Адыгэхэм я Iущагърэ дуней еплъыкIэрэ къызыхэщщ псалъэжьхэр. Ахэр гъэщIэгъуэн зыщIхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъуну къыщIэкIынщ щIагъыбзэ щIалъхьэу зэрыщытар. Гупсысэшхуэ зыхэлъ псалъэжьхэм ноби щIэблэр ирибгъэсэну уасэ зимыIэщ. Ди зэманым абыхэм куууэ щолэжь Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым. Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, адыгэ IуэрыIуатэмкIэ щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Гъут Ланэ псалъэжьхэм теухуауэ иригъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэщ нобэ фызыщыдгъэгъуазэр. Абы псалъэжьхэр къещтэри, лъэпкъ гупсысэр, и купщIэр наIуэ къещI.
БгитIыр зэIущIэркъым, цIыхуитIыр зэIуощIэ. БгитIыр икIи зэбгъэдыхьэфынукъым, икIи зэпсэлъылIэфынукъым, акъылэгъуи дауэгъуи зэхуэхъунухэкъым, ауэ цIыхуитIыр гъащIэм зэришэлIэфынущ, зэакъылэгъуи зэбии зэхуэхъункIэ хъунущ.
Гъусэ бзаджэ пщIыгъуу мыщэм уемыбэн. ЦIыху къэрабгъэм, цIыху гъэпцIакIуэм ущыгугъыу утыку уимыхьэ, апхуэдэр япэ шынагъуэм дэбзэхыжынущ. Мы жыIэгъуэр къыщIежьам хъыбар щхьэхуэ иIэщ, икIи адыгэхэм ямызакъуэу нэгъуэщI лъэпкъхэми яхэлъщ.
Мывэр мыхъейуэ куэдрэ щылъым жыглыц къытокIэр. Мывэр умыгъэхъейуэ куэдрэ щыбгъэлъмэ, къэщтэжыгъуей зэрыхъум хуэдэу, зэ дэбдзыха Iуэхури къыдэхыжыгъуей мэхъур; апхуэдэр къыпщымыщIын щхьэкIэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэри жьы пщIэту гъэзэщIэн хуейщ.
Уи напIэ (р) гъалIи лIы зэгъэгъуэт, утыкур бгъуэтым (зэгъэгъуэти) уи джатэр къих. Мы псалъэжьымкIэ унагъуэ иджыри имыхьа пщащэ бзаджэм еущие хуэдэу защIырт: зыбгъэнэмысыфIэу щхьэгъусэ зэгъэгъуэт, узэрыхьа унагъуэм я унафэр иужькIэ пщIынщ, жыхуаIэ щIыкIэу.
Iэпхъуамбитхур зэшхуэзэесщ. Iэпхъуамбитхум хуэдэу зы унагъуэ исхэр зэрыIыгъщ, жыхуиIэщ.
Къаз псы кIэрыпщIэрэ. ЦIыху бзаджэм, псалъэмакъ къэзыгъэхъейуэ хэшыпсыкIыжыфым хужаIэр.
Мыщэм ишхар дыгъужьым щецIэлъ. Зыгуэрым Iей ищIауэ нэгъуэщIым щытрилъхьэм деж жаIэр. Таурыхъым къыхэкIащ: таурыхъым зэрыхэтымкIэ, мыщэмрэ дыгъу- 216 жьымрэ жеиху, бажэм гъуэмылэр ишхыжри, дагъэр дыгъужьым щицIэлъыжщ абыи, иужькIэ дыгъужьым ишхауэ тралъхьэжащ.
Удым и удыгъэр япэ къырегъэщ. ИщIа бзаджагъэр щIихъумэн мурадкIэ япэ зыкърегъэщри, лажьэ зимыIэр егъэкъуаншэ, жыхуиIэщ.
ЛIым я нэхъ мыгъуэми Iуэхугъуибгъу и пщэм дэлъщ. МащIэми куэдми зы пщэрылъ гуэр, зы лэжьыгъэ гуэр зимыIэ цIыхухъу щыIэкъым, жыхуиIэщ.
КъэкIуэгъуафIэ кIуэжыгъуафIэщ. Уи пщIэнтIэпс хэмылъу, гугъуехьыншэу къохъулIам и уасэр зыхэпщIэркъыми къыпфIэIуэхущэкъым, апхуэдэр кIуэдыжыгъуафIэщ, жыхуиIэщ.
ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ. Iуэху псоми хуэшэрыуэ цIыху дунейм теткъым, я нэхъ IэщIагъэлI Iэзэ дыдэми и IэщIагъэм гуащIэм щымысхьыжу зыхуигъэсащ, хуеджащ. Апхуэдэу уегугъуу, уфIэгъэщIэгъуэну зыхуэбгъэса Iуэхур IэщIагъэ пхуохъури, зыри зыхыумыщIыкIыр IэщIыб хъуауэ къонэжыр.
Иужьрей Iуэхур бзу кIагуэщ. Iуэхур щичэзум деж гъэзэщIэн хуейщ, жыхуиIэщ.
Бэрэжьей гущэ ирапIыкIа? ЦIыху IуэнтIам, зыдэзышейм хужаIэ. Бэрэжьейр пхъэ нэхъ щабэхэм ящыщщ, абы къыхэщIыкIа гущэр гъэфIагъэ нэщэнэщи, апхуэдэм 224 ирапIыкIар тыншыгъуэм есауэ, дунейм и гугъуехьхэм химыщIыкIыу ялъытэу щытащ.
Уи пыIэкIэ къодауэми хабзэ хуэщIэ. Уи ныкъуэкъуэгъур, уи дауэгъур зэрыщыт умыхъу, уи пщIэ Iыгъыж, жыхуиIэщ. ПыIэм хэхауэ пщIэшхуэ хуащIу, лIым и напэ дыдэм пащIу щытащ. Мыбдежым хабзэм уебакъуэ нэхърэ, уи пыIэр, хьэмэрэ уи щхьэ дыдэр хэплъхьэми нэхъыфIщ, жиIэу къокIыр.
Унэхъунум (насыпыншэм) и дзэр хъудырым(и) IуещIыкI. Насыпыншэм и Iуэхур зы мащIэ дыдэми къызэпеуд.
Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ. Нэхъыжьым игу къэмыкIын, гу зылъимытэн Iуэхугъуэм нэхъыщIэм и щхьэ нэсынкIи мэхъур, жыхуиIэщ.
Илъэс плIыщIыр – дыгъужь плIыщIщ, и илъэс хыщIыр – хьисэп хыщIщ, илъэс пщIейр – пэщащэ пщIейщ, илъэсищэр - джэдыкIищэщ. Илъэс плIыщIым деж цIыхум и акъыл тIыса мэхъур, ауэ иджыри и къарури илъщ; илъэс хыщIым акъылкIэ жьажьэ мыхъуауэ Iущщ, щIэблэм я ущиякIуэщ, илъэс пщIейм деж хуэзэфIэкIыжышхуэ щыIэкъым, илъэсищэм нэсам джэдыкIэ къутэным зэрыхуэсакъым хуэдэу хуэсакъын, кIэлъыплъын хуейщ, жыхуиIэщ.
Чы (чыуэ) щIыкIэ (къы)умыгъэшы(а)р бжэгъу(у) хъумэ, (къып) пхуэгъэшыжыркъы. ЩыцIыкIум, щыщIалэм щыгъуэ умыгъэсам, иужькIэ хьэл тэмэм пхухэлъхьэжынукъым, жыхуиIэщ.
ШкIащIэм ягъэдела выжь хуэдэ. И ныбжьым емылъытауэ, щIалэгъуалэм хэт нэхъыжьым хужаIэр.
Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъут. КъуейщIейм, зауэ-банэкIэ ерыщым, зэ мыхъуми зэ псори къытекъутэжынущ.
И щхьэр пиупщIри, къыхуигъэгъуну елъэIужащ. Къыпхуемыгъэгъэзэжын илэжьри щIегъуэжащ, жыхуиIэщ.
Псалъэ бутIыпщам аркъэн кIэлъумыдзыж. Уемыгупсысауэ псалъэ гуэри жумыIэ, ухущIегъуэжкIэ къыпхуегъэгъэзэжынукъым, жыхуиIэщ.
Гуащэрэ пэт данэ кIапэ щощIэ. Сыт хуэдиз фIагъ бгъэдэмылъами, щIыщIэныгъэ гуэр иIэщ, жыхуиIэщ.
Дахэ псори дахэкъым. Хьэл мыхъумыщIэм цIыхум и дахагъыр егъэкIуэдыж, жыхуиIэщ.
Дыгъэ-мазэрэ пэт дыркъуэ яIэщ. Я нэхъ дахэ дыдэми дагъуэ гуэр иIэщ, жыхуиIэщ.
Зэрымылъагъумэ, зэщIолIэ, зэрылъагъумэ, йолIыкI. ФIыуэ зэрылъагъухэм, ауэ зэщыхьэрейхэм хужаIэр.
ЛIым фэ теткъым жыпIэу иумыку. Фэншэщ, жыпIэу утемыгушхуэ, жыхуиIэщ.
ШкIэплъ зытелъ нэхърэ, дагъэ зытет. Дахэ нэхърэ хьэлыфI зыхэлъ, жыхуиIэщ.
Адыгэм я нэхъ тхьэмыщкIэри бысымщ. Адыгэм я нэхъ зыхулъэмыкIми хьэщIэм хьэщIагъэ ирихынущ, жыхуиIэщ.
Зы хьэщIэ (м) зы хьэщIэ (р) и жагъуэщи, хьэщIитIыр бысымым и жагъуэщ. Зы хьэщIэ зэрыс унагъуэм етIуанэр щыкIуэм деж япэрейм гулъытэу къылысыр нэхъ мащIэщи, ар и гуапэ хъуркъым; зэрымыщIэкIэ хьэщIитI зыхуэкIуа бысымми абыхэм я къалэныр къехьэлъэкIынкIэ 292 хъунущи, апхуэдэ зэтрихьар и жагъуэщ; зи акъыл зытемыхуэ цIыху зыбжанэ унагъуэм щызэрихьэлIамэ, езыхэри зэрыгъэтыншыркъым, бысымри гугъу ирагъэхь, жыхуиIэщ.
Хамэ шхын бжэщхьэIу щхьэдэпхьэхыркъым. Ягурэ я псэрэ къабгъэдэкIыу уамыгъэшхам жыжьэ уихьыркъым, жыхуиIэщ.
Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ. ЗыхузэфIэмыкIым зэрыхулъэкIым хуэдэу и Iуэху дегъэкI.
Зы тхьэрыкъуэф Iэнэ зэдытешхыкIащ. Губгъуэм зэдитащ, щызэдэлэжьащ, гъэунэхугъуэ ихуащ, жыхуиIэщ. Пэжыныгъэ яку дэлъу, ерыскъым лъапIэныгъэу хуащIым къыхэкIыу зы Iэнэ тешхыкIахэм я дзыхь зырагъэзу щытащ.
Зи мэрамысэ зыхуэмыщIыжыр гъунэгъум жэмыкуэщI макIуэ. КъызэрыгуэкI лэжьыгъэм хэмызагъэми, цIыхум яхыхьэу нэхъ Iэзагъышхуэ хэлъу зызыгъэлъэгъуэну хуейм хужаIэ
Зауэм Iухьэмэ, лIыхъужь, губгъуэм ихьэмэ, алъпыжь. ЦIыху хахуэм, лэжьакIуэшхуэм хужаIэ. Апхуэдэу, мы псалъэжьым гушыIэ мащIэ щIэлъу, цIыху къызэрыгуэкIыр ауан иращIуи хужаIэр.
Жэхафэр щхьэцыкIэкIэ епхъэнкI. Зи псэ емыблэжу унагъуэм Iуэху щызыщIэ нысэм хужаIэр. Апхуэдэу ар хужаIэ гу зылъригъэтэн щхьэкIэ и щхьэ ирипэсу, сыт хуэдэ Iуэхури зыщIэну хьэзыр цIыхум.
ГъукIэныр арму IэщIагъэщи, пхъащIэныр IэщIагъэ щабэщ. ГъукIэхэмрэ пхъащIэхэмрэ гушыIэурэ зыхущIэбжэу щытащ пасэ зэманым. Мыр апхуэдэ зы гушыIэщ, пхъащIэр нэхъ лъагэу къиIуатэ хуэдэуэ, абы щыгъуэми ар ауан ищIу.
Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ уегъэпскIри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекIэ. Гъатхэр гуапэ щхьэкIэ, берычэт и гъусэкъым, гъэ утекIа къудейщи, езы дыгъэр къызэродэхащIэ къудеймрэ гугъэу къыпхилъхьэмрэщ и фIагъыр. Бжьыхьэ дыгъэм щIым къытепха берычэтыр щIыгъущи, абы уи гур фIы къещIыр. Гъатхэм гугъу уехьу щIым утелэжьыхьми, бжьыхьэм гугъу узэрехьам ущыгуфIыкIыжынщ, щIым къуит гъавэмкIэ.