ТыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрагъэпэщ

2025 гъэм къриубыдэу республикэм и къуажэрэ къалэу 6-м социальнэ мыхьэнэ зиIэ я IуэхущIапIэхэм ухуэзышэ гъуэгухэр къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ. Абы щынэхъыщхьар сабий садхэм, школхэм, спорт еджапIэхэм, сымаджэщхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми кIуэхэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщынырт.

 Псалъэм къыдэкIуэу, Шэджэм къалэм щаухуа курыт еджапIэщIэмрэ спорт утыкумрэ ухуэзышэ Къэбэрдей уэрамыр къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзащ. Нартан жылэм километри 5,6-м щIигъу зи кIыхьагъ, ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамыр къагъэщIэрэщIэжащ. Прималкинскэ къуажэм  уэрамиплI - Малкинскэ, Светлый, Вишневый, Школьнэ – жыхуиIэхэр зэIузэпэщ щащIащ.

Тэрч къалэм километр 1,5-рэ зи кIыхьагъ Къэбэрдей уэрамыр къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ. Мыбы махуэ къэс цIыху куэд щызэблокI, курыт еджапIэмрэ сабий садымрэ кIуэхэри яхэту.

Зэрэгъыж къуажэми Къардэнымрэ УнэлIокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр, тIуми зэхэту километри 2,3-рэ я кIыхьагъыу, зыхуей хуагъэзащ. Мыбыхэм тетщ курыт еджапIэ, спорт утыку, мэжджыт, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри.

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм Iуащхьэмахуэ, Надречнэ (курыт еджапIэ №4-м хуэкIуэр), Сэбанымрэ Мэзанымрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэм лъэс лъагъуэщIэхэр щаухуащ, иджырей светодиод уэздыгъэхэр щыпадзащ.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI Бахъсэн къалэм и Парковая уэрамым икIи етIанэгъэ абыхэм щыпащэнущ КъБР-м и адрей къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я гъуэгухэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.  

 

Лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр

2019 - 2025 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэмыжрэ автомобиль зекIуапIэхэм щхьэщыкI гъуэгуу 36-рэ щыIэ мардэм кърагъэтIэсащ.

Дызэрыт илъэс закъуэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр ухуэныгъэ 14-м, псоми зэхэту метр 681-рэ я кIыхьагъыу, щрагъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщу метр 393-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ, метр 288-р къагъэщIэрэщIэжащ. Лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу псоми щызэфIагъэкIащ нобэкIэ.

Мы гъэм IэнатIэ нэхъыщхьэу щытар Шэджэм ЕтIуанэ, Булунгу къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгур зэгъэпэщыжынырт. Мыбдежым лъэмыжу 9 къыщагъэщIэрэщIэжащ, псоми зэхэту метр 214-рэ я кIыхьагъыу. Абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм хуэдэ я инагъкIэ КъБР-м и гъуэгуухуэ IэнатIэм ипэм щыIакъым.

Май къалэмрэ Урожайнэ къуажэмрэ я автомобиль гъуэгум хуэзэу, метри 162-рэ и кIыхьагъыу Тэрч псым телъ лъэмыжыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ мы гъэм. А гъуэгур  Осетие Ищхъэрэ - Аланием и гъунапкъэм нэсыху макIуэ. Мыбдежым лэжьыгъэхэр  мазибгъум нэблагъэкIэ щрагъэкIуэкIащ икIи, зэрыжаIэу, лъэмыжыщIэ щаухуащ: ар къыщIэзыIыгъэ гъущI пкъо 54-м я лъабжьэхэр, езым и бгъуэхэр ягъэбыдащ, псыр зэрагъэжабзэ системэ, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа иджырей Iэмалхэр щагъэуващ.

Налшыкрэ Май къалэмрэ зэпызыщIэ, къэрал мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгум хуэзэу телъ лъэмыжитIрэ абы щхьэпрыдза гъуэгуитIрэ зыхуей хуагъэзащ.

Апхуэдэуи, Лэскэн Езанэ, Лэскэн Ищхъэрэ, Ташлы-Тала-Хазнидон жылэхэр зэпызыщIэ автомобль гъуэгур зэпызыупщI псы кIэнауэм телъ лъэмыжри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.

Транспорт зэпыщIэныгъэхэр къэмыувыIэнымкIэ, щIыналъэм и экономикэм зиужьынымкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм хохьэ щыIэ лъэмыжхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ. Республикэм и гъуэгу IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ щытщ ар, жаIащ гъуэгу лэжьакIуэхэм.

 ЩЭУЕЙ Мысост.
  
 

 

Поделиться:

Читать также: