Хуитыныгъэм и джакIуэт

УкъызэращIэж уи дамыгъэщ. ЩIыналъэ къэс езым и щIыпIэ гъэщIэ­гъуэнхэр иIэщ, ахэр абы и фащэу къалъытэу. Ди лъахэр къызэращIэж дамыгъэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ, Шэджэм псыкъелъэхэр, Шэджанэр, адыгэ Iуащхьэжьхэр, нэгъуэщIхэри. Налшык къалэ и теплъэр я нэгу къы­щIагъэувэнумэ, псом япэ ягу къэкIхэм ящыщщ Зеикъуэ Iуащхьэм тет «Сосрыкъуэ» шхапIэр, Псэ жыгыр, Хьэ-тIохъущокъуэм и жыг хадэр, Гуащэней и утыкур, лъагэу къэлъагъуэ Телечэщанэр, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм яхэбгъэхьэ хъунущ усакIуэ цIэрыIуэ Лермонтов Михаил и гъуаплъэ су­рэтри, скъар мывэм хэщIыхьар.

Ар здэщыт щIыпIэр езыр хуабжьу гъэщIэгъуэнщ, Iэджэ нэщэни хыболъагъуэ. Скъарым и щIыбкIэ, метр 50 нэхъыбэ умыкIуу, джаур зауэжьым зи щхьэр хэзылъхьа адыгэ минищэхэм я фэеплъыр, цIыхухэр Псэ жыгкIэ зэ­джэр, щытщ. И гупэкIэ укъаплъэмэ, Хьэ­тIохъущокъуэм и жыг хадэм Бзуу­къуэкIэ зэджэ къуэладжэ кIыхьым зыщиукъудиящ. Зыр лъэпкъкIуэдыр къы­зыхэ­кIа тхыдэ къэхъугъэ бзаджэм и фэеплъщ, адрейр лъэпкъым щыIэныгъэм хуиIэ гукъыдэжыр зэрахуимыудам, псэун щхьэкIэ и къару псор зэригъэуIужу дунейм лъэ быдэкIэ зэрыхэувэ­жам и щыхьэтщ. А тIум я зэхуаку ит скъа­рыр лъэмыж хуэдэщ – усакIуэм и Iэщэр псалъэрат, ди лъахэмрэ и цIыху­хэмрэ ­къа­зэрыщыжым хузэригъэпэщ и бзэ те­лъыджэрат. Лермонтовыр ди щIы­­пIэм щыпсэухэм зэращIэр хуиты­ныгъэм и джакIуэущи, арагъэнущ и фэеп­лъыр здэщыт щIыпIэм пщIэ щIи­Iэри, цIыхухэм я кIуапIэу щIыщытри.
Сыт хуэдэ IэщIагъэри щIэблэм къахуэгъэнэн, абы хэлъ купщIэри ялъэгъэIэсын хуейщ. Аращ фэеплъхэр, ухуэныгъэхэр, щIыпIэхэр щIахъумэр, зэманым щипхъэхкIэ, щызэфIагъэувэжыр. Налшык къалэм иIэ апхуэдэ щIы­пIэхэм гулъытэ хэха ягъуэт, ахэр щы­зэрагъэпэщыжкIэ, къагъэсэбэп Iэ­мал­хэри щIэныгъэм игъэунэхуа Iуэху щIэкIэхэм тетщ. УсакIуэшхуэм и гъуап­лъэ сурэтми илъэсхэм трищIа тепхъэ бэгу щхъуантIэр, сабэр, фIейр тегъэкъэбзыкIыжын хуейт, ар IуплъэгъуафIэ хъужын щхьэкIэ. А лэжьыгъэр и пщэ дилъхьэжащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хэт «Эрмитаж-Кавказ» щэнхабзэ-егъэджэныгъэ центрым.
Абы и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэ Мэкъуауэ Беслъэн щыгъуазэ дызэры­хуи­щIамкIэ, гъуаплъэ сурэтыр зэбгъэпэщыжын щхьэкIэ, бгъэдыхьэкIэ хэхахэм утетын хуейщ.
– Скъар мывэм тещIыхьа гъуаплъэр зы­хуэсакъын хуей гъущIыкIэ лIэужьыгъуэщ. ГъущIыкIэр зыхуэгъэткIун, хэлъ пкъахуэхэр къыхэзыхуфын дзэхуш­хэмрэ псыфIэIухэмрэ гуащIэу лъэбгъэIэс хъунукъым. Абы гъуаплъэм телъ фэ пIащIэр, патинэ жыхуаIэр, трихунущ, дыгъэр къыщытепсэкIэ, тезыгъэцIуукI пкъыгъуэхэр ишхынущ, су­рэтым и теплъэр фIигъэкIуэдынущ. ЗэгъэпэщыжыкIэ хабзэхэр иIэщи, абыхэм уакъытекI хъунукъым. Дэри дыху­щIэкъу­нущ а Iэмалхэр зыхуей хуэзэу теплъэгъуэм зэретхьэлIэным. Гъуаплъэ сурэтхэр зэгъэпэщыжыныр щIэныгъэ псо ирокъу. Дэ дбгъэдэлъ щIэныгъэр ди ужь къиувэну дызыщыгугъ щIалэ­гъуалэм еттыжын щхьэкIэ КъБКъУ-м ще­джэхэр къедгъэблэгъащ. Нэм ­илъагъу Iэм ещIэж, жаIэ, хуабжьу сыщогугъ Iуэху гугъум ахэр Iэижь хуэхъуну, – жеIэ Мэкъуауэм.
Гъуаплъэ сурэтыр хуэсакъыурэ зэзыгъэпэщыж Iэмалыр зыхуэгъэпсар абы и щытыкIэр нэхъыкIэ мыхъунырщ, зытетым къытенэнырщ. Лэжьыгъэр Iы­хьищу зэхэтщ. ЯпэщIыкIэ гъуаплъэ сурэтыр сабыныпскIэ зэхэщIа псы хуа­бэкIэ къратхьэщIэх, сабэмрэ фIеймрэ трахын щхьэкIэ. Ар ягъэгъуща нэужь, сурэтыр тIамыгъуэпскIэ зэпалъэ­щIы­хьащ. А Iуэхугъуэр Мэкъуауэм ныбжьыщIэхэм дзыхь яхуищIащ. Зи гущIыIур тегъущхьа сурэтым зыбжанэрэ тIамы­гъуэпскIэ ирикIуащ, зэтехьэпIэ-зэтелъыпIэ къамыгъанэу. ИтIанэщ гъуап­лъэм телъ фэ пIащIэм зыгъэцIууж псы зэхэщIар щыщахуэр. Зы тэлай дэкIа нэужь, жьыхукIэ ягъэгъущыж. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, зи фэр къы­щIэщыжа сурэтыр дыгъэм пэлыду илъэс хуэдизкIэ къабзэу щытынущ. Лермонтовым и нэгур къызытещ гъуаплъэ сурэтыр иджы теплъафIэу къолъагъуэри, уса­кIуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тетщ, блэкIыр къэувыIэрэ еплъу, къэувыIам гъа­щIэм теухуа гупсысэ узыншэхэр къахузэщIигъэушэу.
«Эрмитаж-Кавказ» центрыр зыбжанэ лъандэрэ гуащIафIэу мэлажьэ. Апхуэдэу Мэкъуауэ Беслъэн КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и къудамэм щеджэ ныбжьыщIэхэр щIы­тIыж (археологие) лэжьыгъэхэм хешэ, щIыпIэхэм ишэурэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр, абы щызекIуэ хабзэхэмрэ Iуэху щIэкIэмрэ щегъэгъуазэ. Мы далэм Мэкъуауэр Къулъкъужыныщхьэ щыIэ, VII – IX лIэщIыгъуэхэм зэтратхъуауэ хуагъэфащэ Iуащхьэхэр зытI гупым я пашэщ. Абы къыщIахыж гъуаплъэ хьэпшып куэд дыдэ: Iэлъынхэри, тхьэгъухэри, щIыIу­хэри, цыкIуэкIхэри, Iэщэ зэмылIэужьы­гъуэхэри. Ахэри гъэкъэбзэн, яIа теплъэр егъэгъуэтыжын хуейщи, ныбжьыщIэхэм яригъэлъэгъуа зэзыгъэпэщыж IэмалхэмкIэ хьэпшыпхэр «къагъэпсэуж».
Къыхэгъэщын хуейщ Мэкъуауэ Бес­лъэн ди лъахэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхы­дэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэзыгъэувэж лэ­жьыгъэ щхьэпэ зэрыригъэкIуэкIыр, еши щхьэхи имыщIэу щIалэгъуалэри фIэфI Iуэхум зэрыхишэр. Нэхъыжьхэм я жыIауэ, псэхэлъхьэж лэжьыгъэм пщIэ пылъщ, щIыналъэм и цIэр дахэкIэ Iуным, и щэнхабзэр лъагэу Iэтыным пыщIауэ щытмэ. Мэкъуауэм и гуащIэдэкIым лъахэми къалэми я дамыгъэхэр къегъэщIэрэщIэжри, и зэфIэкIыр нэхъ лъагэж хъуну ди гуа­пэщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: