Нартыхур кърахьэлIэж

Аруан районым нартыху Iухыжыгъуэр и кIэм щынэблэгъащ. Мы гъэм гъавэр тращIащ гектар мини 5,3-м. 

ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит зэрыжиIамкIэ, нобэкIэ нартыхур къытрахыжащ гектар 4242-м, зы гектарым ику иту центнер 50 къытекIыу.
Районым и мэкъумэшыщIэхэм техникэщIэхэр я лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэпым и фIыгъэкIэ мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэр нэхъ псынщIэу зэфIагъэкI, щыIэ мэкъумэш-техникэ пIалъэхэми зыкъыкIэрагъэхуркъым. 
Дунейр мы махуэхэм къызэIымыхьэу щытмэ, щэкIуэгъуэм и кIэхэм ирихьэлIэу нартыхур къанэ щымыIэу Iуахыжынущ.

Жыг цIыкIу хэсэ!
«Уи жыг цIыкIу хэсэ» фIэщыгъэм щIэту Бахъсэн къалэм щэбэт щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы хэтащ курыт еджапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ класс нэхъыжьхэм щIэсхэмрэ, псори зэхэту цIыху 1000-м щIигъу. Абыхэм ягъэкъэбзащ школхэм къедза щIыпIэхэмрэ къалэ паркымрэ.
ИужькIэ, лэжьыгъэхэр зэрызэфэкIыу, кIей жыгыщIэ цIыкIуу 350-м щIигъу къалэ паркым, курыт еджапIэхэм я пщIантIэхэм, Дыгулыбгъуей къуажэм щыхасащ.
Нэхъ лъэщыр зэхагъэкIащ
Дзэлыкъуэ районым и Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм и «Заря» стадионым щагъэлъэпIащ щIыналъэм футболымкIэ и чемпионатым щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ.
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа, джэгугъуэ 18-уэ зэхэта чемпионатым япэ увыпIэр къыщихьащ «Приречнэ» футбол клубым, етIуанэр яубыдащ Дзэлыкъуэ районым и ОМВД-м и лэжьакIуэхэм, ещанэр - Къамылыкъуэ къуажэм и топджэгухэм.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэмрэ тренерхэмрэ гуапэу ехъуэхъуащ Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Бей Iэуес икIи жиIащ иджырей чемпонатыр къызэгъэпэщакIуэхэм къазэрехъулIар, футболеплъхэм я гум дыхьэ джэгукIэ дахэхэр командэхэм къызэрагъэлъэгъуар. 
Япэ увыпIищыр къэзыхьахэм ахъшэ саугъэтхэмрэ топхэмрэ зэрыратам къыдэкIуэу, чемпионатым хэта командэхэм псоми гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ икIи тыгъэхэмкIэ ягъэпажащ. 
Чемпионатым топ нэхъыбэ щыдэзыхуари, топджэгу нэхъыфIу къалъытари «Приречнэ» командэм щыщ Къанкъул Азэмэтщ. Гъуащхьэтет нэхъыфI хъуар хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я командэм хэт Джыджий Анзорщ. 
Уэрам зэIузэпэщ
Прохладнэ щIыналъэм и Къэрэгъэш къуажэм къыщагъэщIэрэщIэжащ зы километрым щIигъу зи кIыхьагъ, Хэку зауэшхуэм щытекIуахэм я цIэр зезыхьэ уэрамыр. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ, къуажэдэсхэм лъэIукIэ эфир «занщIэмкIэ» абы зыщыхуагъэза иужь. 
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгущхьэм асфалътрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ, и лъабжьэр ягъэбыдэри, мывэхэмкIэ кърагъэтIылъэкIащ, лъэс лъагъуэхэри зыхуей хуагъэзащ. ИужькIэ къэухьхэр щагъэуващ, гъуэгу дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ, уэздыгъэхэр щыпадзащ. Къуажэдэсхэри, зэрыжаIэу, тыншыжащ, я шынагъуэншагъэри къызэгъэпэща хъуащ. 

МЫСОСТ Башир.
Поделиться:

Читать также: