыкум къри­шащ. Абы щыгъуэм сэлэтхэм я пащхьэ щы­жаIат адыгэ щIалэм лIыгъэу зэрихьар зэрыгъунэншэр.

Хэку зауэшхуэр къыщежьам и ныбжьыр илъэс 18-м нэса къудейт, зауэм дашын ядэтэкъыми, езыр щIэлъэIури кIуащ. Къигъэзэжакъым щIалэм. Иджыри зауэр имыухауэ ди лъэпкъэгъу щIалэм къыхуагъэфэщауэ щытат Совет Союзым и ЛIыхъужьыцIэр.

Зауэ лъэхъэнэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди лъэпкъэгъум хуабжьу лIыгъэшхуэ зауэм къыщигъэлъагъуэу хэтащ, мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ зэхуэмыдэхэр.

Псалъэм папщIэ, 1944 гъэм, Беларусь къалэ Молодечнэ деж Уэхьид къыщигъэуауэ щытащ фашист танк I8, гъэру нэмыци 2 къищтащ. Апхуэдэ лIыхъужыгъэм къыпэкIуащ «Вагъуэ Плъыжь» орденыр. Майор Павлов зэритхымкIэ, Польшэм и щIым, Августов къалэм, хуэкIуэ гъуэгум деж, зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIащ. Бийм и ебгъэрыкIуэныр къызэрагъэувыIам, ди зауэлIхэм хэщIыныгъэ мащIэ фIэкIа зэрамыгъуэтам, техникэкIи цIыхукIи нэмыцэдзэм хэщIыныгъэшхуэ зэрыратам пулеметчик Къардэн Уэхьид и фIыщIэшхуэ хэлът.

1944 гъэм шыщхьэIум (августым) и 10-м подполковник Костенич итхащ: «… Станковэ пулемётыр зыIэщIэлъ Къардэн Уэхьид махуэ 27-кIэ ебгъэрыкIуэ гупым яхэтащ, зэпичащ километр 1000 гъуэгуанэ. Махуэ 27-м къриубыдэу и пулеметымкIэ щIиукIыкIащ нэмыцэ сэлэт, офицери 150-рэ, бийм и ебгъэрыкIуэныгъэ 30 къызэтригъэувыIащ. Ныбжьэгъу Къардэныр сыт щыгъуи ипэ итахэм ящыщщ.

1998 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 30-м Ельцин Борис и Iэ зыщIэлъ, 749-нэ Унафэм ипкъ иткIэ, Къардэн Уэхьид хуагъэфэщащ (дунейм ехыжауэ) Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр.

Абы и цIэри, и лIыхъужьыгъэри щIэблэм ирагъэцIыху, и щапхъэм щIапIыкI. Езыр щеджа ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэми, республикэм и къалэ, къуажэ зэхуэмыдэхэм я уэрамхэми гушхуэу зэрахьэ адыгэ лъэпкъым и ЛIыхъужьым и цIэр.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: