Зи чэзу къалэнхэр щызэпкърах

Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэ­пымыууэ ла­жьэ и зэзыгъэуIу зэхуэсым и зэIущIэ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ. 

Абы нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэкIэ ­хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъуным хуэгъэза лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыныр, апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр къыщIэгъэщыныр. Республикэм и Iэтащхьэм зыхуэфащэ къулыкъущIапIэхэм къалэн ящищIащ а унэтIыныгъэм щызэ­дэлэжьэну, а Iуэхум нэхъ ткIийуи кIэлъыплъыну.
Апхуэдэуи и гугъу ящIащ хабзэхъумэ органхэм жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ ядэIэпыкъуну хуей цIыхухэр езыхэм яфIэфIу а Iуэхум хэт дружинникхэм  я лэжьыгъэм къы­хэшэнми.
Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэм я нэIэм щIэмытыжу къэна сабийхэм псэупIэ яIэным теухуа я хуитыныгъэр къызэгъэпэщыным.

Поделиться: