Адыгэ лIыхъужь эпосымрэ псысэмрэ

Лъэпкъ Iуэху

«Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъиплIу зэхэт къыдэкIыгъуэм  гулъытэшхуэ щигъуэтащ жылагъуэм. А лIыхъужь эпосым (нарт эпосым) къыщыхьауэ псысэ теплъэ зиIэ IуэрыIуатэм нарт хъыбархэм хуиIэ щытыкIэм, ахэр къыщыхахым тхылъыр къыдэзыгъэкIахэр зэрыгъуэза гупсысэхэм, а жанр лIэужьыгъуитIыр зэрызэхущыт щIыкIэр наIуэ къэщIыным теухуащ РАН-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIэныгъэ центрым и нэIэм щIэту лажьэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Быхъурэ Мухьэмэд и тхыгъэр. Къыхэдгъэщынщи, мыпхуэдэ темэхэр джыным, ахэр утыку къихьэным мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэныгъэлIхэм я мызакъуэу, IуэрыIуатэр фIыуэ зылъагъу, абы дихьэх дэтхэнэ зым и дежкIи. Iуэхум сэбэпынагъыу хэлъым теухуащ  лъэпкъ щIэныгъэлIым къиIуатэ и гупсысэхэр.

«Дызытепсэлъыхь «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъиплIым хыхьащ лIыхъужь эпоскIэ узэджэ хъуну пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ къадэкIуэу, псысэ зыбжани. Ахэр тхылъым кIуэн хуейуэ къыщытлъытэм, дэ тегъэщIапIэ тщIар Гъут Iэдэм зэгуэр къыхилъхьауэ щыта гупсысэрщ – нарт эпосым и «къарур» жанр псэлъафэм кърагъэкIым нэхърэ зэрынэхъ лъэщыр, абы къыхэкIыуи жанр зэмылIэужьыгъуэ куэд зыщIэзыша IуэрыIуатэ къэхъугъэу зэрыщытыр къызыхэщырщ.

Апхуэдэу эпосым зыщIиша псысэхэр езыхэри лIэужьыгъуэкIэ зэтехуэркъым. Псом нэхърэ нэхъыбэу мыбы дыщыхуозэ лIыхъужь псысэ- хэм, ауэ новеллэ псысэкIэ дызэджэхэм щыщи, уеблэмэ псэущхьэхэм ятеухуа псысэхэм хуэпхь хъуни дыщрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, япэ тхылъым хыхьа «Сосрыкъуэрэ и гъусэхэмрэ бгъэм ихьа хъыджэбзыр къызэрахьыжар» хъыбарри «Нарт Щэбатыныкъуэ къызэришари» телъыджей псысэм нэхъ пэгъунэгъущ. «Батэрэз, Сосрыкъуэ, Алыджыкъуэ, Уэзрэдж, Хъытыдж сымэ я хъыбарри», Бэдынокъуэрэ Сосрыкъуэрэ бажафэр зэрызэпаубыдам тепсэлъыхьри, жьы хъуар укIыжыныр нартхэм зэрызыханам теухуари новеллэ псысэхэщ. «Нарт Къымыщ и къуэ Къымыщ и хъыбарри», «Нарт Хъыжьэ и хъыбарыжьри», Чэчанокъуэ Чэчанэ теухуари я плъыфэкIэ лIыхъужь псысэхэщ. Мыпхуэдэ щапхъэхэр зыбжанэ мэхъу, икIи жыпIэ хъунущ мыхэр зыхэдмылъагъуэ цикл адыгэ лIыхъужь эпосым зэрыхэмытыр. Щауей теухуа хъыбархэр, абыхэм нартхэм я дунейр къыщыгъэлъэгъуауэ зэрыщытымрэ цикл щхьэхуэу зэрызэтеувамрэ къыумылъытэмэ, псори лIыхъужь псысэм и жыпхъэм къотIасэ. Апхуэдэ дыдэщ Пагуэ и къуэ Тэтэрщауэ и циклым къызэщIикъуэ хъыбар куэдри.

Псом хуэмыдэжу псысэ нэщэнэхэр зыбгъэдэлъ IуэрыIуатэхэкI нэхъыбэ хыхьащ еплIанэ тхылъым. Аращи, апхуэдэм деж щIэджыкIакIуэм и пащхьэ къиувэнкIэ хъунщ упщIэ: «Сыт зэхуаIуэху лIыхъужь эпосымрэ псысэмрэ? А эпосым теухуа тхылъым псысэ кIуэн хуей щхьэ хъуа?» Дауи, ар къыхэкIакъым ди эпосыр сюжетхэмкIэ, мотивхэмкIэ къулейсызу щытыным, абы ипкъ иткIи зыхущыщIэ сюжетхэр псысэм къыхэтхыу нарт эпосыр абыкIэ дгъэбэтэным, атIэ мы жанр лIэужьыгъуитIым зэпыщIэныгъэ куу зэхуаIэу къызэрызэдэгъуэгурыкIуар, пкъыгъуэ куэди зэIэпахыу зэрызаузэщIар арщ.

Пэжщ, лъэпкъ куэдым я IуэрыIуатэм деж псысэмрэ лIыхъужь эпосымрэ зэрызэхущытыр щызэпкърыха къэхутэныгъэ купщIафIэ куэд дунейм къытехьауэ щыIэщ, дауи, ахэр дэри тегъэщIапIэ тщIащ. Ауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, еджагъэшхуэхэр я къэхутэныгъэхэм ипкъ иткIэ зыхуэкIуа гупсысэ псоми ди эпосыр къыщимызагъэ къохъур. Псалъэм папщIэ, В.М. Жирмунскэм Алъпамыщ теухуа эпос цIэрыIуэм и къуэпсхэр, къызэрыунэхуа щIыкIэр зэгуэр къихутауэ щытащ. ИригъэкIуэкIа лэжьыгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, япэщIыкIэ мы персонажым теухуа лIыхъужь псысэхэр къежьэри, итIанэ езы эпосыр абыхэм къапкърыкIыжащ. Пэжыр жытIэнщи, абы арэзы темыхъуэхэри щыIэщ. Нарт эпосым и къежьапIэр щыдгъэбелджылыкIэ, дэри абы дытет хъуну къыщIэкIынт, лъэхъэнэкIэ мы эпос лIэужьыгъуитIыр къыщежьахэр зыуэ щытамэ. Ауэ ди зэманхэм къэса текстхэм ятепщIыхьмэ, ди лъэпкъ лIыхъужь эпосым и къуэпсхэр мифологием зэрекIуалIэм шэч хэлъкъым, абы и щыхьэту жыпIэ хъунущ япэ томым ублапIэ лъэхъэнэу къыхэдгъэкIа циклхэр – Амыщ, Тхьэгъэлэдж, Лъэпщ сымэ ятеухуахэр. Апхуэдэу пасэрей лIыхъужь псысэми и къежьапIэри мифологиер арауэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэр къэплъытэмэ, мы тIуми я къуэпсхэр зыуэ къожьэ, адэкIэ зэпэщхьэхуэу, сюжетхэмкIэ, мотивхэмкIэ, образ нэщэнэхэмкIэ зэхъуажэхэурэ къызэдогъуэгурыкIуэ. Аращ нарт эпосымрэ лIыхъужь псысэмрэ пкъыгъуэ куэд зэщхьу щIадэтлъагъури. Мы къыжытIахэм урагъэгупсысынкIэ хъунущ, нарт эпосым и нэхъыбапIэр псысэу зэхэту. Ауэ ар апхуэдэкъым. Зэрыщытращи, нарт эпосым къикIуа зэман жыжьэм къриубыдэу хузэфIэкIащ езым ейуэ мотив, сюжет, образ къэгъэщIыкIэ зэтригъэувэфыну. Мис абыхэм мы псысэ жыхуэтIэхэр къигъэтIэсауэ щытщ.

НэгъуэщI зы Iуэхугъуэми гу лъытапхъэщ. Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа еджагъэшхуэ В.Я. Пропп гу лъитауэ щытащ урыс былинэхэм зыщызыужьа сюжет куэд прозэуи къызэраIуатэм, абы къыхэкIкIи щIэныгъэлIым апхуэдэхэр псысэ жанрым хигъэхьэрт, лIыхъужь эпосым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэу езым къихутахэр – усэ теплъэ иIэрэ макъамэ щIэту зэрыжаIэр – абыхэм ябгъэдэлъыжтэкъыми. ИужькIи а гупсысэр щIэныгъэлI куэдым къызэдащтащ. Пэжщ, усэ теплъэ иIэрэ макъамэ щIэту зекIуэ эпосхэм ар хуэкIуэми, нарт эпосыр пшыналъэрэ хъыбару зэщIэлъщ. Хъыбару хъуар къыгуэтхрэ пшыналъэ къудейхэр къанэмэ, эпосыр ныкъуэрэ къуагуэ зэрыхъунур хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ. ЩIэныгъэлIым зи гугъу ищI зэхъуэкIыныгъэм ижь нарт хъыбар зыкъомым къащIихуащ, ауэ абы псори къызэщIиубыдэркъым. ЩIэныгъэлI яхэтщ, щIэныгъэлIым и гупсысэхэм арэзы техъуэурэ, нарт пшыналъэм и зекIуэкIэ хабзэр фIэкIуэду хъыбархэр къэунэхуауэ жызыIи.

