ЕтIуанэ увыпIэм дыщытщУрысей Федерацэм и щIыналъэхэм я экологие щытыкIэхэм теухуауэ мазищ къэс зэхагъэувэ «ЩIыналъэхэм я лъэпкъ рейтинг» жыхуиIэм ди республикэр увыпIитIкIэ щыдэкIуеящ мы бжьыхьэм: еплIанэм икIри, етIуанэр иубыдащ. Къэпщытэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI унэтIыныгъэхэм я нэхъыбэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ абы.
Псалъэм папщIэ, япэм щыгъуэ къэпщытакIуэхэм къалъытэу щытар щIыналъэхэм ятеухуауэ Росгидрометым зэбгригъэхыу щыта хъыбархэрщ. Иджы абы хагъэхьащ щIыпIэхэм я псыежэххэмрэ хьэуамрэ я къабзагъыр зыхуэдэм теухуа къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр.
Апхуэдэуи рейтингым къыщалъытащ «Экологие ефIэкIуэныгъэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм къагъэлъэгъуахэри. Ахэр псори зэхалъхьэжа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым балл 87-рэ рейтингым щыхуагъэуващ.
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэу
Бахъсэн къалэм къыщапщытэжащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм мы гъэм хагъэхьэжа «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я тыншыпIэр къызэгъэпэщын» къэрал пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэзэщIам къарикIуахэр.
КъызэрабжамкIэ, 2018 гъэм щегъэжьауэ а лэжьыгъэхэм къызэщIрагъэубыдащ икIи зыхуей хуагъэзащ Бахъсэн къалэм фэтэр куэду зэхэт и унэхэм я пщIантIэ-бжэIупэу 41-рэ. ЛэжьакIуэхэм абыхэм асфальтхэр щытралъхьащ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр щагъэуващ, уэздыгъэхэр щыпадзащ, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри зэфIагъэкIащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIи, пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, къалэдэсу мин 15-м я псэукIэр ирагъэфIэкIуащ, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




