Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъхэу Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей, Кременчуг-Константиновскэ жылэхэм дэтхэр 2026 гъэм зыхуей хуагъэзэнущ. Ахэр къагъэщIэрэщIэжынущ икIи Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щебгъэкIуэкI хъун хуэдэу, здэщыт щIыпIэхэр нэхъ Iэхуитлъэхуит ящIынущ.
Хэку зэуэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр хъумэным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэм ипкъ иткIэ 2020 гъэм щегъэжьауэ Бахъсэн щIыналъэм апхуэдэ и фэеплъу 14 къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ, теплъэ дахэхэр иратащ.
«Хэкум и хъумакIуэхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр цIыхухэм ящымыгъупщэным хуэунэтIа, мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуэфIщ ахэр. ЕтIанэгъи а лэжьыгъэм пытщэнущ», - жиIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор.
Къуажэхэр псы къабзэкIэ къызэрагъэпэщ
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм жыджэру щагъэзащIэ. ЖыпIэнурамэ, Лэскэн районым хыхьэ Урыху, Аргудан къуажэхэр псы къабзэкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным хуэгъэза лэжьыгъэхэр мы махуэхэм щрагъэкIуэкI.
КъБР-м Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, лэжьакIуэхэм зэхуагъэувыжа пIалъэмрэ къалэнхэмрэ темыкIыу и чэзум ягъэзащIэ, уеблэмэ Урыху къуажэм ахэр и кIэм щынэблэгъащ.
ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ, километри 3,6-рэ зи кIыхьагъ псы зэбгрытыкIыпIэщIэ жылэм щаухуащ икIи псори зэхэту километри 9-м нэблагъэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр абы къыщагъэсэбэпащ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм лэжьыгъэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэр зэщIакъуэж, ахэр зэтес ящI. ПэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, къуажэдэс 680-м щIигъур псы къабзэкIэ зэпымыууэ къызэгъэпэща хъунущ.
Аргудан къуажэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэжьа къудейуэ аращ. Бжьамийхэр щаукъуэдиину яубзыхуа щIыпIэхэр иджыпсту къагъэкъабзэ, зэрыдатIыкIыным хуагъэхьэзыр. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Чапаевым, Жанокъуэм, Щхьэгъэпсом, Iэрэмысэм я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэмрэ Красноармейскэмрэ. Бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ псори зэхэту километри 5,4-м.
Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIа нэужь, аргудандэсхэм ящыщу цIыху 1340-м нэблагъэм псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэн щIадзэнущ.
Щэбэт щIыхьэху
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ зэращищIам тету, щIыналъэм щыщыIэ санитар-экологие щытыкIэр егъэфIэкIэн мурадкIэ Дзэлыкъуэ районым щэбэт щIыхьэху щекIуэкIащ иджыблагъэ.
ЩIыналъэ администрацэм, IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ жардэмщIакIуэхэмрэ зэгъусэу уэрамхэр, жыг хадэ цIыкIухэр, унэ бжэIупэхэр, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзащ, ахэр къабзэу зэщIакъуащ. Псом хуэмыдэу гулъытэ хуащIащ Хэку зэуэшхуэм хэтахэм я фэеплъхэм.
Апхуэдэуи абыхэм зэщIагъэкъэбзащ къэрал, щIыналъэ автомобиль гъуэгубгъухэмрэ абыхэм къедза щIыпIэхэмрэ.
Къуажэдэсхэр щогуфIыкI
Лэскэн районым щыщ Лэскэн Езанэ, Лэскэн Ипщэ, Ташлы-Тала къуажэхэр зэпызыщIэ, Ташлы-Тала пхрыкI, километри 3 зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи абы хыхьэу асфальтыщIэ тралъхьащ, псы жапIэхэр хуащIащ, лъэс лъагъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, сабий садым, курыт еджапIэм, фельдшер-акушер пунктым, къуажэ администрацэм, пощтым я бжэIупэ IухьэпIэхэр зыхуей хуагъэзащ.
Абыхэм къадэкIуэу, гъуэгу дамыгъэхэр, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIащ, къэухьхэр щагъэуващ, япэм щымыIауи, а щIыпIэм иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ.
«Илъэс куэдкIэ дыпэплъащ мы гъуэгур зыхуей щыхуэзэным. Школым кIуэну сабийхэм я Iуэхур нэхъ тынши шынагъуэнши хъуащ иджы, кумблъэмбхэм машинэхэр къапекIуэкIын хуеижкъым. Къуажэм псэщIэ къыхыхьэжам хуэдэщ», - жаIэ жылэдэсхэм.