Дэтхэнэ зыри и узыншагъэм кIэлъыплъыжыпхъэщДыгъэгъазэм и 1-р СПИД-м ебэныным и дунейпсо махуэщ
Узыфэм зэрызиубгъур- ВИЧ узыфэ зэрыцIалэхэр дэтхэнэ зыми къыпкърыхьэнкIэ шынагъуэ щыIэщ, и ныбжьми, жылагъуэм щиубыд увыпIэми, и къулеягъ-тхьэмыщкIагъми, зэрихьэ динми емылъытауэ. Дуней тетыкIэ мыщхьэпэ зиIэ, и узыншагъэр ихъумэжынымкIэ гукъыхэщтышхуэ зыхэмылъ псори а узым и «къапхъэным» ихуэфынущ. Псом хуэмыдэу а узыфэм нэхъ псынщIэу зеубгъу цIыхубзымрэ цIыхухъумрэ яку къыдэхъуэ лIыгъуэ-фызыгъуэ IуэхухэмкIэ, къищынэмыщIауэ, сымаджэхэм я Iыхьэ щанэр наркотикхэкIхэр зэзыхьэлIэхэрщ. Узыр зыпкърытым и лъыр уи Iэпкълъэпкъым къыхыхьэмэ, укъицIэлэфынущ. Абы къыхэкIыуи мастэ щызэхевгъалъхьэкIэ фызэрысакъыным фыхущIэкъу, зэ фIэкIа къамыгъэсэбэп шприцхэм фIэкIа нэгъуэщI къэвмыщэху. ДэIэпыкъуныгъэхэр и чэзум ягъуэтмэ...- СПИД-р, ВИЧ узыфэхэр зэрыпкърытыр къэзыщIа цIыхум дежкIэ ар хъыбар гуапэкъым. Шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэхур зыми и щхьэм хуихьыну хуейкъым, зыхуигъэфащэркъым, аращи, егъэлеяуэ и психикэм йогуауэ. Апхуэдэхэм деж цIыхухэм я щытыкIэхэр зэхуэдэкъым, нэхъыбэм я шыIэныгъэр яфIокIуэд, ауэ ар икIи гурыIуэгъуэщ, уи гъащIэмкIэ шынагъуэ къозыт узыфэ узэриIэр щызэхэпхкIэ уи лъэр щIэхунущ. Яхуэмыгъэхъуж узыфэр зэрыпкърытыр къыщыгурыIуэкIэ, абы и щхьэм гупсысэ куэд къохьэ, и псэр гузэвэгъуэм зэщIеубыдэри, и гугъэр пщэдейрей махуэм хехыж, языныкъуэхэр егъэлеяуэ тэмакъкIэщI, губжьыгъуафIэ мэхъу, зызыукIыжыну хэтхэри щыIэщ. Ахэр зэрыхуа щытыкIэм къипшыфынущ, зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэхэр и чэзум ягъуэтмэ. Узыфэр зиIэу къахутахэм псом япэу психологымрэ психотерапевтымрэ ядолажьэ. АдэкIэ сымаджэм и арэзыныгъэкIэ диспансер учётым догъэуври, зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр етхьэлIэурэ доIэзэ, и узыншагъэм дыкIэлъыплъ зэпытурэ идогъэкIуэкI. Сымаджэр а щытыкIэм къикIыну хущIэкъумэ, дохутырым и чэнджэщхэр сытым дежи игъэзащIэмэ, ретровирусым зэрыпэщIэт хущхъуэхэр зэпымыууэ зрихьэлIэмэ, ар псэуфынущ лажьэу, унагъуэ зэригъэпэщу, сабий ипIу. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, дрохьэлIэ дохутырым и нэIэм щIэтыну, хущхъуэхэри зэзыхьэлIэну хуэмейхэми. Узыр зэрапкърытыр къащащIа дыдэм деж иджыри я щытыкIэр тэмэму, я узыншагъэр дагъуэншэу зэрыщытым ахэр щегъауэ. ИужькIэ нэхъ хьэлъэ хъуауэ къытрагъэзэжри, зэрыхъукIэ я узыншагъэр зэтедгъэувэжын папщIэ нэхъ кIыхьлIыхьу деIэзэн хуей мэхъу, езыхэри нэхъ гугъу йохьыж. И чэзум къэпхута узыфэм игъуэт Iэзэгъуэр куэдкIэ нэхъ щхьэпэщ. Чэнджэщхэр- Медицинэм и Iэмалхэм я закъуэкIэ узыпэлъэщын узыфэкъым ар, абы цIыхубэм я къару псори хузэщIэгъэуIуэн хуейщ, дэтхэнэ зыри и узыншагъэм кIэлъыплъыжыпхъэщ жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэд щыгъуазэкъым ВИЧ узыфэ зэрыцIалэхэм зэрызаубгъу щIыкIэхэм, абы къишэ гугъуехьхэм, арагъэнщ сымаджэхэм я бжыгъэм хэхъуэныр нэхъыбэуи къызыхэкIыр. СПИД-м земыгъэубгъунымкIэ щыIэ Iэмал нэхъыфIхэм ящыщщ а узыфэм цIыхум и узыншагъэмкIэ, гъащIэмкIэ иIэ шынагъуэр зыхуэдэр зэхэхауэ жылагъуэм ябгъэдэлъхьэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ ди центрым сытым дежи лэжьыгъэ пыухыкIахэр къызэрегъэпэщ. СПИД-мрэ уз зэрыцIалэхэмрэ къызыхэкIымрэ зэрызащыпхъумэнумрэ теухуа зэхыхьэхэр республикэм и еджапIэхэмрэ библиотекэхэмрэ щыдогъэкIуэкI. Фи узыншагъэмкIэ фигурэ фи щхьэрэ зэтелъу фыщытын папщIэ ВИЧ-тестхэр евгъэщI хъунущ, псом хуэмыдэу адэ-анэ хъуну зызыгъэхьэзырхэм а Iуэхум гулъытэ нэхъ хуащIыпхъэщ. Узихэтыр къыумыгъащIэу апхуэдэ тестхэр щыптын пэш центрым иIэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