Мы Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ Гъут I. М. зыхуэкIуа гупсысэм тепщIыхьмэ, пшыналъэмрэ хъыбарымрэ зыр зым и къежьапIэу пхужыIэнукъым, атIэ пшыналъэр, ди лъэхъэнэм къызэрыса дыдэм хуэдэу щымытами, къызэрыгуэкIыу къэIуэтэжам къыщхьэщыкIыу, нэхъ хэIэтыкIауэ, зэгъэкIуауэ жаIэу щытагъэнущ, прозэращи, ари а зэрыщыт дыдэм хуэдэу къэунэхуагъэнущ. ЩIэныгъэлIым къызэрихутащи, IуэрыIуатэхэкIыр пшыналъэу зэфIэувэныр Iуэхугъуищым елъытащ: лIыхъужьыгъэ къыхэщу, персонажхэм я зэхуаку зэныкъуэкъу къыдэхъуэу, ар лIыхъужь нэхъыщхьэм и текIуэныгъэкIэ иухыу щытын хуейщ. Псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ зэраукIам лIыхъужьыгъи къыхощ, нартхэмрэ Сосрыкъуэрэ зоныкъуэкъу, ауэ лIыхъужь нэхъыщхьэр зэрыхэкIуадэм къыхэкIыу, мыр прозэу къонэ. Мы лIыхъужьыр дунейм къызэрытехьэр къэзыIуатэ сюжетым и кIэр фIыкIэ еух, ауэ лIыхъужьыгъи зэныкъуэкъуи хэткъыми, мыри прозэщ. Аращи, мыпхуэдэ щIыкIэкIэ прозэр зи щIэдзапIэ хъуа хъыбар гуп нарт эпосым щIэныгъэлIым къыхегъэкI. Ахэр нэхъыбэу теухуащ лIыхъужь нэхъыщхьэм и гъащIэ Iыхьэхэм – къызэралъхуам, и сабиигъуэм, и къэшэным зэрылъыхъуам, зэрыхэкIуэдам. Мыбыхэм ягуоувэ Тхьэгъэлэдж, Амыщ сымэ къащIэна ху жылэм, мэлылым и хъумакIуэ фызыжь цIыкIум деж лIыхъужьыр хьэщIапIэ зэрыкIуар, иныжь къупщхьэм зэрыхуэзар къэзыIуэтэж сюжетхэри. Гу зылъытапхъэращи, прозэу къызэрыгъуэгурыкIуэмрэ мотив щхьэхуэхэмкIэ зэрызэщхьымкIэ фIэкIа, мыбыхэм лIыхъужь псысэхэм Iуэху хуаIэкъым.

Iэдэм къыхигъэбелджылыкIа нэщэнэхэм я «фIыщIэкIэ» пшыналъэу зэтеува IуэрыIуатэхэкIхэм ящыщщ «Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьар», Сосрыкъуэрэ Албэч и къуэ Тотырэшрэ зэрызэзэуар, Батрэзрэ Ашэмэзрэ я адэхэм ялъ зэращIэжар, Бэдынокъуэ хасэм зэрыкIуар къызыхэщхэр. Мыхэр зытеухуа дыдэхэр прозэуи къэIуэтауэ щыIэщ. Мис мыхэр хуэпхь хъунущ В.Я. Пропп сымэ зи гугъу ящIа прозэ къэунэхукIэм. Мыхэращ пшыналъэ нэщэнэхэр «зыIэпыхуу» прозэ къэIуэтэкIэ зыгъуэтар, икIэм-икIэжми жанрыр псысэм хуэзышэ «лъагъуэм» теувар.

Мыпхуэдэхэращ С. Ю. Неклюдовым «эпическэ лIыхъужьхэм ятеухуа псысэ» лIэужьыгъуэм къызэщIригъэубыдэри. Мы къэхъугъэращ нарт эпосым и зыужьыныгъэр зэрыужьыхыр зыхэтлъагъуэри. Ар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ зи нэхъыбапIэкIэ эпическэ лIыхъужьхэм ятеухуа псысэм и щытыкIэхэм къитIасэ Щауей и хъыбархэр къэунэхуным. АдэкIэ къэхъуращи, Гъут Iэдэм и гупсысэхэм тету жыпIэмэ, нарт эпосым къотэджыкI лIыхъужь псысэ кIасэкIэ узэджэнури, тхыдэр зи лъабжьэ лIыхъужь эпосри, КъуийцIыкIу ехьэлIа новеллэ псысэхэри. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, КъуийцIыкIу Сосрыкъуэ зыпищIыж щIыкIэщ, ауэ гушыIэ, ауан хэлъу. Ар Сосрыкъуэ хуэдэу иныжьым бзаджагъэрэ IэмалкIэ полъэщ, ауэ и Iэмалхэр самыкъоу зыщIэлъщ.

Мис апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр яку дэлъщ нарт эпосымрэ псысэмрэ. Аращи, жыпIэ хъунущ нарт хъыбархэм зыгуэркIэ емыпхауэ зы IуэрыIуатэхэкI лIэужьыгъуи мы тхылъхэм зэрыхэдмыгъэхьар».

Зыгъэхьэзырар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
Поделиться:

Читать также: