Уанэгум къихуу губгъуэм къина сэлэтыр

Ди къэралым и махуэгъэпсым къыхэгъэбелджылыкIа махуэщIхэм ящыщу дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм ягъэлъапIэ Сэлэт мыцIыхум и махуэр абы зэрыхагъэувэрэ апхуэдэуи куэд дыдэ щIакъым. Мамыр псэукIэм, Хэкур бийм щыхъумэным зи гъащIэр щIэзытахэм ящыщу зи цIэр ноби хэIущIыIу мыхъужа совет, урысей сэлэт мыцIыху минхэм яхэлъа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ ноби зэрыуахътыншэр, абыхэм я фэеплъхэм щIыхь хэха зэрыхуэфащэр зи мурад нэхъыщхьэ а махуэм къэрал мыхьэнэ зэригъуэтрэ мы гъэм илъэси 12 ирикъуу аращ.

Сэлэт мыцIыхум и махуэм къежьапIэ хуэхъуа Iуэхугъуэр хьэлэмэтщ. Германием и дзэ зэрыпхъуакIуэхэр Москва дамыгъэхьэу зэрызэтраукIэрэ илъэс 25-рэ щрикъу махуэм, 1966 гъэм и дыгъэгъазэм и 3-м, Зеленоград къалэм и дэлъэдапIэм деж щыIэ зауэлI къуэшыкхъэм щIэлъхэм ящыщ сэлэт мыцIыхум и хьэдэ къупщхьэхэр Москва Кремлым хэт Александровскэ паркым пщIэшхуэ хуащIу щыщIалъхьэжауэ щытащ. Къыхэдгъэщынщи, ди къэралым и дежкIэ а махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ, 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIауэ щыта Хэку зауэшхуэм къриубыдэу Совет Союзым хъыбарыншэу фIэкIуэда зауэлIхэм я бжыгъэм хуэдиз нэгъуэщI сыт хуэдэ къэралми иIакъым. ЩIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ зэрыжаIэмкIэ, абыхэм я бжыгъэр мелуанитIым щIегъу.

Ар бжыгъэ къудейкъым. Дэтхэнэ зы лIэныгъэми и щIыбагъ къыдэлът зыщыщ лъэпкъым, къызыхэкIа унагъуэм къащIэIуа гуауэшхуэ, а зауэлI мыцIыхур зи быным, зи адэм, зи щхьэгъусэм, къуэшым, дэлъхум къатепсыха насыпыншагъэ ин. Ар сыту хьэлъэт: хъыбарыншэу, уи цIэ-унэцIэри ямыщIэу зэуапIэм уикIуэдэныр…

КъытщIэхъуэ щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ егъуэтыным дапщэщи мыхьэнэшхуэ иIэщ, псом хуэмыдэу къэралыр щытыкIэ гугъум щитым деж. Апхуэдэщ дызэрыт лъэхъэнэр: ди щIалэхэр лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу, къикIуэт ямыщIэу хэтщ къэралым гъунэгъу щIыналъэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэхугъуэм. Нобэ Хэкум къихъуэ ныбжьыщIэхэр, пщэдей къэралым и тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу дызыщыгугъхэр, ди гуапэ зэрыхъущи, къотэдж щалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу, ди нэхъыжьыфIхэр я щапхъэу, лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIу зауэлIхэр я гъуазэу. Аращ нобэрей зэхуэсхэри зытещIыхьар: зи къэралым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэм, зи псэм щымысхьу зытахэм я фэеплъыр гъэлъэпIэнырщ, зи цIэ-унэцIэхэр ноби ямыщIэ сэлэт мыцIыхум и щIыхьыр Iэтынырщ, ар щIэблэм гъуазэ яхуэщIынырщ. Аращ а Iуэхугъуэм теухуа лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр ди республикэм и IуэхущIапIэ куэдым щIыщрагъэкIуэкIыр. Абыхэм къыщызэрагъэпэщ дерс зэIуха купщIафIэр, цIыху куэд зрихьэлIэ фэеплъ пэкIухэр.

