ИлъэсыщIэ тыгъэ хурагъашэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ, ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу, республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм Херсон областым щыщ сабийхэм папщIэ псапэхуэщIэ лэжьыгъэ къызэригъэпэщащ. 

    Скадовскэ, Голопристанскэ муниципальнэ районхэм щыщ сабийхэм  хуагъэхьэзыращ илъэсыщIэ тыгъэу 5700-рэ. Къинэ­мы­щIауэ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм зэхуихьэса ахъшэмкIэ къащэхуащ сабий куэд зэрыс унагъуэхэмрэ нэхъ хуэмыщIауэ псэухэмрэ папщIэ унэлъащIэ.
  Сабийхэм зыщIагъэкъуащ щIыналъэм щыщ хьэрычэтыщIэхэми, ахэр илъэсыщIэ тыгъэм хэуващ псы птулъкIэ мини 4-кIэ. 

Поделиться:

Читать также: