Журналистхэр щIэпхъаджагъэм зэрыпэщIэт Iэмалхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгу­хьэ­ны­гъэмрэ «КъБР- Медиа» ГКУ-мрэ къы­зэрагъэпэщри, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэ­щIэтыным теухуа зэIущIэ ще­кIуэкIащ Налшык Печатым и правленэм и унэм. Абы зыкърагъэхьэлIащ рес­­публикэм и Журналистхэм я зэгу­хьэ­ныгъэм хэтхэм, «Журналист ­ныб­жьы­­щIэм и школым» къе­­кIуалIэхэм, район, республикэ хъ­ы­­барегъащIэ IэнатIэхэм я редакторхэмрэ корреспондентхэмрэ. «Терроризмэм, экстремизмэм, нацизмэм ­пэ­щIэтын. Журналистым щыты­кIэ ­къы­зэрымыкIуэхэм щиIэ къалэнхэр»­ ­фIэ­щыгъэр зыхуащIа зэIущIэр къы­зэIуихащ КъБР- и журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч. 

- Ди зэIущIэр щхьэпэ дыдэ хъуну дыщогугъ. Мы гъэм Налшык япэу ще­кIуэкIащ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Инфорум» егъэджэныгъэ. Абы хэту «стIол ­хъурей» щыIащ Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я Iуэху зытетхэм теухуауэ. ИужькIэ, ­КъБР-м щыщ гуп Сочэ къалэм кIуэри, «Вся Россия 2025» урысейпсо журналист зэхыхьэм хэтащ. А псор къыщIызэдгъэпэщыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­Iэ журналистхэм я щIэныгъэм хэдгъэхъуэн, нэхъыбэм гу лъедгъэтэн папщIэщ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм дяпэкIи къыпытщэнущ, зедгъэубгъунущ. Сы­хуейт, фызыгъэпIейтей, нэхъ куууэ зы­щывгъэгъуэзэну фызыщIэхъуэпс Iуэхугъуэхэр къэдывгъэщIэну. Абыхэм зэпкъ­рыхауэ тепсэлъыхьын IэщIагъэлIхэр дэ къыфхуетшэлIэнщ. 
АдэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» хъыбарегъащIэ агентствэм и унафэщI Ат­таев Азнор видеозэпыщIэныгъэкIэ зэIущIэм кърихьэлIа хьэщIэ лъапIэр къы­зэхуэсахэм къаригъэцIыхуащ:
- Ди гуапэщ видеозэпыщIэныгъэм и Iэ­малыр къэдгъэсэбэпу едгъэкIуэкI зэIущIэм Урысейм и Журналистхэм я зэгу­хьэныгъэм и секретарь, дунейпсо Iуэ­хугъуэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI, Иракым, Палестинэм, Сирием, Суда­ным щыIа журналист-международник, Журналистхэм я дунейпсо федерацэм и вице-президент, ЛингвистикэмкIэ Москва щыIэ къэрал университетым коммуникацэ технологиехэмкIэ и ка­фед­рэм и егъэджакIуэ, иджырей журналистикэм щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд тезыухуа Шафир Тимур къызэрыт­хуеблэгъар. Ар зытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэхэр псом хуэмыдэжу щIалэгъуалэм дежкIэ щхьэпэщ. 
Шафир Тимур тепсэлъыхьащ экстремизмэм, терроризмэм, нацизмэм я щхьэусыгъуэхэм, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм, журналист IэщIагъэ зиIэр апхуэдэхэм япэщIэтыфын папщIэ ящIапхъэхэмрэ щIэпхъаджащIэхэм щатепсэлъыхькIэ е щатетхыхькIэ зыхуэсэкъын хуей Iуэху­гъуэхэмрэ. 
Псом япэу къытеувыIащ террориз­мэм­рэ экстремизмэмрэ зищIысыр къыб­гурызыгъаIуэ чэнджэщхэр, лекцэхэр журналист ныбжьыщIэхэм дежкIэ зэрыщхьэпэм. Къыхигъэщащ щIыналъэхэм щыIэ журналистхэм я лэжьэкIэм зыкъомкIэ зэрелъытар а щIыпIэм щы­IэнкIэ хъуну щытыкIэр. ЩIэпхъаджащIэ­хэм дазэрыпэщIэтын Iэмал нэхъыщхьэ дыдэу къилъытэхэм ящыщу къэпсэ­лъам къигъэлъэгъуащ апхуэдэхэм утыку епт зэрымыхъунур. 
- ЩIэпхъаджащIэхэм утыкур хуит яхуэпщI хъунукъым. Сыт абы къикIыр? ЩIэгъэхуэбжьауэ, егъэлеяуэ шына­гъуэу абыхэм я гугъу пщIымэ, цIыхубэр шынэнущ, заудыгъунущ. Террористым и IуэхущIафэр СМИ-м ирипхыну щIокъу. Абы щIэпхъаджагъэ илэжьу лъэныкъуэ зригъэзыжын къудейкъым и нэрыгъыр, атIэ хуейщ а ищIам куэд тепсэлъыхьыну, абы и хъыбарыр нэхъыбэм зэхахыну, нэгъуэщI Iуэху щымыIэжым хуэдэу, псори къигъэнэну. Террористхэр нэхъы­бэм зи акъылыр мытэмэм цIыхухэщ. «ЭкстремисткIэ» зэджэм и гуращэ фIейхэр тIэкIу къыщ­хьэщокI террорис­тым ейм. Экстремистым и нэрыгъыр цIыхубэм щабзы­щIIауэ, зыгуэрхэр кърамыгъащIэу къыщагъэхъунырщ. Абы папщIэ экстремистхэм я Iэщэ нэхъыщхьэ ды­дэщ интернет напэкIуэцIхэр. Нэхъ шы­на­гъуэжыр «нацизм» жыхуэ­тIэрщ. Нацистхэм цIыхухэр зэхуэмыдэу, къы­зыхэкIа, зыщыщ лъэпкъ елъытауэ зым нэхърэ адрейр нэхъыкIэу ябж, зэ­хуа­гъа­дэркъым. 
ЩIэпхъаджащIэхэм ятеухуа хъыбар щыптхым деж уегупсысын хуейщ цIыху­хэм ар зэрызыхащIэнуми абы кърикIуэн­кIэ хъунуми. ИпэжыпIэкIэ узыщыгъуазэ, ар зи къалэным хиубыдэ IуэхущIапIэхэр щыхьэт зытехъуэжа хъыбар фIэкIа яхэп­хьэну ухуиткъым. ИтIанэ, укIэлъып­лъын хуейщ цIыхубэм апхуэдэ хъыбарыр ­къазэрыщыхъуам, тражыIыхь­хэм. ­ЦIы­ху­хэр нэхъри мыгужьеин папщIэ журналистхэм къагъэсэбэп ­хъунущ Iэмал гуэрхэр. Псалъэм папщIэ, а Iуэхугъуэр шынагъуэми, апхуэдэ къэ­мыхъуныр е къэхъуар гъэзэкIуэжыныр зи къалэнхэр зэрымыбэлэрыгъыр, цIы­ху­бэм я шынагъуэншагъэр хъумэным ахэр зэры­пы­лъыр къэгъэлъэгъуэн ­хуейщ, - жиIащ абы. 
Шафир Тимур тепсэлъыхьащ бзэ зэгъэкIуа къигъэсэбэпкIэрэ, журналистыр щIэпхъаджащIэхэм пэщIэтыным теу­хуауэ сэбэп зэрыхъуфынур. Къыхигъэщащ, КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Ингуш, Шэшэн республикэхэм щыIэ журналистхэм я тхыгъэхэр нэсу зэхуагъэ­хъуу къызэрилъытэр. АбыкIэ сэбэп хъууэ къыхигъэщащ я анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ фIыуэ зэращIэр. Iуэху­гъуэр нэсу зэпкърахыным бзэм и IэмалкIэ холIыфIыхь. 
СМИ-м цIыхубэм хъыбар щрагъащIэм деж куэдрэ къохъу щыуагъэхэр щаIэ­щIэкI. Абыхэми къатеувыIащ къэп­салъэр икIи къыхигъэщащ журналистхэр зэрыпIащIэм, япэу хъыбарыр хагъэIуэну зэрыхуейм зэраныгъэ къы­зэришэр. Апхуэдэм деж хъыбарым и пэжыпIэр зэхагъэкIыну хунэсыркъым. Щыуагъэхэм яхибжащ журналистым и тхыгъэм хуищI псалъащхьэм е къы­щихь псалъэхэм гуемыIу куэд къыхигъэхьэныр. Псалъэм папщIэ, «лъыкъуа­лэр къежэхыу», «гуащIэу зызэрапщытащ», нэгъуэщI мыпхуэдэ жыIэкIэхэм за­пыIудзын хуейщ. Щыуагъэу къилъытащ щIэпхъаджащIэм илэжьа Iуэхур зэтещыпыкIауэ къэIуэтэжыныр. Псалъэм папщIэ къигъэсэбэпа Iэмалхэр, зрикIуа гъуэгур, зызэригъэпщкIуа щIыкIэр – мып­хуэдэ Iуэхугъуэхэр къэбгъэлъагъуэ­мэ, абы иригъуэзэнкIэ хъунущ гъуэгу пхэн­жым теува нэгъуэщI зыгуэрхэр. Щыуагъэхэм яхибжащ щIэпхъаджащIэр нэхъапэм зы бэлыхь зыхузэфIэкI гуэру щытауэ къэбгъэлъэгъуэныр, и сабиигъуэм е курыт еджапIэм щыщIэса зэманым, хьэл-щэн иIахэм ебгъэлейуэ утепсэлъыхьыныр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэпхъаджащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ узэгупсысынкIэ хъун шыфэлIыфэ кIэру­мылъхьэмэ нэхъыфIщ. 
Сыт журналистым ищIэн хуейр къи­гъэ­лъагъуэ Iуэхугъуэр нэщIысауэ цIы­хубэм я деж нихьэсын папщIэ? Япэрауэ, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм дэфтэркIэ е абы щыгъуэзэну зи къалэн лэжьакIуэхэм я псалъэкIэ щIэгъэбыдауэ щытын ­хуейщ. Езы журналистым и губжь,­ ­лъагъумыхъуныгъэ гуэр тхыгъэм имы­гъакIуэмэ нэхъыфIщ – Iуэхум и пэжыпIэращ къигъэлъэгъуэн хуейр, езыр а Iуэхум зэрыхущытыр нэгъуэщI зы уп­щIэщ. Iэмал имыIэу къыхигъэщын ­хуейщ къэхъуар зэрызэхагъэкIыр, ­цIы­ху­хэр шынэн е гужьеин зэрыхуэмейр. Къигъэлъэгъуапхъэщ къэхъуа щIэп­хъа­джагъэм теухуауэ IупщI хъуамрэ а зэманым къриубыдэу зэхагъэкIымрэ. 
«Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Конаков Хьэсэн Шафир Тимур зы­хуигъэзащ зэIущIэм хэт журналистхэм папщIэ щIэпхъаджагъэм лъабжьэ хуэхъункIэ хъуну Iуэхугъуэ­хэм, зызыщахъумэн хуейхэм нэхъ пыу­хыкIауэ къытеувыIэну. ХьэщIэр тепсэ­лъыхьащ терроризмэм, экстремиз­мэм, нацизмэм ­лъабжьэ яхуэхъу Iуэ­ху­гъуэ зэхуэ­мы­дэхэм. 
Жыласэ Заурбэч видеозэпыщIэныгъэ­кIэ кърагъэблэгъа хьэщIэм фIыщIэ ­хуищIащ щIэпхъаджагъэм пэщIэты­ным­кIэ журналистхэм я Iэмалхэм гурыIуэ­гъуэу зэрытепсэлъыхьам, жиIахэр щапхъэ IупщIхэмкIэ зэрыщIигъэбыдэжам папщIэ. Къыхигъэщащ адэкIи я зэдэлэ­жьэныгъэм къыпащэмэ зэригуапэр. 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: