Ди къэралышхуэм щызэлъащIысащ Совет Союзым и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ Къардэн Къубатий Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм батэр игъэшу бийм зэрезэуам теухуа хъыбархэр. А хъыбархэр щадж еджапIэхэм, абыхэм щIагъэдэIу къулыкъу зыщIэну дзэм ираджэ ныбжьыщIэхэр.
ИужькIэ генерал-майор Къардэн Къубатий къикIуа гъуэгуанэм ириплъэжащ абы къыдэзэуа дзэзешэ цIэрыIуэхэр, тхакIуэхэр. «Уэгум ихьамэ, ар бгъащхъуэм хуэдэт», - дыкъыщоджэ Цукасов Георгий «Хэкум и цIэкIэ» зыфIища и тхылъым. ЦIыхубэ усакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан Къардэным щхьэкIэ и усэм щыжеIэ: «Къуршыбгъэм хуэдэу ар уэгум щыхуарзэт, Щыблэшэуи бийм ар и гущхьэм къытехуэрт».
Кхъухьлъатэм итIысхьэрэ щIым зытриIэтыкIамэ, Къубатий бийр игъэпыхьэрт.
- Уэгум итхэр зым зыр щриджэкIэ, цIэ лей зыфIащ хабзэщ. Къардэным къреджэну зыфIищыжат и Хэкум и цIэр - Къэбэрдейр.
«Сэ сы-Къэбэрдейщ, сы-Къэбэрдейщ, бийм собгъэрыкIуэ» псалъэхэр пшэхэм къызэпхыIукIыу ди къэралми Европэми я уафэхэм Iэджэрэ щыIуащ. Езыр щраджэ щыIэт: «Къэбэрдей, Къэбэрдей махуэ хъун, бийм сыкъыхегъэзыхь, къыздэIэпыкъу».
Апхуэдэуи нэгъуэщIуи зауэр зи кIыхьагъым Iэджэрэ Iуагъэни «Къэбэрдей» псалъэр. Ар къэзыпсэлъхэр къыщыщыгугъаи, абыхэм щагъэгушхуаи щыIэу… АтIэ хэтыт ар - зауэм щыгъуэ батэр зыгъэша адыгэлIыр?
Къубатий властыщIэм зи нэр къигъэплъэжа мэкъумэшыщIэхэм я бынт, Дыгъужьыкъуей (Аушыджэр) щыщ адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыхэхъукIат. Школ нэужьым егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. Щалъхуа къуажэм, иужькIэ Налшык къулыкъу щищIащ. Щыхьэрым къэIэпхъуа нэужь абы Iэмал егъуэт кхъухьлъатэзехуэ хъуну иIэ мурадыр зригъэхъулIэну. Лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж аэроклубым кIуэурэ, лъэтэфу абы зыщегъасэ. ЗыIэпешэ Къардэныр уэгум, къыгуроIуэ кхъухьлъатэзехуэ нэс мыхъумэ, насыпыфIи зэрымыхъунур, нэгъуэщIуи зэрымыпсэужыфынур икIи дэрэжэгъуэ IуэхукIэ зыщIидзар и кIэм нигъэсыну гъуэгу тохьэ. 1939 гъэм Къубатий Качэ къалэм щыIэ училищэм щIотIысхьэ.
ЕджапIэр къеухри, Къардэным и дзэ къулыкъум Винницэ щыщIедзэ. Ар исщ зэребгъэрыкIуэ кхъухьлъатэ псынщIэм. Ис къудей, зиIэтрэ пшэхэм хыхьамэ, зэрыхуейуэ уэгум «щегъэджэгуф».
Къардэным гукъинэж щыхъуат япэу къриудыха кхъухьлъатэм зэрезэуа щIыкIэр. А лъэхъэнэм ар зыхэт полкым Днепр телъ лъэмыжхэр, абы къекIуалIэ гъуэгухэр бийм щихъумэрт. Къубатий зиIэта къудейуэ, гу лъетэ пшэм къызэрыкъуэхыу нэмыцэ кхъухьлъатэ псынщIитI и ужьым къызэриувам, я зэхуакуми даубыдэну къызэрылъэщIыхьэм. «ЕI, бетэмал, сыту пасэу гу ялъызмытарэт», - жиIэу егупсысри, зэраIэщIэкIынум иужь ихьащ. ЛъэныкъуэкIэ игъэшыну хуежьат, ауэ хъунутэкъым, ижьырабгъумкIэ къебгъэрыкIуэм и шэм ихьынут. Езыр щта хуэдэу бийхэм къафIигъэщIыну, кхъухьлъатэр зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэ адреймкIэ триIуантIэу щIедзэри, «и кIэм къитIысхьахэр» егъэбэлэрыгъ, зэуи, кIуэцI-ры¬хуам хуэдэу, зрегъэхуэх. Мо къэзыхуитIри Къардэным щхьэпролъэтыкIхэр, езыми зимыIэжьэу нэхъ лъагэжу зеIэт. «Мессерхэм» къагъазэри, абы къыхудрагъэзей. Зыр нэхъ гъунэгъу къыщыхуэхъукIэ, Къубатий псынщIэу зыкъегъэлъахъшэри, ар бгъукIэ къыхуэгъэза мэхъу, езыми уэн ирегъажьэ. «Мессерыр», хьэуам щылъэпэрэпа хуэдэ, пэкIэ йощIэ, ирегъэзыхыпэри, Iугъуэ фIыцIэр и пщэдэлъу, щIым йохуэх. ЕтIуанэ «Мессерми» иджы игу хуэгъэтIылъат, ауэ ар, нэрыплъэкIэ къыпхуэмылъагъужыну, игъэзэжауэ къыздикIамкIэ кIуэжырт...
Полковник Маркелов Василий игъэхьэзыра тхылъым мыпхуэдэу итт: «Капитан Къардэн Къубатий Лэкъумэн и къуэм, эскадрильем и унафэщIым, фашизмэм и бийуэ екIуэкIа зауэм зыкъыщигъэлъэгъуащ шынэ зымыщIэ кхъухьлъатэзехуэ Iэзэу, лIыхъужь нэсу. 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ иджы къэсыху (1943 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэрщ зи гугъу ищIыр) адыгэ зауэлI хахуэм 577-рэ уэгум зиIэтащ, абы щыщу 170-рэ щIылъэрызекIуэ дзэхэм ятеуащ, зыIэтыгъуи 117-м фашист кхъухьлъатэхэм езэуащ, кхъухьлъатэ 21-рэ къриудыхащ. Абы бийм и техникэрэ и цIыху куэдрэ Iисраф ищIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, зэтрикъутащ автомашинэу 150-рэ, танкитI, топибл, зениткэ щытыпIэу 13».
1943 гъэм и шыщхьэIу мазэм Къардэн Къубатий къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр.Абдежым щиухакъым адыгэлI хъыжьэм и зауэ гъуэгуанэр. И полкым щIыгъуу ар жыджэру хэтащ Новороссийск, Кърымыр, Белоруссиемрэ Польшэмрэ хуит къэзыщIыжахэм, Германием и щIыналъэм фашистхэм кIэ щезытыжахэм. А лъэхъэнэми абы къыхуагъэфэщащ орденхэмрэ медалхэмрэ.
СЫТКIИ ЩАПХЪЭ
Абы къигъэщIар илъэс тIощIрэ тхурэ ирикъуркъым. И щIалэгъуэ дахэу, и насып къэкIуэгъуэу ар дунейм ехыжащ.
Мэсей Аслъэнджэрий 1920 гъэм Ерокъуэ къыщалъхуащ, пасэу и адэр фIэкIуэдри, унагъуэ Iуэхури и пщэм къыдэхуащ.
Налшык дэт егъэджакIуэ техникумыр къиуха нэужь, Аслъэнджэрий я къуажэм къокIуэжри, щIэблэм щIэныгъэ иригъэгъуэту, школым и унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ. Адыгэ щIалэ екIум хьэл зэтет иIэт, нэмысышхуэ хэлът, IуэхукIэ бгъэдыхьам «хьэуэ» жриIэртэкъым. Апхуэдэущ ар зэращIэжыр и къуажэгъухэм, и ныбжьэгъуу щытахэм, и Iыхьлыхэм.
Хэку зауэшхуэр къэхъеиным куэд имыIэжу, Мэсейр ВКП(б)-м и Лэскэн райкомым и парт кабинетым и унафэщI ящI.
Аслъэнджэрий езыр фIэфIу зауэм яфIэкIуащ, дамыгъэкIыну хуит къызэращIми ебакъуэри.
1942 гъэм фашистхэм Сталинградрэ Кавказымрэ хуаунэтIащ къаруушхуэ. Абыхэм лIэн-къэнэну япэщIэува совет зауэлI хахуэхэм ящыщт адыгэ щIалэр. Тенджыз ФIыцIэм и дзэ гупым хэту абы лIыхъужьыгъэ нэс къигъэлъагъуэрт, зауэлIхэм щапхъэ яхуэхъурт.
Мэсейр политрукыу здэщыIэ фочауэ батальоныр зэгуэрым бийм къиухъуреихьащ. Ауэ Аслъэнджэрийрэ и ныбжьэгъухэмрэ я гур яфIэкIуэдакъым. Зауэ гуащIэ ирагъэкIуэкIыурэ, зэрыхуа щытыкIэ гугъум къикIыжхэри, ди дзэм гъусэ зыхуащIыжащ. Абы щыгъуэ Мэсейр уIэгъэ хьэлъэ хъуащ икIи уIэгъэщым илъэс нэблагъэкIэ щIэлъащ. Хъужа нэужь, Аслъэнджэрий танкисту ирагъэджэну Чирчик (Узбекистан) ягъакIуэ.
1944 гъэм и гъатхэм Мэсейр Белорус фронтым щозауэ. Ар танк взводым и унафэщIщ. Фашистхэр СССР-м ирахужа нэужьи, Европэм ис лъэпкъхэр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ.
ЕтхущIанэ танк бригадэм Аслъэнджэрий пщIэшхуэ щиIэт. Бийм и щIыпIэм уащхъуэдэмыщхъуэу къыщыхутэфрэ нэмыцэхэр игъэгулэзу, абыхэм япэтIысрэ гъуанэдэууэ Iисраф зэтрищIэу Мэсейм Iэджэ игъэхъащ. КIуэрыкIуэм здытетым езым и танкымкIэ еуэурэ, бийм и танкитI икъутэрт. Апхуэдэу зэрыщхьэмыгъазэм, зэрыхахуэм папщIэ абы кърат Вагъуэ Плъыжь орденыр.
Командир Iэзэу зэрыщытыр псом хуэмыдэжу нэрылъагъу къищIащ 1945 гъэм и щIымахуэм Польшэм зэрыщызэуам. Езым къигупсыса Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ, а лъэхъэнэм Аслъэнджэрий бийм хэщIыныгъэшхуэ иритащ. Абы икъутащ топ зэмылIэужьыгъуэу пщыкIуз, жыр быдэм къыхэщIыкIа машинэу пщIы, Iэщэ зэрылъ транспорту пщIы, Iэщэрэ шэрэ зэрылъ гу зэщIэщIахэу пщIейрэ тхурэ.
Ауэ абыхэмкIи иухыркъым ерокъуэ щIалэм зауэм щигъэ¬хъар. Ар къыхэжаныкIащ Петркув-Куявски деж щекIуэкIа зауэ гуащIэми. Генерал Орлов и Iэ зыщIэлъ тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Бийм иIыгъ щIыпIэм тIасхъэщIэх танкищкIэ кIуауэ, уащхъуэдэмыщхъуэу ятеуэри, фашист зауэлIхэр игъэгужьеящ, Петркув-Куявски къалэм яфIыдыхьэри, къуентхъыуи зыIэригъэхьащ топитху, пулемет пщыкIутI, хьэлъэ зэрылъ машинэ пщыкIубл, апхуэдэу гъэр къищIащ бий сэлэтрэ офицеру зы гуп».
Люблин, Демблин, Мазовецк къалэхэр къыщащтэми ар япэ итащ, бийм и щхьэр щIригъэхьэу. 1945 гъэм и мэлыжьыхь мазэм лейтенант Мэсей Аслъэнджэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Хэку зауэшхуэр иухыным къэнэжа щымыIэу ар Вислэ деж щыхэкIуэдащ.
Ди щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзыта Мэсей Аслъэнджэрий и фэеплъыр адэжь щIыналъэм щагъэлъапIэ. Абы и цIэр зэрахьэ Налшыкрэ Нарткъалэрэ, къуажэ зыбжанэм я уэрамхэм, Ерокъуэ курыт еджапIэм.