Жьы мыхъу зыри щыIэкъым, ауэ цIыхур къэтщтэнщи, нэхъ псынщIэу жьы хъунуми, щIалафэ къытеуэу нэхъыбэрэ щытынуми зэлъытар абы и дуней тетыкIэрщ, и хьэл-щэнырщ. ЦIыхур нэхъыбэрэ псэун, щIэх жьы мыхъуу дунейм тетын щхьэкIэ, еджагъэшхуэхэм IэмалыщIэхэр къалъыхъуэ, ауэ дэри зыкъом тлъэкIынущ абы и лъэныкъуэкIэ. Абыхэм ящыщщ цIыхум мэ гуакIуэ къыщIихьэныр. Мэ гуакIуэхэм яхэтщ цIыхум и Iэпкълъэпкъыр къэзыгъэщIэрэщIэж, и гукъыдэжыр къэзыIэт, и бампIэр, зэгуэпыр щхьэщызых, дэрэжэгъуэ къезыт. Абыхэм я закъуэкъым. Мэ гуакIуэр узыфэ куэдми я хущхъуэщ.
ЦIыхум куэд щIауэ яфIэфI дыдэу ираф шейр, кофер, какаор. Ауэ абыхэм я закъуэкъым мэ гуакIуэ зиIэр. Къэтщтэнщ сэрымэр (мятэ). Абы мэ гурыхь иIэ къудейм къыщынэркъым, атIэ и дагъэм ментол жыхуаIэм хуэдэ процент 70-м нэс хэлъщ. Апхуэдэу абы и куэдщ каронтин, эфир дагъэ, флаваноидхэр, кислота зэмылIэужьыгъуэхэр. Мыр шейм хэлъу уефэну гурыхьщ, уз куэдым сэбэп хуохъу. Лъыр дригъэуейркъым, гу узыр, дзэ узыр псынщIэу пщхьэщех, къару къыпхелъхьэж, Iэпкълъэпкъ зэрытыпIэхэм сэбэп яхуохъу, уи губжьыр, зэгуэпыр пщхьэщех. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу сэрымэм зы телъыджэ хэлъщ. Фэмызэгъын фшхауэ фи къэжьын къакIуэ хъуамэ, зынщIэу фымыгужьей, сэрымэ тхьэмпэ зыщыплI хэлъу шей стэкан фефэ, сыхьэт ныкъуэ дэкIмэ, иджыри зэ абы къытевгъэзэж.
Мэ нэхъ дахэ зиIэхэм ящыщщ адыгэхэм куэд щIауэ шхын хэлъхьэу къагъэсэбэп джэдгыныр. Ауэ куэдым ящIэу пIэрэ ар узыфэ зыбжанэм зэрихущхъуэр. Зи тэмакъым, тхьэмбылым щIыIэ хыхьахэм, псчэм иубыдахэм я дежкIэ ар сэбэпышхуэщ. Джэдгын тхьэмпэу шей бжэмышх цIыкIуищым псы къэкъуалъэу стэканитI щIыбокIэри, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ щыбогъэт, ар бозыжри, махуэм плIэ стэкан ныкъуэ-ныкъуэурэ уофэ. Мыр апхуэдэу я хущхъуэщ зи лъатэр, кIэтIийхэр узхэм, шхыным зигу хуэмыкIуэхэм, астмэ зиIэхэм.
Мы къэкIыгъэ хьэлэмэтым пщIэшхуэ хуищIу щытащ си анэшхуэм. «Зы къэкIыгъи щыIэкъым хущхъуэгъуэ гуэр хэмылъу, дэ абыхэм теухуауэ тщIэр мащIэ дыдэщ. Ауэ сэ сцIыху къэкIыгъэхэм ящыщым мыр зыпэсщI яхэткъым, ар уи хадэм итмэ, и мэ гуакIуэм уи псэр етхьэкъу, гукъыдэжышхуэ къует», - жиIэрт абы.
Мэ дахэ къызыпих удз гъэгъахэми нэгъуэщI къэкIыгъэхэми апхуэдэу щхьэхуэ-щхьэхуэу уатепсэлъыхьыфынущ. Ауэ нэхъыщхьэу пщIэн хуейр мыращ. Узыфэ къэс езэгъ мэ гуакIуэхэр щхьэхуэу щыIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, зи щхьэ узрилэм сэбэп хуэхъунущ пкъынэм, лимоным, шынэ-шынэм, сэрымэм, розэм, нэгъуэщIхэри. Тыншу мыбэуэфхэм я дежкIэ фIыщ уэздыгъейм, лимоным, апельсиным, мандэриным, сэтэнейм я мэхэр.
Бжьыхьэмрэ щIымахуэмрэ цIыху куэд гугъу ирегъэхь пыхусыхум. Абы нэхъыбэу узэрыпэлъэщынур лимоным, сэрымэм, апельсиным, псей, хьэцыбанэ хуэдэхэм я мэхэрщ. Ахэр псы пщтырым хэдзауэ, шейм хуэдэу уефэмэ, мэ гуакIуэм уи узыр нэхъ тынш ещI. Шхын зигу иримыхьыжхэм я дежкIэ сэбэпщ лимоныр, дадийр, шынэ-шынэр, бэдрэжаныр, нэгъуэщIхэри.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэкIыгъэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ я мэ гуакIуэр псоми зэхуэдэу сэбэп яхуэхъуркъым. Къапщтэмэ, лимоныр, апельсиныр, мандариныр зэран яхуэхъункIи хъунущ аллергие зиIэхэм. Гу узым емызэгъ мэхэри щыIэщ. Аращи, щхьэж и узыфэм елъытауэщ зрахьэлIэ щыхъунур.