Дыгулыбгъуей къуажэм дэт курыт еджапIэ №10-м щэкIуэгъуэм и 20-м щызэхэтащ абы и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Къаныкъуэ-Къанщэуей Маритэ дунейм зэрехыжрэ илъэс ныкъуэ зэрырикъуам теухуа зэIущIэ.
Абы хэтащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, Дыгулыбгъуей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъий Ахьмэд, «Горянка» газетым и унафэщI, тхакIуэ, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ, Бахъсэн щIыналъэм и курыт еджапIэхэм я унафэщIхэр, Къаныкъуэхэрэ Къанщэуейхэрэ я лIыкIуэхэр, Маритэ зи унафэщIу щыта еджапIэм и егъэджакIуэхэр.
- Маритэ 1989 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр университетым и ПМНО къудамэр къиухри, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу езым къиуха 10-нэ курыт еджапIэм къигъэзэжащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, жылагъуэ лэжьыгъэм псэемыблэжу хэтащ. И IэщIагъэм хуэпэжу, хигъахъуэ зэпыту зэрыбгъэдэтым папщIэ 2005 гъэм «УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ, иужьыIуэкIэ, унафэщI къулыкъур екIуу зэрызрихьэм къыхэкIыу, «2013 гъэм и унафэщI нэхъыфI дыдэ» щIыхьри къихьащ. Егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Маритэ щIыхь, фIыщIэ тхылъ бжыгъэншэхэмкIэ, медалкIэ ягъэлъэпIащ, 2023 гъэм КъБР-м и Правительствэм ЩIыхь тхылъ къритащ. Абы зэтриубла IуэхущIафэхэм кIэрыдмыгъэхуу дэри адэкIэ къыпытщэну ди хъуэпсапIэщ, - жиIащ еджапIэм и унафэщI Дыщыкъуэ ФатIимэт.
ЩIэблэм и закъуэтэкъым Маритэ зэгупсысыр. КъыIэщIалъхьа курыт еджапIэр егъэфIэкIуэнымкIэ, щIэныгъэ, спорт и лъэныкъуэкIэ еджакIуэхэм зегъэужьынымкIэ хуэзэфIэкI къимыгъанэу, жэщ-махуэ имыIэу абы егупсысу, егупсыс къудей мыхъуу, лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIыу къэгъуэгурыкIуащ. КъищынэмыщIауэ, жылагъуэ, псапэ Iуэху жаIамэ, псом япэ иту зыкъэзыIэтыр арат. Бахъсэн къалэ округым и цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и президиумым хэтт, щIыпIэ самоуправленэм и советым и унафэщIым и къуэдзэт.
Псалъэ гуапэкIэ Маритэ игу къигъэкIыжу къэпсэлъащ Мамхэгъ Хьэчим:
- Маритэ къыдэлэжьахэм, и благъэхэмрэ Iыхьлымрэ захуэзгъэзэну сыхуейт. Сэ хуабжьу срогушхуэ икIи срогуфIэ Маритэ зэрысцIыхуам. Абы и лэжьэкIэм, и цIыху хэтыкIэм, и Iуэху зехьэкIэм пщIэ хуэсщIырт. ЕджакIуэ цIыкIухэм деж къыщыщIэдзауэ щIыпIэ администрацэм и унафэщIхэм деж щиухыжу ар фIыуэ зымылъэгъуа щыIэу си фIэщ хъуркъым. ЦIыху нэхут, дахэт, щэныфIэт, хьэл дахэ зыгъэлъагъуэ бзылъхугъэ щыпкъэт. Хуабжьу си жагъуэщ ар къызэрытхэмытыжыр, хузэфIэкIыну псоми хунэмысу дунейм зэрехыжар. Анэ щабэт, къызыхэкIа, зыхыхьа лъэпкъхэм яхуэбзэIэфI пхъу, нысэ гуапэт, егъэджакIуэ Iэзэт, унафэщI лъэрызехьэт. Мы еджапIэм и закъуэ мыхъуу, Дыгулыбгъуей къуажэри Бахъсэн щIыналъэри егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ, и хъуэпсапIэ куэди нахуапIэ мыхъуу тхэкIыжащ Маритэ. Ар фщызыгъэгъупщэн гуауэ лъэпкъитIми зеи фимыгъэлъагъукIэ, - жиIащ абы.
Маритэ къыдэлэжьахэмрэ и Iыхьлыхэмрэ къабгъэдэкIыу псалъэ гуапэ, гукъэкIыж куэд щыIуащ зэIущIэм. Апхуэдэу псалъэ иратащ абы и дэлъхуитIым – Валерэрэ Зауррэ, Къаныкъуэ Заудин ипхъу Мидэрэ Къаныкъуэ Хьэзрэталий ипхъу Анфисэрэ.
- Ди шыпхъу цIыкIур псалъэ гуапэкIэ игу къигъэкIыжыну нобэрей зэIущIэм къэкIуа дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхузощI. Маритэ къодаIуэрт икIи узэхихырт. Абы гууз-лыуз иIэт, Iуэху къыбдищIэмэ, ар и кIэм нимыгъэсауэ къикIуэт ищIэртэкъым. Апхуэдиз гукъыдэжымрэ зэчиймрэ гулъытэншэу къэнэну хъунт фэ, унафэщIхэм, ар тевмыгъэгушхуэу, фыкъыкъуэмыувэу ирихьэжьэр къыдэвмыIыгъыу щытатэмэ. Фэри фи фIыщIэ хэлъщ Маритэ щIэблэмрэ цIыхухэмрэ яхуэлэжьэфу зэрыщытам, - жиIащ егъэджакIуэ-психолог Къаныкъуэ Мидэ.
- Илъэсрэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэщ Маритэ къыщысцIыхуар. Ар апхуэдизкIэ гуапэу къысIущIати, игъащIэ псом сцIыхуауэ къысщыхъурт. Абы щыгъуэ Маритэ жиIат Къаныкъуэхэ лъэпкъ тхылъ зэрамыIэм зэригъэгумэщIыр, икIи си IэщIагъэм теухуауэ къызэ-лъэIуащ а тхылъыр лъэпкъым хуэстхыну. «Сэ сщIэркъым ар слъагъунуми сымылъагъунуми, ауэ сыхуейт ар диIэну», - жиIат. Сыкъигъэгугъащ зэрыхузэфIэкIкIэ къыздэIэпыкъуну, икIи сыкъигъэщIэхъуакъым – зэрыжиIауэ, и псэр пытыху лъэкI къимыгъанэу зыкъысщIигъэкъуащ. Сэри Маритэ узыншагъэкIэ и Iуэху зытетым сыщыгъуазэти, зэрыхъукIэ сыпIэщIащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, илъэгъуакъым. Тхылъыр хьэзырщ, лъэпкъыр зэрыщыту зэщIэдгъэхьащ, тхылъ тедзапIэм етту къыдэкIыным фIэкIа къэмынэу. Ар зи фIыщIэри сытезыгъэгушхуари Маритэщ. Жылагъуэм, егъэджэныгъэм, и унагъуэм хуищIам къищынэмыщIа, къызыхэкIа лъэпкъми хуэгумащIэт ар, - жиIащ тхакIуэ, журналист Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ.
ЕгъэджакIуэхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ курыт еджапIэ №10-м и завуч, зэIущIэр езыгъэкIуэкIа Щоджэн Ма- рьят.
- Маритэ унагъуэт, бынищ иIэт. Сыт хуэдэ Iуэху игъэзэщIами, къалэн хьэлъэ и пщэм дэлъами, ар зэи мыарэзыуэ, ешауэ плъагъунутэкъым. А цIыхубзым къылъыкъуэкI гукъыдэжымрэ къарумрэ къыздрихыр умыщIэу жант, нэфIэгуфIэт, сыт хуэдэ Iуэхури къыбдиIыгъыну хьэзыру, и псалъэ иIыгъыжу, зэувалIэр екIуу и кIэм нигъэсу, зэIусэм псэ хилъхьэу апхуэдэт. Абы ирихьэжьа IуэхуфIхэр и кIэм нэдгъэсыну, и цIэм дыхуэфащэу дыдэгъуэгурыкIуэну дыхуейщ мы еджапIэм щылажьэхэр. ФIы защIэкIэ ар ди гум къинащ икIи дыщощIэ хуабжьу, - жиIащ Марьят.