Зи хэку зыгъуэтыжа НартХамэщIым къыщыхъуа адыгэ цIыхум и гум Хэкур илъмэ, адэжь щIыналъэм и джэ макъыр зыхищIэмэ, ди тхыдэ гуузыр сыт щIыгъуи щIыгъумэ, анэдэлъхубзэр ихъумэмэ – ар лъым и къарущ. Апхуэдэ цIыхухэрщ лъэпкъыр щызыгъэIэри. Адыгэ нэсыр хэкум къекIуэлIэжарэ, щIэбли къыщIэхъуамэ, абы егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIын хуейщ, зы адыгэ унагъуэ дахэкIэ лъэпкъыр нэхъыбэ дыхъуащи! Адыгэгу-адыгэпсэхэм ящыщщ Сирием къиIэпхъукIыжауэ мы зэманым Нарткъалэ унагъуэу щыпсэу Шорэ Нарт. Езым зэрихьэ цIэми лъэпкъми хуэфэщэн гупсысэхэр иIэщ абы. 2013 гъэм Хэкум къэIэпхъуэжащ Нарт. ХамэщIым анэдэлъхубзэри, ди хабзэ дахэри щихъумащ. Абы и гугъу къытхуищIыжащ езыми, Нарт къытхуиIуэтэжам щыщ къыдохь хамэ щIыпIэм анэдэлъхубзэр зэрыщихъумэфам, уадыгэным къикIыр къызэрыгурыIуэм теухуауэ жиIэм фыщыдогъэгъуазэ. - СызэрыцIыкIурэ сропсалъэ адыгэбзэм. Ауэ бжьэдыгъу диалектырт сызэрыпсалъэу щытари, Къэбэрдейм къэзгъэзэжа нэужь, сыщыпсалъэкIэ, цIыхухэм щIагъуэу сакъыгурыIуэртэкъым. Ар згъэщIэгъуауэ щытащ. ЩIэзгъэщIэгъуари мырат: Сириеми Иорданиеми адыгэу щыIэхэр щхьэж и диалекткIэ мэпсалъэ икIи зыр адрейм тыншу къыгуроIуэ. Мыбдежым, къэпсэлъыкIэр зэщхьэщыкI хъуа нэужь, тыншу къагурыIуэртэкъым. Иджы ар къызыхэкIар щIыпIэ зыщыпсэу елъытакIэ Хэкум исхэр зэкIэщIэча зэрыхъуарщ. Бзэр пщIэмэ, диалектыр къэпщтэжыну гугъукъым, уи тхьэкIумэр есэн хуейуэ аращ. Сэ къэбэрдей къэпсэлъыкIэр зэзгъэщIэжащ, иджыри хызогъахъуэ. Си нанэр Сирием къыщыхъуащ, и гъащIэр абы щихьащ. Ауэ абы хьэрыпыбзэ ищIэртэкъым, мащIэу къыгурыIуэ мыхъумэ. Диным епха гуэрхэр, нэмэз щищIкIэ жиIэнухэр – ахэрат ищIэр зэрыхъур. Псалъэм папщIэ, уэрамым къыдэкIыу цIыхухэм ядэуэршэрыфынутэкъым. Адыгэбзэрт ищIэр. Сэ мис а адыгэбзэ фIэкIа зымыщIа си нанэм (си анэм и анэм) сипIащ. Анэдэлъхубзэр схъумэнымкIи ар къысхуэщхьэпащ. Къапщтэмэ, унагъуэми къыщытхуадэртэкъым инджылызыбзэри хьэрыпыбзэри. ПщIантIэм дыкъыдыхьэжа нэужь, нэгъуэщIыбзэхэр адэкIэ къыщыдгъанэрт. Пэжым ухуеймэ, Сирием, Иорданием си ныбжьым иту адыгэбзэр фIыуэ зыщIэ куэд ущрихьэлIэнукъым. Яхуэхъумакъым тэмэму. Ауэ уи гур фIы къещIыж, а щыIэ мащIэри гурэ псэкIэ зэрыадыгэм. Иорданием сыщыщыIэм щIалэ куэдым сахуэзащ бзэр зэрагъэщIэжу, хабзэм зыщагъэгъуазэу, абы тетмэ яфIэфIу. Абыхэм яхэтщ щIалэхэр, я адэ-анэхэм адыгэбзэ ямыщIэу, ауэ езыхэм я гур етауэ анэбзэр яджыжу. Апхуэдэхэм си гур ягъэфI. Хэкум икIыу диным, хьэрыпыбзэм хуеджэну е Хасэхэм къафэхэм щыхуагъэсэну Сирием е Иорданием кIуэхэм я фIыгъэкIэ анэдэлъхубзэр зэрагъэщIэжауэ аращ. Си жагъуэ мэхъу Хэкум ис, адэжь щIыналъэм игъащIэ лъандэрэ щыпсэу пэтми, Къэбэрдейм адыгэбзэкIэ мыпсалъэ куэд зэрыщыIэр. Уеблэмэ срохьэлIэ адыгэ Iуэхум хэт, адыгагъэ зехьэным пылъ куэд, я бынхэм урысыбзэкIэ епсалъэу. Апхуэдэхэм: «Щхьэ адыгэбзэкIэ фымыпсалъэрэ?», - яжызоIэ. Сэ сызэрапIам, сызэрагъэсам хуэдэ дыдэу согъасэ си бынхэр. Ди унагъуэм илъыр адыгэбзэщ. Бзэ лей щыIэкъым къапщтэмэ, сэ яхузогъэдахэ абыхэм нэгъуэщIыбзэхэр зэрагъэщIэнри. Дуней псом тепхъа адыгэхэр нэхъ зэпыщIауэ, зэгурыIуэфу щытынымкIэ, бзэ нэхъыбэ пщIэну егъэлеяуэ щхьэпэщ. Ауэ адыгэбзэ – анэбзэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Мыбыи гу лъыстащ. Адыгэбзэр идогъэдж, идогъащIэ жаIэурэ, моуэ и нэхъ гугъупIэмкIэ кърагъэзэкIыурэ, ар зэрыщытым нэхърэ нэхъ зэгъэщIэгъуейуэ, упэмылъэщыну къыпщызыгъэхъу Iуэхугъуэхэми урохьэлIэ. Адыгэбзэм и фIыпIэр, и дахагъэр, ар зэрымыгугъур – аращ бзэм дебгъэхьэхынум ебгъэлъагъун хуейр. «Мыр егъэлеяуэ гугъущ, мыбы упэлъэщынукъым, ауэ пщIэнукъым, еплъ», - гупсысэм сабийр Iуигъэщту си гугъэщ. Ди бзэр мэкIуэд, дымыхъумэмэ. Дызэгупсысыжу, ар тхъумэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм делIэлIэн хуейщ. Сауд Аравием сыкъыщалъхуащ. Абы си адэр щылажьэрт. Илъэс фIэкI сымыхъуу си адэр дунейм ехыжу, си анэм и дыщым къигъэзэжын хуей щыхъум, сэ нэхъыбэу сызыпIар си нанэрщ. Илъэс 13 сыщыхъум, си анэр етIуанэу унагъуэ щихьащ Иорданием (аращ Иорданием куэдрэ сыкIуэурэ сыкъыщIекIуэкIар). Илъэсищ дэкIри, къуэш цIыкIу къысхэхъуащ. Бжьэдыгъу псэлъэкIэкIэ псэлъэн щIэздзащ, си анэшыр – СтIащхэ – езыхэр бжьэдыгъу лъэпкъти. Хьэрыпыбзэ сщIэртэкъым, курыт еджапIэм сыщагъэкIуам. ПэщIэдзэ классым егъэджакIуэу сызыпэщIэхуари адыгэт. Абы си дейхэм къахуиIуэхурт, къелъэIурт: «КхъыIэ, фи щIалэ цIыкIур уэрамым тIэкIу дэвгъэт, хьэрыпыбзэр зэхихын, тIэкIу зэригъэщIэн щхьэкIэ», - жиIэу. Апхуэдэурэ сыкъыдэкIуэтейрт. Адыгэ Хасэм дашэрт, дыкъагъафэрт, уэрэд дагъащIэрт, хабзэм щыщ къыджаIэрт. Ауэрэ Адыгэ Хасэр ди унэ етIуанэ хуэдэу хъуащ. Абдежым лъэпкъым пэгъунэгъу дыщыхъурт. ЗэрыжысIауэ, Иорданиеми куэдрэ сыкIуэурэ сыщыIэт. Дэнэ сымыкIуэми, япэу къэслъыхъуэр Адыгэ Хасэм и хэщIапIэрт, арат сызэкIуалIэр. Хасэм адыгэр зэрыIыгъ ищIырти, зы къэралым уикIыу нэгъуэщIым укIуауэ зыхэпщIэртэкъым. Дыщыпсэу щIыпIэм щыIэ адыгэ мащIэр дызэрыIыгъыурэ дыкъэхъуащ. СыщыцIыкIум сщIыгъуахэр иджыри си ныбжьэгъущ, дызэрощIэ. А зэманхэм куэдрэ къытхуихуэрт хьэрыпхэм «фыкIуэж, фытщыщкъым», къыщыджаIэ. АпщIондэхункIи дызэщыхьэрт, апщIондэхункIи адыгэ мащIэу абдежым щыIэр нэхъри дызэрыубыдырт. Хэкум никIыу нэкIуаIамэ, ар ягъэлъапIэу, кIэлъыгъуазэу е абыкIэ щыпсэу адыгэхэм ящыщ Хэкум къэкIуэжамэ, абы и хъыбарыр куэдрэ жаIэу зэрыщытари сигу къокIыж си сабиигъуэм щыщу. ЖыпIэнурамэ, Хэкур си гум илъу сыкъэхъуащ сэ. Сирием щыщу сэ зыри къыскIэрыпщIэртэкъым, абы сызэрыщымыщыр хьэкъыу спхыкIати. Хэку сызэриIэри лъэпкъ сыкъызэрыхэкIари къызгурыIуэрт, лъыкIэ зыхэсщIэрт икIи ар къару схуэхъурт. Апхуэдэ гупсысэ сызэриIэри сэбэп къысхуэхъуащ Хэкум сыкъекIуэлIэжынымкIэ. Адыгэр лъэпкъ дахэщ, и Хэку, и бзэ, и хабзэ иIэжу. Дызыщыщыну лъэпкъыр къыхэтхакъым, ар Тхьэм къытхуигъэфэщащ. СэркIэ лъапIэщ сызэрыадыгэр.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




