Къахэхъуэр нэхъыбэ мэхъуЦIыхухэм ипэжыпIэкIэ къахэхъуэ ахъшэр нэхъыбэ зэрыхъумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэситI хъуауэ япэ увыпIэр Кавказ Ищхъэрэм щиIыгъщ. Росстатым къызэритамкIэ, 2025 гъэм и ещанэ мазищым а бжыгъэм проценти 9,7-кIэ ди республикэм щыхэхъуащ икIи ди къэралымрэ (проценти 6,3-рэ) КИФЩI-мрэ (проценти 5,5-рэ) ику иту щыщыIэ бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ. КъищынэмыщIауэ, иужьрей илъэситхум, 2021 гъэм щегъэжьауэ, КъБР-м апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зэкIэлъыпыту къигъэлъагъуэ зэпытщ. Абы нэмыщI, щIыналъэхэм я цIыхухэм ику иту улахуэу къахьым и куэдагъымкIэ ди республикэр пэрытхэм яхэтщ. Дызэрыт илъэсым и ещанэ мазищым ар сом мин 54,4-рэ хъуащ. 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ хуэдитIым щIигъукIэ абы хэхъуащ икIи ди республикэм и цIыхухэм я псэукIэр зэрефIакIуэ зэпытым ар и щыхьэтщ, жаIащ экспертхэм, икIи, республикэм щрагъэкIуэкI социально-экономикэ политикэм и фIыгъэ хэлъщ абы. ЖыпIэнурамэ, зыхуагъэувыжа пIалъэм тету, иужьрей илъэситхум бюджет IэнатIэхэм щылажьэхэм я улахуэхэм гъэ къэс хухагъэхъуащ. Абы къыдэкIуэу, социальнэ ахъшэу республикэм щатым хэхъуэр къыдрещIей. ХуэмыщIауэ псэухэм я бжыгъэр ди щIыналъэм нэхъ мащIэ щыхъуащ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ апхуэдэхэр процент 25-рэ хъууэ щытамэ, 2024 гъэм и кIэм процент 11,7-м нэсыху ар ехащ. ЩЭУЕЙ Башир.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