Хэку зауэшхуэм и мафIае илъэсхэм кIэщIу щроплъэж ирагъэкIуэкI дерс зэIухам. Диктор цIэрыIуэ Левитан зауэ къызэрыхъеям теухуа хъыбар гуауэр цIыхубэм щаригъэщIа гъэмахуэ пщэдджыжьым щрагъажьэжри, 1945 гъэм и накъыгъэм и 9-м къэралпсо радиом къитауэ щыта гуфIэгъуэ мыухыж псалъэхэм я зэхуаку дэлъа Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэу апхуэдэт а тхыдэр. Сыт хуэдэ къэхъукъащIэми къыхэщырт совет зауэлIхэм яхэлъа лIыгъэр, хахуагъэр, щхьэмыгъэзагъэр. КIыщокъуэ Алим и усэ цIэрыIуэм зэрыщыжиIауэ, адыгэ щIалэ куэдым я шым уанэ тралъхьэри, Iухьащ зауэ IэнатIэ хьэлъэм, мащIэкъым «уанэгум къихуурэ губгъуэм къинахэри». ЩIылъэ-анэм апхуэдэ сэлэт мыцIыху дапщэ игъэпщкIуа, бий ерум и гъуэм ерыщу теувауэ, къэралым и къэкIуэну дахэм лъы хуагъэжауэ?..

Сэлэт мыцIыхур ар хэт? Ар къикIуэтрэ шынэрэ зымыщIэу, зи псэм щымысхьу щалъхуа щIыналъэр, Хэкур зыхъума зауэлIщ. Зитакъым абы, дзыхэу, бийм и щIыбагъ хуигъазэуи щIэпхъуэжакъым. Ди къэралым и щIыпIэ куэдым ущрохьэлIэ сэлэт мыцIыхум и кхъащхьэхэм: Индыл къыщыщIэдзауэ Карпаты бгылъэхэм нэс. Абыхэм ящхьэщыхьэхэм ящыщ куэдым къафIощI абдеж щIэлъыр хъыбарыншэу кIуэда я Iыхьлыуэ, благъэу, гъунэгъуу… Зи цIэр щIэблэм къахуэзымыгъэна а зауэлI хахуэр ящыщщ мамыр гъащIэр щIэблэхэм тхуэзыхъума ди къыщхьэщыжакIуэхэм, хъумакIуэхэм. Куэд, куэдыщэ мэхъу апхуэдэхэр. Я псэхэр тыншыжауэ къыщIрырекI къру хужьу уэгум хэкIуэдэжа а лIыхъужьхэм.

Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэщIыныр игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI цIыхухэм. ЗауэлIым игъэжа и лъы ткIуэпсми, шэч хэлъкъым, гулъытэшхуэ хуэщIыпхъэщ. Абы и псэр итащ, и щIыналъэр, и адэ-анэр, къыдалъхуахэр, быныр – ХЭКУР ихъумэу. Дэри ди къалэнщ а зауэлIхэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ дахуэпэжу, я фэеплъхэр сакъыу тхъумэу, нобэ къыддэпсэу ди хъумакIуэхэм, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэм пщIэ яхуэтщIу дыпсэуну, ахэр гъащIэм щапхъэ щытхуэхъуу.

Анэ, щхьэгъусэ куэд ноби топыхьэ сэлэт мыцIыхум и кхъащхьэм: «ЖаIэ мыр сэлэт мыцIыху и кхъащхьэщ, Си щхьэгъусэу, си къуэуэ къысфIощI…» - псалъэхэр къахудэмышейуэ, атIэми я гур къызэгуичу, зауэ губгъуэхэм зи псэхэр щызыта зауэлIхэм я фэеплъым хуэщыгъуэу.

Сэлэт мыцIыхум и фэеплъ махуэм къыпих нурым ирегъэхуабэ цIыхупсэхэр, ахэр зэкъуигъэувэу, сыт хуэдэ зауэми и бийуэ зэрыщытыр къагъэлъагъуэу, зауэ щIыхьымрэ лIыгъэ уахътыншэмрэ я нэщэнэу.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: